Налшык къалэ дэт фэеплъ сын "Псэ жыг" жыхуаIэр мынэIуасэ гуэрхэм зыхауцIэпIащ, адыгэ лъэпкъым нэмыплъ гуэрхэр ирапэсу тыратхэу. Абы лэч хужькIэ тыратхащ "Адыгэхэр къанэ щымыIэу акъылыншэщ", "Тыркум фыкIуэ псори", жаIэу.
Абы нэмыщI фэеплъ сыным тета хьэрфхэри ирикIуэу зыхацIэлащ. А хъыбарыр, сурэтхэри кIэрылъу, блоггер Шыбзыхъуэ Астемыр интернетым кърилъхьащ, икIи зэуэ хъыбарыбэ Iэмал куэдымкIэ зыбгырыкIащ.
А хъыбарыр къыралъхьащ "Натпресс" хъыбарыбэ Iэмалым, "Кавказ узелым", Facebook-ми хуабжьу щызыбгырыкIащ, псалъэмакъышхуэ къигъэхъуу.
Шыбзыхъуэ Астемыр Хуитыныгъэ Радиом къыжриIэжащ ар къилъэгъуа нэужь ищIахэр:
"Сурэтхэр япэу къызэрыслъагъуу егъэлеяуэ сыкъэгубжьат. Япэдыдэу сыздэпсалъэну сигу къэкIар Налшык къалэм и администрацэр аращ. Пресс-къулыкъум и нэхъыщхьэ хъыджэбзым и номерыр къызатащ, мыращ узэпсалъэн хуейр жаIэри. Арати, сепсалъащ телефонкIэ, къыгурызгъэIуащ. "Псори къызгурыIуащ, зыгуэр етщIэнщ", - жиIащ. Сэри си пIэм симызагъэу абы иужькIэ сыдэкIри сыкIуащ "Псэ жыгым" деж. ТелефонкIэ сызэрепсалъэрэ дэкъикъэ 15 дэкIау арат. Сыщынэсам "Псэ жыгым" деж цIыхухъуитI щытт, сапэкIэ къытырагъэкъэбзыкIыжу кIэрацIэлъахэр. ЗэкIэ администрацэм къапысхыфар а зыр аращ - я гуэныхь сыхуейкъым, дэкъикъэ 15 дэмыкI щIыкIэ нэсри ягъэкъабзэн щIадзащ. Ауэ иужькIэ сызыхуэза хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр абдежым зыхэтти, къызжаIащ абдежым пэгъунэгъуу видеокамерэ зыри зэрыфIэмылъыр. Гъубжым къыщыщIэдзауэ Тхьэм жиIэм яужь дихьэнущи, къалэ администрацэми дыкIуэну дызыгурыIуащ си ныбжьэгъу щIалэхэмрэ сэрэ. ЖетIэну дыхуейщ абдежым камерэ зытIущ зэрыфIэлъын хуейр".
***
"Псэ жыг" фэеплъ сыныр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм хуагъэувауэ аращ, икIи абдежым илъэс къэс Накъыгъэм и 21-м щызэхуос адыгэхэр, пэкIушхуэ щащIу. Ар адыгэхэм къалъысам я дамыгъэхэм щыщ зы хъуащ, икIи ар я щIыпIэ лъапIэщ. Иджыпсту абдежым щокIуэкI лэжьыгъэхэр, щIыпIэр ягъэдахэн щхьэкIэ.
Лъэпкъ гуэр бгъэпуду фэеплъ сын зыхэбыуцIэпIэныр Урысейм и хабзэм къызэригъуывмкIэ, щIэпхъэджагъэщ, криминал кодексым и сатыр 2I4-р абы хухэхащ. Абы и Iыхьэ етIуанэм зэрыжиIэмкIэ, ухуэныгъэ гуэр ягъэпуду зыхауцIапIэу щытым, ар гупу ящIарэ, щIащIам лъэпкъ зэмызэгъыныгъэ, е дин зэмызэгъыныгъэ и лъабжьэ щIэлъу щытым, абы тезыру тралъхьэр хьэпсым исыну илъэсищкIэ.
Мы Iуэхугъуэм теухуауэ зэкIэ хабзэхъумэ къулыкъухэм Iуэху яублакъым, икIи зыгуэр зыхагъэкIыну яужь иту зэкIэ хъыбар утыку къихуакъым. "Кавказ узел" хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, полицэми Налшык и администрацэми официал хъыбар мы Iуэхугъуэм теухуауэ къатакъым.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур