Урысейм щIэныгъэмкIэ и академием археологиемкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм КъБР-м Iуащхьэ зыбжанэ къыщатIа нэужьым ахэм къагъуэтащ илъэс мин 4,5 рэ зи ныбжь дыщэхэкI къулейхэр. Зи ныбжькIэ щIалэ цIыхубзым и кхъэ лэгъунэм ахэм къыщагъуэтащ дыщэ хэкIрэ цIыхубз Iэмэпсымэу 500-м щIигъу.
Мы кхъэ лэгъунэр къыщIатIыкIащ Гундэлэн къуажэм пэгъунэгъууэ щыIэ Iуащхьэ гупым язым и дейж. Тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм илъэс мин 4-5 нэхърэ нэхъыжь зызыужьа культурэхэр щыIахэщ. ИкIий ахэм фIэщыгъэцIэхэу яIэхэщ «майкъуапэ», «кобан», «дольмен» жыхуиIэхэр. Мы ныбжьышхуэ зиIэ культурэхэр мы щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ мащIэ дыдэущ иджыпсту зэраджар. Ар апхуэдэу зэрыщытым и щхьэусыгъуэу къагъэлъагъуэр мы щIыпIэм дахэ дахэу археологхэр икIэм нэсу зэрыщымэлэжьаращ.
Мыбы къыхэкIкIэ тхыдэтх куэдым къызэрагъэлъагъуэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ жыжьэ тхыдэр икъукIэ мащэIущ зэрыджа хъуар. ИкIий адэкIэ мы иужь дыдэ мы щIыпIэр археологхэм щырагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмрэ, мы Iуэхум теухуауэ мы щIыпIэм археологие лэжьыгъэ щекIуэкIхэм я щытыкIэмрэ теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ тхыдэтх археологие щIэныгъэхэм хуеджэ Щауэ Азэмэт: «Нэгъабэ мисс а Мэзкуу къикIа щIэныгъэлIхэри дыи гъусэу къэттIари 5-6 лIэщIыгъуэхэращ.
Абы нэхърэ нэхъыжьыжщ абы и лъабжьэм и дейжикI къыщагъуэтахэр. Иджыпсту Мы республикэм мы Iуэхугъуэм теухуауэ проблемэшхуэхэр щыIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Мэзкуу Петербург къикIхэурэ щIэныгъэлIхэр мыбы щолажьэхэр, ауэ ахэри илъэсым зэ къакIуэфхэу аращи, илъэсым зы мазэ иримыкъукIэ къэхутакIуэхэр щырагъэкIуэкIыу аращ.
Псом япэ мисс мы Къэбэрдейм и дейж абы елэжьыуэ цIыху гуп щыIэн хуейщ.» Кавказ Ищхъэрэм археологие щIэныгъэхэм дахэ дахэу зэрызыщиужьауэ зэрыщымытым, мы щIыпIэр археологие и лъэныкъуэкIэ джа зэрымыхъуам щыхьэт техъуэу щIэныгъэлIхэм къагъэлъагъуэр мы иужь илъэс I0-20-м къыриубыдэу мы щIыпIэм археологие лэжьыгъэ екIуэкIахэр икъукIэ зэрымыщIэр.
ИкIий абы и лъабжьэ щIэлъыуэ къагъэлъагъуэр дахэ дахэу къэралым мы Iуэхум мылъку зэрыхухимыхыр аращ. Мыбы къыхэкIкIэ мы щIыпIэм икъукIэ щымащIэщ езым къыщыхъуа археолог щIэныгъэлIхэр. Ар щхьэкIэ тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ Кавказыр икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэу щытщ. Абы нэхъ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэу щытщ Европэм и щIыпIэ куэдым зыщызыубгъуауэ щыта «долмен» культурэм Кавказыр и къежьапIэу зэрыщытыр.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал