Тыркум и къуэкIыпIэ хэгъуэгухэм щыIэ Адыгэ къуажитхум, зыри Адыгэ дэсыжкъым


Таукъэ Мэмэт. Тыркум Ахълат куэй, Битлис къалэ

Тыркум деж хэпхъауэ щыпсэу Адыгэхэм щыщ зы мащIэри ипщэ хэгъуэгухэм щыIэхэщ. АрщхьэкIэ ахэм куэдым я къуажэхэр къабгынэпащ, зыри адыгэ дэсыжкъым, я унэ, я щIапIэхэри ящэжыри къухьэпIэ хэгъуэгухэм, Измир Истанбул къалэ хуэдэхэм Iэпхъуэжахэщ.

 Битлис вилаетым хиубыдэ Ахълат куэйым (Къалэ цIыкIу) и Адыгэ хасэм и Тхьэмадэ лъэпкъкIэ Осетин Леван Нури зэрыжиIэмкIэ я хэгъуэгухэм къыщекIуэкI политик къэхъукъащIэхэм ипкъ иткIэ Адыгэхэм я къуажэхэр ябгынэн хуей хъуахэщ. Иджыпсту Ахълат куэйым Адыгэ къуажитху иIэщ ауэ Адыгэ зыри дэмысыжу. Ахэм Адыгэ фIэщыгъэцIэ яIэхэкъым, тыркубзэкIэ, Отлуязы, Акчаорен, Йогъуртьемез, Девелик, Чукуртарла къуажэхэращ. 

МыткIэ езы Ахълат куэим Адыгэ унагъуэ щIэщI хуэдиз къыдэнэжауэ аращ. Ахэми Адыгэбзэ зыщIэж зы закъуэ диIэщ жаIэри а зы Шапсыгъ щIалэр Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, хэкур къызэрабгынэрэ я къекIуэкIыкIам теухуауэ упщIэ зыбжани еттащ.

 Таукъэ Мэмэт: Ди къуажэхэм Адыгэу дэсыж щыIэкъым. Мис иджыпсту Ахълат куей (Къалэ цIыкIу)-м унагъуэ 30 фIэкIа дэсыжкъым. Лъэпкъыу дэсхэр Натыхъу, Тау, Натхъуэ, Абдзэх ахэр къэнащ, Убых дэсщ. НэгъуэщIи дэскъым. Ахьлат дэс Адыгэхэр нэхъыбэу зэрыпсэур Iэщ былым яхъумэу аращ. Къэралым хуэлажьи щыIэхэщ, сатуущIэ, къулыкъущIэ сыти. Мы хэгъуэгум Адыгэ лъэпкъ щыпсэухэм иныкъуэр Шапсыгъщ, шэшэни щыIэхэщ. Дэ ди адэшхуэхэр хэкур къыщырагъэбгынам япэ щIыкIэ Истанбул къэкIуахэщ, итIанэ мы хэгъуэгум къэтIысахэщ. Мы хэгъуэгу пхыдзар езыхэм къыхахащ, ‘lэщ сыт нэхъ хуиту щытхъумэнщ’, нэхъ дыщыпсэуфынщ жаIэри. Адыгэхэр нэхъ здэщыIэ Мараш хэгъуэгум, Гоксун жылагъуэм хуэдэхэм кIуахэкъым ди адэжьхэр, мыбдеж къыхахащ.


Ахълат куэим дэмыIэпхъукIыу къыдэнэжа Адыгэхэр хэмышыпсыхьыжыпэн щхьа Адыгэ зэгухьэныгъэм лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI. Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Леван Нури зэрыжиIэмкIэ илъэс къэс зэрэ тIорэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ ящI, щIалэгъуалэр Адыгэ къафэм джэгум, хабзэм хурагъэсэну йолэжьхэр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие

Леван Нури. Ахълат жылагъуэ адыгэ хасэм и тхьэмадэ, Тыркум Битлис къалэ