Адыгэ гупсысэкIэм зэрызыкъиIэтыжым къегъэгузавэр Мэзкуур


Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд иджыблагъэ утыку къырилъхьащ хъыбар, адыгэ лъэпкъым и съезд ирагъэкIуэкIыну жиIэу, адыгэ лъэпкъым езым я автономие яIэжу ящIын щхьэкIэ. Съездым деж унафэ къыщащтэм, Кремлым зыхуагъэзэн хуейуэ гугъуэ щыIэщ. Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, абыхэм я лъэпкъ хьэлэмэтхэр а республикэм къызыригъэпэщкъым, икIи лъэпкъ зыгурымыIуэныгъэр республикэм и нэщэнэхэм щыщ хъуауэ къокIуэкI илъэс Iэджэ хъуауэ.

Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я щхьэ я унафэ ящIыжыфу автономие яIэн хуейуэ жыхуаIэ псалъэмакъыр иджыкъым къыщежьар. I999-2000 гъэхэм щыгъуэ республикэр тIууэ яугуэшу, Къэбэрдей-Бэлъкъэрыри тIууэ яугуэшу, къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ зы ящIу, бэлъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ зы ящIыну мурад щыIащ, ауэ ар ямыгъэзащIэу къэнэжащ. Абы щыгъуэхэм къэрэшейхэмрэ адыгэхэмрэ я зыхущытыкIэр шынагъуэ дыдэ хъуау щытащ. Иджыпстуи, Интернет Iэмалхэр къызэрыунэхуам къыхэкIкIэ, щIэблэ къыдэкIуэтеяр утыку къихьэфу зэрыхъуам къыхэкIкIэ адыгэ зыщIэхъеиныгъэм и теплъэм зихъуэжащ. Мэзкуури ирогузавэр адыгэ зыщIэхъеиныгъэм зэрызиузэщIым, икIи иджы блэкIа адыгэ ныпым и махуэми, щыгъуэ махуэ нэкъыгъэм и 2I-м къигъэлъэгъуащ унафэщIхэр яужь зэритыр, адыгэ зыщIэхъеиныгъэр ягъэсэбырыну, нэхъ щэху ящIыну. Мэзкуум къызэрыщыхъумкIэ, иджыпсту адыгэхэр автономие хуей щхьэкIэ, иужькIэ нэхъыбэж хуейуэ хъунущ, икIи зыщIэхъеиныгъэм и пашэхэм я унафэ ткIийуэ ящIыну яужь ихьэнкIэ шынагъуэ щыIэщ.


Ауэ пэжым уеплъым, сыт адыгэхэр нэхъ зыгъэгумащIэр? Сыт лъэпкъ зэхуэсышхуэр ящIыну яужь щIихьэр? А упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд:

"Мыбы щхьэусыгъуэ хуэхъур, иджыпсту, дэни хуэдэу, псори зытет хъукъым хэти и IуэхукIэ. Абы хуэдэ къабзэщ Къэрэшей-Шэрджэсым исхэри. Ауэ мыбде исхэм я Iуэхухэр, Урысей псом исхэми ейм хуэдэу къызыхэзэрыхьа пэтми, Къэрэшей-Шэрджэсым деж ис лъэпкъхэм я зыхущытыкIэр тэмэму зытегъэпсыхьа хъукъыми, абы щхьэкIэ мыбдежым ис адыгэхэр нэхъ щыдакъузэкIэ, ар ягу къоуэри, ар зэрамыдэным, я Iуэху нэхъыфI зэрыхъунухэм топсэлъыхь, икIи жаIэр, унафи къахьхэр. Псом нэхъапэ дыдэу упщIэ къэIэтын хуейр, Урысейм и хабзэхэр, дунейпсом къыщекIуэкI хабзэхэр мыбдежым щылажьэн хуейуэ къыдолъытэр дэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мыбдежым апхуэдэхэр щызекIуэкъым, Урысейми щызекIуэкъым а хабзэхэр. Абы къизгъэкIыр, сыт хуэдэ хабзи къэралым къыщыдигъэкIакIэ, ар гъэзэщIэн хуейщ. Мыбдежым куэд ягъэзащIэкъым. ИтIанэ, мы Къэрэшей-Шэрджэсым и хьукумэтым цIыхухэр зэрыхихри, IэнатIэ къызэрыритри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхум и зыфIэкI, и акъыл, и Iуэху зыфIэхыкIэкъым. УнафэщIхэм ядежкIэ щIэгъэкъуэн хъун, абы жаIэр дэзыIыгъыныр аращ нэхъ къыхахыр. Апхуэдэ къабзэщ абы адыгэ хыхьэхэри. Абы хуэдэщ къызэрыхахыри, ар дэ дигу техуэкъым. Дэ жытIэр мыращ - мы Урысейм къыращIылIа кризисым Къэрэшей-Шэрджэсыри хэтщи, а гугъу-мыгъухэм бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ яIэн хуейуэ къыдолъытэр, ублэкIын щхьэкIэ. Абы къидгъэкIыр - мы хьукумэтым и лэжьэкIэр зырихъуэкIын хуейщ".

Адыгэхэм иджыпсту гумэщIэгъуэу яIэм я купщIэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ тхыдэм ухэплъэн хуейщ. Урысейм Кавказыр къизэуа нэужь адыгэхэм я процент 5 хуэдизщ хэкум къинэжар. Адрейхэр е зытыраукIащ, е Осман империем ирахуау щытащ. А хэкум къинэжа тIэкIури зыкъуэмыувэжыфын папщIэ лъэпкъиплIу ягуэшау щытащ, цIэ щхьэхуэхэр яIэу - Адыгей, Шапсыгъ, Шэрджэс, Къэбэрдей жаIэу. Адыгейхэм республикэ хуащIащ, исым я нэхъыбэр урысрэ къэзакъыу. Иджыпстуи абы адыгэу исыр процент 25-м нэблагъэщ. Шапсыгъхэр къэзакъ къуапэу къалъытэ Краснодар къуапэр аращ зыхыхьэри, лъэпкъ цIыкIу щхьэхуэу къалъытэу щытщ. Шэрджэсхэр гъусэ хуащIащ нэхъ ин лъэпкъ Къэрэшейхэм, икIи абдежым къэрэшейхэр нэхъыбэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, адыгэхэм тетыгъуэ ирамыту я хуитыныгъэхэр дэкъуза мэхъу. Псалъэм папщIэ, I999-2000 гъэхэм щыгъуэ адыгэу Дер Станислав республикэм и президент хэхыныгъэр къихьау щытати, Къэрэшейхэм зыкъаIэтащ "дэ адыгэ президент зэикI къэбыл тщIынукъым" - жаIэу. Абы щыгъуэ премьер-министру щыта Путин Владимир Iуэхум къыхэIэбэри, къэрэшей Семеновыр республикэ президент ищIау щытащ, Дерыр Черкесск къалэм и администрацэ унафэщI ищIри. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым адыгэхэр щынэхъыбэщ, ауэ абдежыми тюрк лъэпкъ бэлъкъэрхэм республикэр дагуэшыри, хуиту адыгэм и гумэщIэгъуэхэм елэжь хъукъым, мыдрей лъэпкъымкIэ къеплъэкIыурэ.

Совет къэралыгъуэм ехъулIэныгъэшхуэ иIэу адыгэ лъэпкъыр зыкъуичау щытащ. Куэдым къалъытэт адыгейхэр, шэрджэсхэр, къэбэрдейхэр, шапсыгъхэр лъэпкъ щхьэхуэу. Зы бзэкIэ псалъэу, псоми адыгэу зыкъалъытэжу щыт пэтми, къэралым и хъыбар гъэIу Iэмалхэм гупсысэкIэ зыфIагъуващ, ахэр щхьэхуэу. I990 гъэм социологие щIэупщIэныгъэ ирагъэкIуэкIам къигъэлъэгъуау щытащ процент 65-р республикэхэр зэрыщытым хуэдэу къэнэжыну хуейуэ. Ауэ зэманыр кIуатэ пэтми щытыкIэм зехъуэж. 20I0 гъэм elot сайтым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я процент 77-р хуейщ республикэ щхьэхуэ, адыгэхэр зыкъуигъэувэжу, хамэ лъэпкъ дагуэшын хуэмейуэ ар.

Путиным идэкъым регион гъунапкъэхэр яхъуэжу. Ар иджыри премьер-министру щыту, 20II гъэм Кисловодск деж Ищхъэрэ Кавказ щIалэгъуалэм щыхуэзэм, жиIау щытащ: "Абы зым зыр кIэлъыкIуэу нэгъуэщI зыгурымыIуэныгъэхэри къикIынущ, щIыр ягуэшыжыну хуейуэ. Зэ ебгъажьэу щытым, зэикI къыпхуэмыгъэувыIэжын Iуэхущ ар", - жиIэри.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио

Бэрокъуэ Артур