Дунейпсо Адыгэ Хасэм и е-10-нэ съезд ФокIадэм екIуэкIын хуейм нэсыху Адыгей республикэм я хасэ тхьэмадэ Богъус Адэм а жылагъуэ зыгухьэныгъэм къыхэкIащ. А хъыбарыр къитащ Кавказ узел хъыбарыбэ Iэмалым, Богъус Адэм и фейсбук напэкIуэцIым къыритхам зытригъащIэу. Нэхъ ипэIуэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым я хасэ тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэди Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм хэмыхьэну жиIау щытащ. Адыгэ республикищ Кавказым щыIэхэм щыщу тIум я хасэ тхьэмадэхэр Дунейпсо хасэм къыщыхэкIым, жылагъуэр тепсэлъыхьу щIадзащ псом нэхъ ин дыдэ адыгэ жылагъуэ зыгухьэныгъэм и кIуэцIкIэ зыгурымыIуэныгъэшхуэхэр къэхъуауэ, икIи адыгэ зыщIэхъеиныгъэр зыкъуэуда хъуауэ.
OnKavkaz жыхуиIэ сайтым и журналист Даур Анзор зэритхымкIэ, иджыпсту адыгэхэм я жылагъуэ зыгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр зыкъуэуда хъууэ щытым, абы Урысейм и зэран къикIынущ. Иджыпсту Дунейпсо Адыгэ Хасэм дунейм адыгэ диаспорэ здэщыIэ къэралхэм щыIэ хасэхэр псори зыкъуигъэувэу, зыгуригъаIуэу апхуэдэ къэлэнщ игъэзащIэр, икIи аращ къалъытэр адыгэхэм я хасащхьэу. Ауэ иджыпсту абы президенту тет Сэхърокъуэ Хьэутий къалъытэр Урысей къулыкъущIэу, егъащIэми адыгэ Iуэху хэмытауэ. Ар Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и унафэщIу щыта Къэнокъуэ Арсен и унафэкIэ тырагъувау щытау аращ, икIи IэIэт ар щыхахым щыгъуэ мыарэзыныгъэшхуэ хэлъу хахау щытащ.
Иджыпсту Богъус Адэм дунейпсо хасэм къыщыхэкIым къигъэлъэгъуащ мыарэзыныгъэ, Сэхърокъуэм къыригъэкIуэкI IуэхущIэкIэмкIэ. "Япэ дыдэу къызэрытеувэу Сэхърокъуэм щыуагъэ хуэбгъэхъу мыхъуну зыбжанэ ищIащ, - жеIэри етх Богъусым. - Япэрауэ адыгэхэм я геноцидым теухуауэ къэпсалъэри, цIыхубэр игъэгубжьау щытащ. Абы нэмыщI, адрей Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэм щибзыщIу диаспорэм щыщ адыгэ 50 хэкум къишэри къыришэкIау щытащ". Адыгейм я хасэ тхьэмадэм къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ IуэхущIэкIэм ипкъ къикIащ Тыркум щыщ хасэхэр Дунейпсо хасэм хэкIыну хуейуэ зэрыхъуар. "Тыркум адыгэу миллиуан 5-6 хуэдиз исщ, икIи Дунейпсо Адыгэ Хасэр щыIэфынукъым Тыркум я къудамэр абы хэмыту щытым", - жеIэри етх Богъусым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къэлэн нэхъыщхьэу щытыр хэкумрэ диаспорэмрэ зыгурыгъэIуэныр аращ. Богъусым къызэрилъытэмкIэ, адыгэ лъэпкъым игумэщIэгъуэхэм я хэкIыпIэр псори Урысейр аращ здэщыIэр, икIи диаспорэм Урысейм и еплъыкIэр къыгурымыIуэм, хэкIыпIэ зэикI къахуэгъуэтынукъым.
Тыркум къикIыжауэ Налшык щыпсэу жылагъуэ IуэхущIакIуэ Бабыгу Эргун зэрыжиIэмкIэ, Тыркум щыIэ адыгэ хасэхэри арэзыкъым Дунейпсо хасэм и лэжьэкIэмкIэ, езы хэкумкIэ щыIэ хасэхэм ящыщ зыгуэрхэри арэзыкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыпсту лъэпкъ Iуэху игъэкIуатэкъым:
"МазиплI ипэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым къакIуэхэри зэхуэсым абдеж щыжаIащ: "Мы хасэр Сэхърокъуэм и щхьэ къызэрихуэм хуэдэу ящIу, зэрыхуейм хуэдэу интервьюхэр иту, зэрыхуейм хуэдэу ищIу, унафэ щымыIэ хуэдэу ищIу ар тэмэмкъым", - жаIэри. Къуэдзэхэм Iэ щIамыдзауэ унафэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыремыщтэф жаIэри тепсэлъыхьахэщ. Ауэ ар хъунукъым, Урысей хабзэм къидэкъым жаIэри къыхуадакъым. НытIэ мыр Урысейм идывгъэх щыжаIэм, мыр къэралыбэ IуэхущIапIэкъым, Урысейм и хабзэкIэ Урысейм щаухуауэ аращи, ипх хъунукъым - жаIащ. Иджы КАФФЕДым и Iэпэ-лъапэхэр япхауэ езыхэр зыхуей унафэ къащтэу щыту ар абы хуадэнукъым. Армырами Къэрэшей-Шэрджэсыри арэзыкъым, Адыгейри арэзыкъым мы зыхэтыкIэмкIэ.
НэгъуэщI хаси щIащIын щыIэкъым, Урысейм ефыщIыну, еныкъуэкъуну щIэувыни щыIэкъым, ауэ ди гумэщIэгъуэхэр демыубзэу, демыбзейуэ дахэ-дахэу жытIэфын хуейщ. Хасэм зы хьэл гуэр иIэн хуейщ. Къуэншагъэ щыIэм, мыр къуэншагъэщ жиIэфын хуейщ. Иджыпсту сыт Дунейпсо хасэм ищIауэ, мис мыбыкIэ лъэпкъым сэбэп хуэхъуащ жыпIэфыну щыIэр? Зыри щыIэкъым.
КъызгуроIуэр, къэру диIэкъым, ахъшэ диIэкъым. Iуэху зыкъоми къэру дызэримыIэм щхьэкIэ тхуэмыщIэу къонэж. Ауэ тхуэщIэну дыдэхэри тщIэкъым. Мыхэр мыбдежым щIытесыр Мэзкуум еубзэну аракъым, лъэпкъым и хьэлэмэтхэр пхырагъэкIыну, утыку къыралъхьэну, гу къылъырагъэтэну аращ".
Даур Анзор OnKavkaz сайтым деж зэрыщитхымкIэ, иджыпсту Дунейпсо Адыгэ Хасэр зыкъуэуда хъууэ щытым, ар Кавказ регионхэм я гъунапкъэхэмкIэкъым зэрызыкъуэудыныр, ар мыхъуу диаспорэмрэ хэкум исхэмрэ я зыпыщIэныгъэр кIуэдыну аращ. Сэхърокъуэр щыхахым щыгъуэ мыарэзыныгъэу щыIам къыхэкIкIэ гупсысэ щыIащ нэгъуэщI дунейпсо хасэ ящIын хуейуэ, и купсэр Урысейм щымыIэу, икIи Урысейм и къулыкъущIэхэм щыщхьэхуиту. Абы зыкъуигъувэу щытын хуейуэ къалъытэт адыгэ диаспорэ псор.
"Сэхърокъуэр Урысей къулыкъущIэхэм щIагъэкIуатэр гурыIуэгъуэт, - жеIэри етх Даурым. - Олимпиадэ Сочи деж щекIуэкIыныр, адыгэхэм я хьэдащхьэхэм деж щащIт. Сэхърокъуэм и къэлэну щытар адыгэхэр а Олимпиадэм и телъхьэу къигъэлъэгъуэн хуейуэ арат, кремлым ехьэлIа мыарэзыныгъэр игъэуфIынкIын хуейуэ арат". Ауэ а мыарэзыныгъэу ягъэпщкIуау щытар аргуэру къэуащ, мис иджы езы жылагъуэ зыгухьэныгъэр икъутэу. АдэкIэ, Даурым къызэрилъытэмкIэ, диаспорэр хэкум пымыщIауэ утыку къихьэу щытым, Мэзкуум ехьэлIауэ гукъанэ куэд утыку къыралъхэнущ, икIи я IуэхущIэкIэр нэхъ радикал хъунущ. Абы нэмыщI, дунейми псалъэну щхьэусыгъуэ къыратынущ, Урысейм и IуэхущIэкIэ ткIихэр Кавказым ехьэлIауэ зэрымылажьэм, зэрымытэмэмым теухуауэ.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур