Мы илъэсым Урысейм къыпэплъэхэр зэрагъэзахуэ къэралыбэ хъыбарзехьэ Iэмалхэмрэ экономистхэмрэ


«2015 гъэр Штат Зэгуэтхэм деж уэфIу,  Урысейм деж уафапшэу щытынущ».  
Дуней псор илъэс къихьам зыпэщIэхуэну  экономикэ, политикэ щытыкIэхэм щрипсалъэ, абы щегупщыс зэманщ иджыпсту.

КъухьэпIэ хъыбар Iэмалхэм я аналитикхэм  къызэралъытэмкIэ,  Штат Зэгуэтхэм я экономикэ щытыкIэр ефIэкIуэнущ, Урысейм и экономикэр икIуэтыныгъэм хуокIуэ.

Тафтс университетым  къэралыбэ политикэмкIэ и щIэныгъэлI Дрезнер Дэниел Уашингтон постым  дыгъэгъазэм и 26-м  «ФIыкIэ, 2014 гъэ! Уэ куэдкIэ нэхъыкIэу ущытыну къэнащ»  фIэщыгъэцIэр иIэу къытридза тхыгъэм деж зэритхамкIэ,  2014 гъэр къэхъугъэ гузавэгъуэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ, икIи  куэдыр, ар икIыу, фIыкIэ зыщыгугъ илъэсыщIэр къихьэным пэплъэт.

«Штат Зэгуэтхэм щыщIэхуэбжьащ  политикэ, расэ зэпэщIэтыныгъэр. Урысейм Кърымыр иубыдри, и дзэхэр КъуэкIыпIэ Украинэм иригъэхьащ.  КъуэкIыпIэ Гъунэгъум деж  Аль Къайдэм  ипIэкIэ Ислъам къэралыр къиуващ» - етх Дрезнер Дэниел. 

ИлъэсыщIэм дызыпэплъэ хъунухэм ятеухуауэ адэкIэ хъыбар Iэмалхэм къэхъугъэ зэхуэмыдэхэр къагъэлъагъуэ.
Reason америкэ журналым дыгъэгъазэм и 22-м къытридзауэ щытащ и политикэ прогнозхэр.  
Журналым къызэрилъытэмкIэ, КъухьэпIэм и санкцэмрэ щIыдагъэ уасэ лъахъшэмрэ къагъэсыса Урысейр адэкIи ебгъэрыкIуэнущ нэгъуэщI гъунэгъу къэралым.
Ауэ ар зыхуэдэ «нэгъуэщI гъунэгъу къэралыр» белджылы ищIкъым.

Ислъам къэрал  гупыр адэкIи пылъынущ Сириемрэ Иракымрэ ягъунэгъу адрей къэралхэми и тепщэныгъэр щигъэбыдэну.

ЕхъулIэныгъэ хэлъу, киберIэмалхэмкIэ Sony компанием зэребгъэрыкIуам игъэгушхуа Ищхъэрэ Кореем адэкIи пылъынущ къухьэпIэ хькумэтхэм ящыщ зым и интернет напэкIуэцIыр икъутэну.  

Мsnbc америкэ хъыбар Iэмалым къызэригъэлъагъуэм тепщIыхьмэ, 2015 гъэм къызэрыкIуэ америкэ цIыхухэм зыхащIэнущ экономикэр ахэм я лъэныкъуэу зэрыщытыр, апхуэдэу щыжыIащ дыгъэгъазэм и 22-м а хъыбар Iэмалым хэIущIыIу ищIа тхыгъэм: «2015 гъэм и экономикэ прогнозыр: дыгъэпсу щытынущ».

«Мы илъэсыр нэхъыфIу щытынущ - и пэжыпIэкIэ апхуэдэу къытщохъу», - жеIэ Bank of America Merrill Lynch банкым ищхъэрэамерикэ хэгъуэгум и экономикэмкIэ иIэ къулыкъум и Iэтащхьэ  Гаррис Итан. 

«2015 гъэм дэ иджы япэу гу лъыттэнущ ди лъэжьапщIэхэр мащIэу зэрыхэхъуэм»,- къыдещIегъуж абы.

Мsnbc хъыбар Iэмалым гу ялъетэ щыIэнкIэ хъуну Iуэху зэхэщIыхьахэм.

Псалъэм папщIэ, апхуэдэ Iуэхущ дунейпсо экономикэм и зыужьыныгъэр нэхъ хуэм зэрыхъунур. Аналитикхэр ирогузавэ Урысейм щыIэ кризисым къыпэкIуэнухэм. Апхуэдэ къабзэу, нэхъ хуэм хъунущ Японием и зыужьыныгъэри. Ар аргуэру йотIысэх. Китайри апхуэдэ къабзэщ, абы и экономикэм и зыужьыныгъэ щIэгъэпсынщIари нэхъ къызэтеувыIэнущ. 

Урысейм и гугъу тщIынщи, Reuters агентствэр экономист пашэ гуэрхэм яупщIащ.  
Дыгъэгъазэм и 22-м къытридзауэ щытащ «Reuters  и щIэупщIэныгъэ. Урысейм и рецессиер 2015 гъэм: сомыр текъузэныгъэм къыщIэкIынукъым»  фIэщыгъэцIэр зрита тхыгъэр.

Абдежым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, дунейпсо финанс кризисыр зэрыщыIэрэ, иджы япэу, урысей экономикэр икIэ икIуэтынущ.
ЩIыдагъэ уасэхэр зэрекIурэхымрэ къухьэпIэ санкцэхэмрэ я зэранкIэ инфляцэр проценти 10-м щIигъунущ. 

Экономист 11-м я прогнозхэм ятепщIыхьмэ, къэралкIуэцI мылъкум и къэухьыр 2015 гъэм процентищрэ пщIанихкIэ хэщIынущ.  Агентствэм зэритхымкIэ,  рецессием гугъуехь лейхэм яхигъэплъэнущ президент Путин Владимир.  Абы цIыхухэр къигъэгугъауэ щытащ Урысейм зэман хьэлъэхэр къызэринэкIыну. 

Экономистхэр зэрыпэплъэмкIэ, долларым и уасэр сом 60-м нэсынущ, икIи долларыр сом 50-хэм къыщыувыIэнущ 2015 илъэсым икIэхэм ехъулIэу.  

Санкт-Петербург банкым и экономист Лапшина Ольгэ Reuters агентствэм зэрыжриIамкIэ, 2015 гъэм и япэ мазищым сомым и уасэр адэкIи хэщIынущ,  сыту жыпIэмэ,  урысей компанэхэм щIыхуэ инхэр ятыжыну къапоплъэ. Ауэ иужькIэ нэхъ быдэ хъужынкIэ лъэкIыныгъэ щыIэщ.

Официал бжыгъэхэм белджылы зэращIымкIэ,  мы илъэс къихьам урысей банкхэмрэ компанэхэмрэ щIыхуэу ятыжын хуейщ  доллар миллиарди 120-м нэблагъэ.

The Guardian  британ газетым «Хэт зыщIэр дэ илъэсыщIэм къытхуихьынур? Дэ тщыщ зыми ар ицIыхукъым» фIэщыгъэцIэр иIэу  дыгъэгъазэм и 26-м  къытридзауэ щыта тхыгъэм прогнозу тIу итщ:

«Япэрауэ, 2015 гъэр 2014-м ещхьу щытынущ, зэремыщхьхэр хэбгъэкIмэ. ЕтIуанэрауэ, ар нэхъ тегъэчынауэ зэвгъэцIыхуну фыхуеймэ, фи джэдум феупщI. Джэдум ар нэхъ ицIыхунущ».  Апхуэдэу етх The Guardian британ газетым.

Хуитыныгъэ Радио