Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладненскэ районным адыгэбзэр кIуэдынымкIэ шынагъэ щыIэщ


Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм зэрыпсалъэ къэралыбзэу щы мэхъу. Ар адыгэбзэрщ, урысыбзэрщ, балъкъэрыбзэрщ. Дэтхэнэ зы адыгэми балъкъэрми я бзэм нэмыщIкIэ фIыуэ ящIэн хуейщ урысыбзэр. Дэтхэнэ зы урысми ищIэну къытохуэ и бзэм нэмыщI адрей бзэхэм щыщ зыи. Ауэ апхуэдэу гугъэркъым псори. Уеблэмэ, я бзэ къудейри ящIэжыну хуейкъым.

Прохладненскэ районным адыгэ къуажэу щы ит къудейуэ аращ: Альтуд, Къэрэгъэш, Псынщокъуэ. А къуажэхэм ядж я бзэр, ауэ школхэм сыхьэт бжыгъэр нэхъ мащIэ ящI. Абы наIуэу къагурыIуэркъым бзэм и мыхьэнэр. Бзэр щымыIэм хабзэри мэкIуэд. Иджы зэманым къуажэм икIыу куэд къалэм щоджэ.Урыс школхэм я сыхьэт бжыгъэр нэхъ мащIэжщ, иныкъуэ школхэми а мащIэри щыIэхэкъым.

Ауэ нэхъуэщI щхьэусыгъуэ иIэщ бзэ кIуэдыжыным. Сабийхэм ящIэнкIи мэхъу фIыуэ грамматикэр, ауэ псэлъэну яхузэфIэмыкIыу. ФIыуэ псалъэ хъукъым – щыуагъэ ящIу мэукIытэ. Ар зи лажьэр унагъуэращ. Адыгэбзэм и увыпIэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ адыгэбзэ илъэс бжыгъэ куэдкIэ езыгъаджэ Жэмбэч Рабия:

- Адыгэбзэр мыкIуэдыжын щхьэкIэ школ къудейуэ щымыту унагъуэми щеджэн хуейщ. Унагъуэ адыгэбзэкIэ щыпсалъэн хуейщ сабийр. Ар урыс сабий сад иратми, къуажэ сабий сад  кIуэми, адэ-анэр адыгэмэ унагъуэм щызекIуэн хуейр адыгэбзэщ. Адыгэбзэ емыджэн щхьэкIэ урыс школ ептыну тэмэмкъым, ауэ абы щхьэкIэ ар кIуэдынукъым. Псом япэ бзэ мыгъэкIуэдыныр зи IуэмыщIэ илъыр анэращ. Бзэр сабийм IэщIэхунуми IэщIэмыхунуми анэращ зэлъытар.

Сыту жыпIэмэ, урысыбзэр ихъуреягъкIэ щыIэщ – нэтынхэр, тхылъхэр, радиохэр, телефонхэр, уэрэдхэр жыпIэми. Адыгэбзэр зэрымащIэм нэмыщIкIэ унагъуэми къепсэлъэн щагъэт, урысыбзэр нэхъ ящIэн жаIэри адэ-анэшхуэ къудейр урысыбзэкIэ мэпсалъэ. «Бзэр зэращIын щыIэкъым», - жаIэурэ адэ-анэ къудейми сабий зыбжанэм тхылъымпIэ хурагъэщIри адыгэбзэр ирагъэджыркъым. Сабийхэми «Дэ абы дыхуейкъым» жаIэ. Сыт ар къызыхэкIыр? Абыхэм жаIэ: ЕджапIэр къэдухмэ дыздэкIуэну нэгъуэщI еджапIэми, лэжьапIэми ар къэдгъэсэбэпыжынукъым». Ауэ ядж я бзэр нэгъуэщI къэралым щыIэ адыгэхэм. ЩIаджыри адыгэбзэ еджэфын къудейм щхьэкIэкъым, атIэ адыгэпсэ къахэнэн папщIэщ. Абы ялъагъу адыгэбзэм и къалэн дыдэр. Ар цIыхум и щытыкIэщ, абы куэд еIуатэ, ар дэ ди щыIар къызыхэщыжщ, ар дэ адрей лъэпкъ псоми дыкъыхэзыгъэщхьэхукIрщ.

Куэд мыщIэу щIэныгъэлIхэм къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIащ бзэр джыным и сэбэпым теухуауэ. Зи ныбжьыр 75 къыщыщIэдзауэ 95 нэсхэм щIэупщIащ зы бзэ фIэкI зымыщIэмрэ, зи бзэ зыщIэжу нэгъэщIыбзэ еджахэмрэ. ИужькIэ зы бзэм фIэкI зымыщIэмрэ бзэ зыбжанэкIэ псалъэхэмрэ зырагъапщэри къахутащ бзэ зыбжанэ зыщIэм и акъылыр процент 40 нэхъыфIу къызэрызытенэр. Апхуэдабзэуи сабийхэр деж щырагъэкIуэкIащ. Бзэ зыбжанэ зыщIэм и акъылыр нэхъ псынщIэу мэлажьэ, и моторикэр нэхъ зыужьащ, комбинаторикэр нэхъыфIщ икIи  нэхъ гурыхуэщ.

Урысей тхакIуэшхуэ Чехов и жыIауи бзэ нэхъыбэ пщIэху, нэхъыбэрэ уцIыхущ. Бзэр ар уи кулътурэщ. Бзэ нэхъыбэ щIэныр фIыщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан