Урысей цIыхухэм загъэпсэхуну Европэм нэхъ мащIэу кIуэ хъуащ


Урысей цIыхухэм щыщыу хамэкъэрал зыгъэпсэхупIэхэм кIуэ турист бжыгъэр куэдкIэ ехуэхащ урысейм туризмым епха къудамэхэм къызэратымкIэ. Псом нэхъыбэу Европэм кIуэ бжыгъэр жаIэр. Абы и щхьэусыгъуэу туризм къудамэхэм къалъытэр Урысейм и кризисымрэ сомыр пуд зэрыхъуамрэщ, ахэм къыхэкIыу куэдым яхузэфIэкIыжкъым хамэкъэралхэм зыщагъэпсэхун жаIэр. Языныкъуэми къалъытэ къэрал политикэ мыхъумыщIэм экономикэр зэIигъэхьауэ, абы епхауэ цIыхухэм я сом хэхъуэри мащIэ хъуауэ.  

Туризм лъэныкъуэм епха къудамэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, нэгъабэ елъытауэ мы гъэм Урысейм и цIыхухэу хамэкъэрал зыгъэпсэхупIэхэм кIуэ турист бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Ахэм къызэрагъэнаIуэмкIэ, иджы хуэдэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм нэгъабэрэ иджырэ зэплъытмэ нэхъ мащIэрами % 30-35-кIэ хэщIащ зызыгъэпсэхуну мыгъэм хамэкъэралхэм кIуэхэр. Псом хуэмыдэу Европэ лъэныкъуэм щыIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм кIуэхэр -  туризм операторхэм къызэрыхагъэщымкIэ. 

Мыдрей туризм компанхэм зэрагъэнаIуэмкIи, щIымахуэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэри абы къигъэлъагъуэт хамэкъэрал туризмым щIэупщIэ иIэр нэхъ мащIэ зэрыхъури абы тещIыхьауэ нэхъ хуэхьэзырыу Iуэхум бгъэдыхьауэ къыхагъэщыр. Псалъэм щхьэкIэ, TEZ Tour операторым зэрыжиIэмкIэ, ахэм нэхъ зызытрагъэщIар урысей цIыхухэм нэхъ къыхах хъуа зыгъэпсэхупIэхэращ, ар – езы урысейм ейхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ипэхэм хуэдэу европэм куэд кIуэжкъыми жаIэр. КъызэрыхагъэщымкIэ, щытыкIэм къытещащ санкцэхэри, кризисри, цIыхухэм я сом хэхъуэхэр мащIэ зэрыхъуари.

Абы къыхэкIыу туроператорхэм зэрагъэнаIуэмкIэ урысей цIыхухэм здэкIуэну иджы нэхъ яхузэфIэкIыр езы къэрал кIуэцIым иIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэращ, псалъэм щхьэкIэ Анапэ, Сочи, Геленджик, Адлер, нэгъуэщIхэри. Хамэкъэралхэм урысей цIыхуу кIуэ турист бжыгъэр жыпIэмэ, псом нэхъыбэу здэкIуэр Тыркуращ, операторхэм къызэрагъэнаIуэмкIэ, уеблэмэ абы макIуэ турист бжыгъэм и % 50-р. Абы къыкIэлъокIуэ Египетыр, итIанэ Черногориер, ахэм кIуэ бжыгъэр нэхъ къызэтенащ, адрейхэм зэрехуэхам хуэмыдэу жаIэр.

Хамэкъэралым кIуэ урысей цIыху бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъур къэрал сомыр зэрехуэхым епхауэ къалъытэ Урысейм и туроператорым и ассоциацэми. Ар къэзыгъэлъагъуэ Ломидзе Майя хъыбарыбэм къазэрыхуиIуэтамкIэ, ику итыу % 30 хуэдизкIэ хэщIащ дэнэкIи кIуэ туризм бжыгъэр. Ломидзе къызэрыхигъэщымкIэ, и зэхуэдитIкIэ нэхъ мащIэ хъуауи, здэмыкIуэжыхи щыIэщ. Абы и псалъэмкIэ, къэрал кIуэцIым и зыгъэпсэхупIэхэм щыщыу нэхъ щIэупщIэ зиIэр Краснодар куейм хыхьэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ Кърымымрэщ. Ауэ ар зыхузэфIэмыкIыжи щыIэщ, лъапIэу къащыхъуу жеIэр. Бэдэущ купсэхэм ирагъэкIуэкIа щIэупщIэхэм къызэрыхэщымкIи, цIыхухэм нэхъ къатехьэлъэ хъуащ зыщIыпIэхэм  зыгъэпсэхупIэхэм кIуэн, зэрыхъукIэрэ я сомыр зрагъэзахуэ апхуэдэ нэгузегъэужь жыжьэхэм зыхуагъэныкъуэ хъуащ.

Псалъэм щхьэкIэ, куэд щIауэ турист, хамэкъэрал зыгъэпсэхупIэхэм илъэс къэс зыгъэпсэхуакIуэ кIуэуэ щыта Воронеж куейм щыщ Игнатьев Владимир иджы зыщIыпIи мыкIуэжыфыу жеIэр псори зэрыхэхъуам къыхэкIыу. Хуитыныгъэ радиом къызэрыхуиIуэтамкIэ, хамэкъэрал дэнэ къэна, ауэ къэрал кIуэцIым и зыгъэпсэхупIэхэм кIуэну Iэмал иIэкъым, унагъуэкIэ сом хэхъуэу яIэр зэщхьэгъусэхэм я улахуэращ, ари хагъэщIащи нэхъ зыхуэныкъуэ дыдэхэм фIэкI ахъшэ трагъэкIуадэфкъым. Мэзкуу мыхъуми зэзгъэлъэгъунщ нэхъ жыжьэ сыщымыкIуэфкIэ жери къэкIуауэ щыIэщ арыншамэ, мы гъэм зыщIыпIи мыкIуэфыурэ дуней хуабэр блэкIыну и жагъуэу къыхегъэщыр:

«Гъэмахуэр пщIэншэу макIуэр. Иджыпсту махуищ къудейкIэ Мэзкуу сыкъэкIуэфауэ аращ, абы иужькIэ зыгъэпсэхупIэ унэм сыкIуэну си мурадщ мыжыжьэу - Мэзкуу куейм щыIэхэм я зым.  Хамэкъэрал мы гъэм сыкIуэфынукъым, апхуэдэ сом збгъэдэлъкъым, псори хэхъуэ зэпытщ, тшхын тхурикъу къудейщ. Аращ сыкъызэрикIыр, нэхъ жыжьэхэм сыкIуэн схузэфIэкIыжкъым. А зыгъэпсэхупIэ унэхэм хэтщ псори, ауэ ар ещхькъым хамэкъэралхэм щыплъагъухэм. Ауэ зэрыхъукIэ зыгуэрхэр зэзгъэлъэгъунщи итIанэ сыкIуэжынщ».

Игнатьев зэрыжиIэмкIэ аращ мы гъэм и зыгъэпсэхугъэр зэрыхъунур, къызэрыгуэкI зыгъэпсэхупIэ санаторий кIуэнурэ аращ. Езыр игъащIэ лъандэрэ туристщи, мы иужь илъэс зы-тIум хуэдэу туризмыр урысейм нэхъ ехуэха щыхъуа гу лъимытауэ жеIэжыр. Къэрал политикэ зэхэзэрыхьам къыхэкIа экономикэ лъахъшэм кърикIуащ – сомыр пуд хъун, абы зыри дахэ-дахэу къыщIэмыкIыж щыхъум, адэ-модэ кIуэныр куэдым щагъэтащ, яшхыным нэхъ тегужьеикIауэ зрагъэзахуэу. Апхуэдэ дыдэу къакIуэ бжыгъэри нэхъ мащIэщ Урысейм хамэкъэралхэм къыхуаIэ хъуа щытыкIэ щIыIэм къыхэкIыу жиIащ.  

Абы и фIэкъабылкъым Урысейм и хамэкъэрал политикэм имызакъуэу къэрал кIуэцI политикэ екIуэкIыкIэри. А тIур зэпыщIащ, хамэкъэралхэм тэмэмыу уадэмылажьэмэ Iэмал имыIэу къэрал кIуэцI экономикэм ар къытещынущ жеIэр. Иджырей политикэр диIыгъкъым, къэрал куэдым санкцэ къызэращIылIам хэщIыныгъэшхуэ, кризис къэралыр зэрыхуишэнур IупщIт, абы хуэгъэкIуэн хуеякъым щытыкIэр жиIэу. А санкцэм кърикIуэу апхуэдизкIэ псори лъапIэ хъуащи, цIыхухэм ику иыту къэпсэууэ щытар иджы къулейсызыгъэм еувэлIащ, апхуэдэ къэхъугъэ куэд солъагъу си куейми, си хъуреягъми, нэгъуэщIхэми къащыщIауэ – жиIащ.

Туризм операторхэм къызэрыхагъэщымкIи, гъуэгупщIэхэми я уасэм зихъуэжащ, нэхъ пуд хъуащ, ауэ абы къриубыдэ махуэри ягъэмащIащ. Туризм компанхэри нэхъыбэ зэрыхъурэ зэныкъуэкъур куэдщи, ахэми яхэтщ гъуэгупщIэхэри хьэщIэщыпIщэхэри зыгъэпуд жаIэр. Псалъэм къыхэкIыу Anex Tour операторым къызэрипщытамкIэ, мы гъэм псалъэм щхьэкIэ Тыркум ику итыу доллар 600-м нэскIэ укIуэфынущ, нэгъабэ ар 800-уэ щытамэ, Испанми Египетми апхуэдэ дыдэщ. ЦIыху зекIуэ-зежэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам къыхэкIыу туроператорхэми я хьэлэмэт хэлъщ пуд ящIыу нэхъыбэ цIыху зэрызрагъэкIуалIэн жаIэр.

Урысей туристхэр Европэм нэхъ мащIэу кIуэныр кризисым имызакъуэу Шенген визэр цIыхухэм зрагъэпэщын папщIэ нэхъ гугъусыгъу зэрыхъуам къыхэкIынри хагъэкIкъым туроператорхэм я ассоциацэми.  Мы фокIадэм щыщIэдзауэ иджы цIыхухэр визэ купсэ дыдэхэм екIуалIэурэ я IэпапIэхэр трагъэхын хуейщ. Абы нэмыщI сурэттрахынури нэгъуэщIыу щытынущ. Иджы абы цIыхухэр екIуалIэныр нэхъ къатехьэлъэнущи абыи игъэмащIэнущ туризм бжыгъэр, псом хуэмыдэу щIыпIэ пхыдзахэм щыщхэр жаIэр. Иджырей экономикэ ехыр сэбэп зэрыхъуар сыт жыпIэмэ абы нэхъ щIэупщIэ иIэ ищIащ къэрал кIуэцI туризмым туроператорхэм къызэрыхагъэщымкIи.  

Къэпщытэныгъэхэм езыгъэкIуэкI РосИндекс компаным иджы дыдэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэрыхигъэщымкI, мы гъэм нэхъ мащIэ хъуащ хамэкъэралхэм илъэсым тIэунейрэ зыщызыгъэпсэхухэми я бжыгъэр, зэ фIэкI мыкIуэхэри хэщIащ. Компаным зэригъэнаIуэмкIэ, урысей цIыхухэр макIуэ къэрал кIуэцI зыгъэпсэхупIэхэм хуэдэу СНГ-м и зыгъэпсэхупIэхэми. Ар нэхъ пудщ хамэкъэралхэм нэхърэ, псалъэм къыхэкIыу СНГ-м укIуэфынущ доллэр 200-250-кIэ.

Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио