Ищхъэрэ Кавказым лэжьапIэ зэрымащIэм щхьэкIэ куэдыр нэгъуэщI щIыпIэхэм мэIэпхъуэ


Ищхъэрэ Кавказыр япэрытщ урысейм лэжьыгъэр щымащIэ куейхэм. Абы къыхэкIыу щIыпIэрысхэр лэжьэну нэгъуэщI куейхэм макIуэр, е мазэ бжыгъэкIэ, е илъэс бжыгъэкIэ, е къанэжыпэурэ.

Хамэкъэралхэми иIэпхъукIи щыIэщ, ауэ нэхъыбэкIэ кавказ нэрыбгэхэр макIуэр Мэзкуу, Бытырбыху, Мэзкуу куейм, Сыбыр лъэныкъуэми кIуэр мащIэщ арщхьэкIэ абы улахуэ лъагэкIэ цIыхухэр драгъэхьэхри абыи кIуэ къахокIыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Аргъэщокъуэ Ларисэ илъэситху мэхъу Бытырбыху зэрыщыIэрэ. Абы къриубыдэу езым къызэIуихыжауэ и Iуэху иIэжыу мэлажьэ. И IэщIагъэкIэ пщафIэщ, шхапIэ иIыгъыу абы толажьэр. Гугъуехь куэди упэщIохуэр, абы щыпсэухэми я фIэфIкъым хамэхэр зыхагъэсын, ауэ итIани унэм дыкIуэжмэ IэнатIэ тэмэмхэр зэпэубыдауэ, лэдьыгъэ димыIэу дыдэсынуращи, псори тшэчыурэ сомыр къыдолэжьыр жеIэр:

«Иджы хуэдэ щIыIэ лъэхъэнэ зыр нэхъ хуэмщ сатуукIэ жомыIэмэ, турист зэхуэсыпIэхэм хуабжьу ахъшэ хэхъуэшхуэ сиIэщ. Адыгэ шхыныгъуэхэри къыхэзгъэхьэну сыхуейт, ауэ мыбыкIэ къагурыIуэкъыми зэкIэ схуэмыщэу сыкъинэмэ жызоIэр».

Аргъэщокъуэм и щхьэгъусэр зэрыбгъэдэмысыжрэ илъэс куэд дIащ, и закъуэ бынитIыр ипIащ, тIури унагъуэ хъуащ. «Иджы нэхъ сытегушхуащ нэгъуэщI щIыпIэ сыкIуэн, алъандэм сабийхэм я гъэсэным сыпылъащ, сащхьэщымытыурэ гъэсэныгъэ тэмэму ямыIэу уэрамым дэтмэ жысIэри» -къыхегъэщ абы.

Абы пэмыжыжьэу мэлажьэ кавааз нэрыбгэ куэд, адыги яхэтщ, я унагэуэхэр яшэжауэ я бынээр щрагъэджауэ, унэ къыщащэхури къэнээыпауэ. Ахэми къэкIуэжын Iуэху зрахуэкъым, хэгъуэгум щыхъыбархэр ящIэ, лэжьыгъэр тэмэму зэромыгъуэтри жи.

Езыр илъэсипщI ипэ зэ тегушхуат ежьэ къежьэм хыхьэн, ауэ сабийхэр игъасэу ящхьэщытащ адэ модэ лэжьыгъэ зэхэдзэр игъэзащIэу. Анэ закъуэм къэралым деж пщIэшхуэ щиIэ щытамэ къэралфм къыбгъэдэкIыу дэIэпыкъуныгъэ нэс диIэнт, ди цIыхубз къарц закъуэкIэ дыкъопсэур жеIэр. ИкIи къыхегъэщ, мы дуней зэхэзырыхьыщам цIыхум нэхъ насып иIэнкъым зыхуей тIэкIур игъуэтыу и унэ щIэсыжынфм нэхърэ жиIэу.

Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио