Нартхэм теухуа еплъыкIэщIэ тхылъ Тыркум АдыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ

Бэлъкъэр Сельчук. ТхакIуэ егъэджакIуэ, Тыркум Ван къалэ Iуниверситетым.

Нартхэр, Нэтэрхэр, Ануннакихэр, жери Тыркум деж тхылъыщIэ къыдэкIащ.

Тыркум и Ван къалэ университетым егъэджакIуэу лажьэ, тхакIуэ, къэпщытакIуэ Бэлъкъэр Селчук Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, Нартхэм теухуау и тхылъым еплъыкIэщIэ иIэм теухуауэ.

Бэлъкъэр Сельчук: «Мы тхылъыр зытеухуар Нарт IуэрIуатэращ. Дэ илъэс 8 лъандэрэ Нарт IуэрыIуатэм иужь диту долажьэри зыгуэр утыку идолъхьэр. Къызэрежьэ лъандэрэ Нарт IуэрыIуатэм еплъыкIэ мыпэжкIэ бгъэдыхьауэ щIэныгъэлI, къэхутакIуэ зыкъом щыIэщ. Езым и анэдэлъхубзэр Адыгэбзэу, IуэрыIуатэм щыгъуазэ цIыхухэр IуэрыIуатэм бгъэдыхьэн хуейщ, зиIысыр къыгурыIуэн папщIэ. Аращи нобэ Адыгэм и фащэм щхьа дыдейщ жаIэ, хэти къамэр дыдейщ, IуэрыIуатэр дыдейщ жаIэ. АбаткIэ ирикъунщ, дэ ди Адыгэ еплъыкIэм, ди гупсысэм тетыу Нарт IуэрыIуатэр къэтхутэнщ жытIэри блэкIа илъэсым япэ тхылъыр къыдэдгъэкIащ, ар ТыркубзэкIэ, Алыдж IуэрыIуатэмрэ, Нарт IуэрыIуатэмрэ жиIэу. Мы илъэсым икIуэцIыми, Адыгэ Нарт IуэрыIуатэмрэ Мысыр IуэрыIуатэмрэ къыдэдгъэкIынущ ТыркубзэкIэ. Мы АдыгэбзэкIэ къыдэдгъэкIа тхылъыр зи анэдэлъхубзэр Адыгэбзэу щыт цIыхухэм яхуэгъэзащ.

Хуитыныгъэ радио: «Сельчук ди жагъуэ зэрыхъущи ди цIыхубэр щIагъуэ тхылъ еджэкъым, абы уигъэшынэкъэ?

Бэлъкъэр Сельчук: «Хьэуэ, иджы еджэн Iуэхур бжыгъэм елъытауэ щыткъым. ТхакIуэр , сэ тхылъ стхымэ, зыгуэр утыкум къислъхьэмэ, цIыхубэм мыр къащтэну, еджэну жэуэ егупсысынукъым. Абы и къэлэныр хъун хуэдэу тэрэзу зыгуэр утыку къырилъхьэныращ. Тхылъым езым ипкъым зыгуэр итымэ нобэ мыхъуми пщэдей цIыхухэм абы гу лъатэнущ Iэмал имыIэу.

Хуитыныгъэ радио: «Селчук уи тхылъыр сыт митоложим щIытеухуар, ЦIыхубэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ ехьэлIауэ митоложим сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэр?

Бэлъкъэр Сельчук: «Митоложим лъэпкъым и гупщысэр, и тетыкIэр, и щхьэ къырикIуар  зыгуэрхэри хэтщ ауэ, дэ зы миф еплъыкIэ, дуней еплъыкIэ утыкум къыдолъхьэ. Аращи дэ ди гум илъыр дунейм щызекIуэ еплъыкIэхэм хуэдабзэу Адыгэм и Нарт IуэрыIуатэр дуней псом и пащхьэм дгъэувыну  щIэуэ зы еплъыкIэ утыку итлъхьэныращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэм мыбы астрономим теухуауэ щIагъыбзэ хэтщ, Тхыдэм теухуауэ щIагъыбзэ хэтщ, бзэм теухуауэ зыкъом хэтщ. Дэ мы Нарт IуэрыIуатэм лIыхъужьхэр, абы ит Нартхэр семболхэр щIагъыбзэхэр зэрызыу къатщтэри, къэтхутэри дунейпсом и пащхьэм, Налшык, Майкон, Черкесск щыIэ мифологхэм я пащхьэм щIэуэ зы гупсысэ утыку идолъхьэ. Аращ мы тхылъыр щIэттхам и щхьэусыгъуэр.

Тхылъым щыщ Къэбэрдей Бэлъкъэрыми ирагъэшащ, Тыркум щащэу щIадзагъэхэщ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие