Ермоловыр Урысей унафэщIхэм ягъэлъэпIэну хэтщ

Кавказыр Урысей Империем къыщизэум щыгъуэ генерал нэхъ зэлымыгъэшхуэ зезыхьау щытахэм ящыщ Ермолов Алексей теухуауэ тхылъ Мэзкуу къыщыдэкIащ.
А тхылъым зыхуихьэсащ генералыр Кавказым щыIэхукIэ тхыгъэу аткIэ-мыткIэхэм иригъэхьахэр. А тхылъ къыдэкIам къиIэтащ псалъэмакъ, Ермоловым цIыхубэр зэрыхущытын хуейм теухуауэ. Урысей къэралыгъуэм дежкIэ ар лIыхъужьщ, империем и текIуэныгъэхэр къихьу щытащи, ауэ Кавказ лъэпкъхэм дежкIэ ар цIыхуукIщ, лъыгъажэшхуэ, зэлымыгъэ, еруугъэ къихьауэ.

Удзыпэ мазэм и 10-м Мэзкуу, «Мемориал» пэжырытелъхьэ IуэхущIапIэм и хэщIапIэм деж щекIуэкIащ Кавказыр къэзызэуа генералхэм нэхъ гуащIэ дыдэу хэтахэм щыщ Ермоловым теухуа тхылъыр утыку къыщыралъхьэ зэIущIэ. А тхылъым и цIэр «Ермолов. Кавказым къикIа тхыгъэхэр. 1816-1860 гъэхэр» - жиIэу аращ. А зэIущIэм хэтащ тхыдэтххэр, пэжырытелъхьэхэр, нэгъуэщIхэри.

Тхыдэтх абдежым къекIуэлIахэм къызэрыхагъэщамкIэ, Урысей унафэщIхэр иджыпсту хущIокъу генералыр лIыхъужь ящIыну, абы и цIэр хаIэтыкIыну. Пэжырытелъхьэхэм зэрыжаIэмкIэ, а генералым и гуащIагъыу щытам Iэмал къариткъым Кавказ лъэпкъхэм, абы теухуауэ я еплъыкIэр яхъуэжыну.

Кавказ лъэпкъхэм къалъытэр Ермоловыр нэхъ еру дыдэу щыта генералхэм ящыщу, «лъыгъажэ генерал», «лIыукI», нэгъуэщI цIэлей бзаджэхэр хуагъэфащэр, икIи геноцид кавказ лъэпкъхэр ищIауэ ягъэкъуаншэр.

Иджы тхылъ къыдагъэкIам хиубыдащ Ермоловым итхауэ тхыгъэ 500-м щIигъу. Абыхэм щыщу 200-р иджыри къэс утыку къыралъхьау щытатыкъэм. Ар жиIащ «Вагъуэ» жыхуиIэ журналым и редактор, тхыдэтх Гордин Яков.

«I9 лIэщIыгъуэхэм тхыгъэхэр къыщытырадзэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэт, - жеIэр редакторым. - Ахэр халъхьэт цензурэм папщIэ, е нэгъуэщI щхьэусыгъуэ щхьэкIэ. Иджыпсту тхыгъэхэр езы генералым и IэдакъэщIэкIым иралъытэжащ, икIи комментарий кIэщIалъхьэжащ. Аращи, мы тхылъым япэу Ермоловым и тхыгъэхэр пэжу утыку кърилъхьэу аращ».

Апхуэдэу щыт пэтми,  Гординым жеIэр генералым и тхыгъэхэр псори зыхуамыхьэсыжауэ, икIи зыхуригъэхьахэр наIуэ ямыщIау. Тхыдэтхым зэрыжиIэмкIэ, иджыпстурей Урысейм щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ мыпхуэдэ тхылъ къызэрыдэкIар, «кавказ зауэр иджыри иухау щыткъыми».

Урысейм и тхыдэм щхьэкIэ, шэч хэмылъу, Ермоловыр лIыхъужьщ. Абы фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ Урысеймрэ Францымрэ я зауэм щыгъуэ. ИужькIэ Урысей Империем къизэуну зыхэта Кавказым деж зауэм ехъулIэныгъэ иIауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ кавказ лъэпкъхэм дежкIэ упщIэм нэгъуэщI еплъыкIэщ иIэр.

Урысейм Кавказыр къыщизэум щыгъуэ, абдежым иса лъэпкъхэр зытыраукIэу щытащи, Урысейм и лIыхъужьыр Кавказ лъэпкъхэм щхьэкIэ лIыукIщ. Абы теухуауэ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Бэлъкъэр Къэрал Университетым и егъэджакIуэ Къэлмыкъ Жылэби жиIэр мыращ:

«Урысейм дежкIэ Ермоловыр лIыхъужьщ. 1812 гъэм хэку зауэ щыIам хэтахэм нэхъыфIу зэуау, генерал нэхъ ехъулIэныгъэ зиIэу щытахэм щыщу ябжу апхуэдэщ. ЦIыхубэми, ар щыпсэуа зэманым щыгъуэ, лIыхъужьу, лIышхуэу ябжу щытащ, хуабжьу пщIэ хуащIу щытащ. Декабристхэм нэгъунэ, Урысейм и пащтыхьыр тырахуу щытым, абы «консул» фIащу, конституцэ къащтэхукIэ къэралыр абы и IэмыщIэ иралъхьэну хуейуэ щытащ.  Декабристхэр Кавказым къагъэкIуа нэужь, езы Ермоловыри мыбы къэкIуа нэужь, декабристхэми и нэ и Iэ тету, абы иригъэблагъэу щытащ. КIэщIу жыпIэм, Урысейм я тхыдэм ар лIыхъужьагъкIэ, дзэ зешэ IэщIагъэкIэ къыпхуимыудыжыну иратхащ. Ар иджыпсту нэхъ лейуэ яхуэIэтынукъым, нэхъ лейуи пхуэгъэлъахъшэнукъым. Ауэ Урысейм и пащтыхьым ар къигъэкIуащ Кавказым, ди лъэпкъыр къигъэдаIуэфыр къигъэдаIуэну, къимыгъэдаIуэфыр иукIыну. Дэ дызэреплъымкIэ, ди тхыдэтххэр зэреплъымкIэ, Ермоловыр Кавказым щылIыхъужькъым. Ермоловыр цIыхуукIыу, колоние политикэ еру иригъэкIуэкIауэ аращ. Къизэуауэ аращ Къэбэрдейр. Ар генерал нэхъ зызыгъэгуащIэу цIыху нэхъыбэ зыукIахэм ящыщщ. Псом нэхъыбэу адыгэхэм нэхъ лей къыдихауэ убж хъунущ».

ЗэIущIэм деж къызыхуэса экспертхэр мэгупсысэр Ермоловым и теплъэм теухуауэ. Хэти абы и тхыгъэхэм хелъагъуэр этнографие мыхьэнэ, сыт щхьэкIэ жыпIэм, абы къегъэлъагъуэр Кавказым къыщекIуэкIыу щыта Iуэхугъуэхэр. НэгъуэщIхэми тхылъ къыдэкIам тхыдэ мыхьэнэ ират, абы щылажьэу щыта цIыхухэм я психологиер къыщIегъэщри.

«Мемориал» купсэм и советым и тхьэмадэ къуэдзэ Черкасов Александр зэрыжиIэмкIэ, Ермоловыр хущIэкъут Цезарьымрэ Тацитымрэ ещхьу щытыну.

«Мы тхыгъэхэм къагъэлъагъуэр тетыгъуэм хущIэкъу цIыхум еруугъэкIэ империе зэрищIу щытар, - жеIэр пэжырытелъхьэм. - Тацит хуэдэ иджы щыIэжкъым, ауэ къыдгуроIуэр империе гъущI гъэплъакIэ пщIы зэрымыхъуныр».

Урысей щIэныгъэ академием и къудамэ Урысей Историем и Институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Гатаговэ Людмилэ зэрыжиIэмкIэ, мы тхылъым къегъэлъагъуэр наIуэу, Ермоловым Кавказ лъэпкъхэм ехьэлIауэ зэлымыгъэрэ еруугъэрэ фIэкI Iэмалу зэримылъагъуу щытар. «Аращ абы и IуэхущIэкIэу щытар - бгырысхэр игъэшынэну», - жеIэри къыхегъэщ щIэныгъэлIым.

Ермолов Алексей Петрович Кавказым къагъэкIуащ 1816 гъэм император Александр е-1-м и унафэкIэ. Абы иухуащ Налшык быдапIэр. 1819 гъэм Ермоловым и дзэм къыхагъыхьащ хыфIыцIэ къэзакъ дзэр.

Абы Псыжь и Iуфэм ирикIуэу къэзакъ къуажэхэр иригъэтIысхьащ. Муслъымэн кавказ лъэпкъхэр къигъэдэIуэн щхьэкIэ 1820 гъэм нэмэз псалъэхэр зырихъуэкIау щытащ, хьэрыпыбзэкIэ Урысей императорым щIыхь хуащIу, фIыщIэ хуащIу хэту.

1823 гъэм дэгъыстэн лъэпкъхэм езауэу щытащ, 1825 гъэм шэшэным щызэуащ. Абы ипэкIэ Къэбэрдей щIыналъэм зэлымыгъэшхуэ щызырихьэу зауэ щыригъэкIуэкIащ.

Абы къигупсыса Iэмалхэм щыщщ Кавказ лъэпкъхэм я гъавэр зыхэутэныр, я гуэдзыр гъэсыныр, зыщIыпIэхэм ираубыдэурэ шхыныншэу къэгъэнэныр, нэгъуэщI Iэмалыгъуэ цIыхушхуэ зэрылIыкIыу щытахэри.

Иджыпсту Пятигорскрэ Минеральные Воды къалэмрэ абы и фэеплъ сынхэр дэтщ. ИлъэсиплI ипэкIэ а фэеплъ сынхэр мынэIуасэхэм лэчкIэ уэ фочхэмкIэ къаухьри яуцIэпIау щытащ, ар зэрафIэмыфIыр кагъэлъэгъуэн щхьэкIэ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио, Бэрокъуэ Артур