Адыгэ алыфбейр латин хъун хуейщ жызыIэхэм трагъэчыныхь





Бакъ Зерэ. КъБР университетым и профессор, Налшык.

Адыгэбзэр куэд щIауэ зытет кирилл алыфбейр нэхъ гугъущ, адыгэр нэхъыбэр хэхэсу зыщыпсэу щIыпIэхэм латин алыфбейр нэхъ тыншу къащтэфынущ жаIэри Тыркум деж адыгэбзэ хасэ къызэIуахауэ, латиным адыгэбзэр хуагъэкIуэну йолэжьхэр.

lуэхугъуэм теухуауэ и гупщысэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом къедгъэпсэлъащ Къэбэрдей- Балъкъэр университетым филологие щIэныгъэхэм я профессор Бакъ Зерэ.

Бакъ Зера: Мыбы теухуауэ нэхъыщхьэ дыдэу жысIэнур арат, и гъащIэм зы дахэ зыфI ищIамэ зы Iуэхушхуэ ищIамэ Анкъара деж щызыхэхьэри 20I3 гъэм и жэпуэгъуэм конференцэ ин, бзэ форум ин щекIуэкIауэ щытащ.

Абы нэхъыщхьэ дыдэу хэтауэ щытар а иджыпсту укъызэрызэупщIарат. И лъабжьэ конференцэм хуэхъуауэ щытар кирилл латин алфавитымрэ мыр мыпхуэдэу псалъэ макъышхуэ щыхъуакIэ зыгуэрым дытехьэнщ, зыгуэрым тедухуэнщ, зы унафэ адыгэхэм къэдымыщтэу хъунукъым жари арат лъабжьэ хуэхъуауэ щытар.

Иджы абдеж унафэ быдэ къыщащтащ кириллым адыгэр къытенэну.

Латиныр хыфIэддзауэ, латиным пщIэ хуэдмыщIу аракъым, латинкIэ къызэрыщIэддзар дымыщIэжыу аракъым. Нобэ апхуэдэ щытыкIэ дызэриувам къыхэкIыу, нобэ къэралыгъуэ щхьэхуэу дызэрыщымытым къыхэкIыу, ди ахъшэр ди мылъкур, ди тхылъхэр, ди еджэныгъэр дэ дызыхэт къэралыгъуэр щыкириллкIэ абы дэ дыкъыхэкI зэрымыхъум, экономикэкIэ зэрытхузыфIэмыкIым къыхэкIыу, мис абдеж унафэ зытIу-щы къатщтэри унафэ быдэ хъуауэ дызэбгырыкIыжащ.

Абы дыкъытемыкIыну, нэгъуэщIым дытемыхьэну иджыпсту ар дгъэзащIэну. АбыкIэ цIыхухэр къытекIауэ щытымэ, нэгъуэщI гуп абыкIэ къызэрагъэпэщауэ щытымэ ар Каффедым и зэранщ. Каффедыр кIэлъыплъыжын хуеящ къищта унафэм.

Ауэ дэ мы ХэкумкIэ кирилл, латин проблемэр щIэныгъэ проблемэу щыIэ щхьэкIэ цIыхур абы дыхуэкIуауэ ар къэтщтэн хуейуэ апхуэдэ проблемэу щыIэкъым.

Дэ мы культурэмкIэ. мис ар тхыгъэхэмкIи, тхылъкIи щыжысIащ, мы культурэм дызэрыхэтыр мис мы адыгэбзэмкIэ тхауэ хъуари тхылъыу дыIэу хъуари псори ди щIэныгъэ иррехъу гъуазджэ тхылъ иррехъу тхыдэ тхылъ иррехъу, псори диIэу хъуар кириллкIэ тхауэ аращ.

Иджы нобэ латиным дытохьэжыри адэкIэ дауэ зэрыхъунур, хэт уезгъэджэнур, хэт къыдэзыгъэкIынур? Уи тхылъыр къыпхудэгъэкIкъым, иджыпсту къэралым узэрыхэт бзэмкIэ тхар къыпхудэгъэкIкъым, ахэращ зэгупсысын хуейр.

Хуитыныгъэ Радио: Зерэ, латиным хуэкIуэу щытым, дунейпсом нэхъыбэр латиным тетщ, Инджылызри, Тыркури аращ, нэхъ тыншыу зэрагъэщIэфыну жызыIэр куэд мэхъур, бзэ хасэми жиIэр аращ, латиныр нэхъ лъэщыу щыт кириллым нэхърэ?

Бакъ Зера: Нэхъ лъэщыу щыту аракъым, нэхъ макъыр нэхъ къиубыдауэ аращ, нэхъ щабэу щытщ, нэхъ дахэу щытщ, кириллым нэхърэ. Иджы тыншыу къыпхуэщтэу щытщ ар. Нэхъ лъэщу аракъым, тIэкIу нэхъ тыншыу щыту аращ. ЦIыхум сытым дежи нэхъ тыншыращ къищтэр. Сэ икIи сфIэдахэт ЩоджэнцIыкIу Али и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр латинкIэ тхауэ сэ иджыпсту изогъаджэ.

Тыншу хъуар занщIэу дытелажьэу къатщтэ хъунукъым. Хуитыныгъэ диIэкъым кирилым дыкъытекIыну.

Псом япэ кириллым дыкъытекIыну хуитыныгъэ димыIэу аращ. Мы къэралым щыпсэур кириллым фIэкI тетыну хуитыныгъэ иIэкъым. Апхуэдэ хуитыныгъэр къызэпт жыпIэкIэ къыпхуеIыхыну щыткъым, икIи къытекIыну щыткъым. Абы нэхърэ нэхъ тынш Iей тхуэщIакъым, ауэ мыр зи лъабжьэ Тыркум псалъэм папщIэ латинырат нэхъ тыншыр. Инджылызым и дежкIи латиныращ нэхъ тыншыр. Сэ зыкIи згъэкъуаншэкъым цIыхур.

***

Тыркум деж зи фIэщыгъэцIэ бзэ хасэм латин алыфбейм тету адыгэбзэр яригъэщIэну курс къызэIуихауэ абы йолэжьыр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр, Налшык