ГъукIэ Зэмудин: Нэхъыщхьэр ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнар ди щIэблэм хуэдгъэлэжьэныращ

Ди япэ итахэм къащIэна щIэнхабзэр къыщIэгъэщыжынмрэ, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ар яхуэхъумэнымрэ илъэс бжыгъэ хъуауэ яужь итщ ГъукIэ Зэмудин. Адыгэ IуэрыIуатэ уэрэджыIэ гупыу «Жьыур» къызэригъэпэщри гъуэгу дахэ тришащ нэрыбгэ бжыгъэ, нобэр къыздэсым сабийхэм ядолажьэ. Куэд щIакъым абы къыдигъэкIащ шыкIэпшынэ еуэкIэм хуезыгъасэ тхылъ гъэщIэгъуэн.


ГъукIэ Зэмудин: Нобэ дэркIэ нэхъ нэхъыщхьэ щыIэкъым ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм къытхуагъэна мылъкур ди щIэблэм хуэдгъэлэжьэныр. Сыт хуэдэ лъэныкъуэмкIи зумыгъазэми ди нэхъыжьхэм дэ куэд къытхуагъэнащ. Дэ, нобэ дунейм дытет адыгэхэм дыщIэфар мащIэщ. Зы Нарт пшыналъи зэхэдмылъхьа, зы адыгэши дунейм къытедмыгъэхьа, зы сэшхуи тхуэмыщIа. ДэнэкIэ умыплъэми адыгэр зыгъэадыгэр ди адэжьхэращ. Ауэ абы къытхуагъэна мылъкур дэ дгъэлэжьэфмэ аращ тхузэфIэкIынур. Сэ си щхьэкIэ мы тхылъыращ лъэгапIэшхуэу сиIэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ сабийр цIыкIуу ебгъэджэн, бгъэсэн хуейщ. Ар зэрыбгъэсэн Iэмалхэри пщIэн хуейщ.

Сэ тхылъ сытхар нэхъыбэу зэпхар пэсэрей шыкIэпшынэ бзитIыращ, пэсэрей бзэ пситIыр зэпхар адыгэ уэрэдыжьыращ. ИгъащIэми адыгэхэм я хьэщIэщым шыкIэпшынэр ягъэбзэрабзэурэ уэрэдыжьыр игъусэурэ дунейм тетахэщ. Аращи сэ мы шыкIэпшынэм нэхъыбэу сызэрыщыгугъыр адыгэ уэрэдыжьыр дунейм къытришэжыныращ. Нобэ ар дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуну солъытэ. Илъ эс I5 хуэдизкIэ цIыхухэм садэлажьэурэ шыкIэпшынауэхэри диIэ хъуащ, уэрэдыжьхэр жызыIэ щIалэгъуалэри диIэ хъуащ. Зи гугъу сщIыр «Жьыу» гупыращ.

Япэм «Жьыур» нэхъ утыку итащ. Абы хэтахэр иджы нэхъыбэу хэт Тыркум кIуэжа, хэт къуажэм кIуэжа. ЗыжьыпIэ зекIуэ дежьэн хуей хъумэ дызэхуосыжри дожьэ. Ауэ иджыпсту зи зэманыр жьыу шырхэращ, сабийхэр къыдокIуэтейр. Зэзэмызэ ныбжь зиIэхэмрэ а цIыкIухэмрэ уэтыку дыкъохьэ. «Сосрыкъуэ и уэрэдыр» Гъуагъуэ Дамир къыхедзэри дэ нэхъыжьхэр дыдожьур.

Хуитыныгъэ радио: Зэмудин, щIэблэр адыгэ щIэнхабзэм нэхъыбэу даурэ хэша хъуну?

ГъукIэ Зэмудин: Нобэ егъэлеяуэ мыхьэнэ иIэ IуэрыIуатэ къудамэхэр музыкэмкIэ здыхурагъаджэ еджапIэхэм къызэIуахынкIэ. Адыгэ IуэрыIуатэ къудамэхэр. Сэ щIэныгъэ къыхэсхауэ сиIэщ нобэ Мейкъуапэ сэ сыздэлъажьэ Тлэцэрыкъуэ Ким и цIэр зезыхьэ еджапIэм илъэсиплI хъуауэ сабийуэ щэныкъуэ хуэдизым дадолажьэ. Нэхъыжьым сабийм бгъэдэхьэкIэ къыхуигъуэтыфмэ яфIэфIу къащтэну, ауэ умыгъуэтмэ сабийми и щIыб къыпхуигъэзэнущ. ИтIани дэ зыхуэдгъэувыжыр шыкIэпшынэм еуэн къудейкъым икIи къеуэу уэрэдыжьри къыжиIэфу идогъасэр.

Хуитыныгъэ радио: ГъукIэ Зэмудин зэрыжиIэмкIэ шыкIэпшынауэ хъуну хуейр нобэ мащIэкъым, ауэ езы шыкIэпшынэр гъуэтыгъуейщ. Абы щхьэкIэ Зэмудин я ужь ихьащ шыкIэпшынэ щIыкIэм хуезыгъасэ тхылъ зэхэлъхьэным.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск