Хэкурыс адыгэхэм я анэдэлъхубзэр къуажэхэм деж, тэмэму щыIэщ жаIэми еджапIэхэм ар щIагъуэ къамыгъэсэбэпу щытщ.
Къэбэрдей Балъкъэр Республикам и къуажэхэм деж, цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр уэрамым, еджапIэм къызэрыщагъэсэбэпым теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къедгъэасэлъащ Бахъсэн Районым щыщ Хъыжьырокъуэ Заретэ.
Хъыжьырокъуэ Заретэ: Адыгэбзэр нэхъыфIу здэщыIэхэр Зольска, Терскэ, lурван, псоми щыIэщ, Адыгэбзэ здэщымыIэ щыIэкъым.
Къалэми, Бахъсэн дыди урысыбзэр куэдщ. ЕджапIэхэм - урысыбзэщ.
Адыгэбзэм хухаха сыхьэт бжыгъэр мащIэ дыдэщ.
Къуажэхэм еджапIэхэм щIэс сабийхэр нэхъыбэр адыгэу щытым адыгэбзэщ зэрыпсалъэхэри ауэ балъкъэр, урыс жэуэ щытым урысыбзэщ зэрыпсалъэхэр.
Дерс сыхьэт закъуэращ адыгэбзэу екIуэкIыр. Балъкъэрыбзэри, урысыбзэри ,адыгэбзэри къэралыбзэу щытщ.
Псори урысыбзэкIэ додж, ди адыгэбзэ закъуэм адыгэбзэкIэ деджэу аращ.
Иджыпсту тучаным щIэхьи адыгэрэ пэт адыгэбзэкIэ къопсалъэнукъым, уэ хэбгъэзыхьыу адыгэбзэкIэ жепIэми урысыбзэкIэ жэуап къыуитынущ. Зыри гузавэкъым, «адыгэбзэжьыр щегъэгъэтауэ урысыбзэ егъэджэн хуейщ, адыгэбзэм зыщIыпIи унигъэсынукъым, урысыбзэращ, англыбзэращ узыхуейр» жаIэ.
Адыгэбзэр къыщыбдалъхуакIэ ууейщ, урипсалъэнущ. Сэ си бынхэм хъарзынэу ящIэ, абы я быныжыми ящIэнущ. Адыгэбзэр кIуэдыну хъункъым, ауэ тхэфхэкъым, школым мащIэдыдэщ къратыр. Дэри аращ, бжэныр 10-м нэс фIэкI тщIэкъым, махуэхэм, мазэхэм яцIэхэр къэдгъэсэбэпкъым, зымыщIэхэр нэхъыбэщ дагъэщIакъым.
Уэрамым тыкуэнхэм бжыгъэцIэхэр, махуэцIэ, мазэцIэ хуэдэхэр щIалэгъуалэм адыгэбзэкIэ зымыщIэжыр нэхъыбэщ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр