КъБР щыIэ "ЦIыху хуитыныгъэм папщIэ" хасэр «хамэкъэрал агенткIэ» зэджэм хагъэуващ

КъБР щыIэ "ЦIыху хуитыныгъэм папщIэ" хасэм итхьэматэ Хьатэжъыкъо Валер (гузэгум щыс)

Урысейм юстицэмкIэ министерствэм иджыри зы зэщIэхъееныгъэ иригъэуващ хамэкъэрал агенткIэ зэджэм я дэфтэрым. Ар  - «ЦIыху хуитыныгъэм папщIэ» жыхуиIэм и къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэр пэжырытелъхьэ купсэращ».

2012 гъэ лъандэрэ Урысейм щолажьэ «хамэкъэрал агенткIэ» зэджэ хабзэр.  Абы ипкъ иту, политикэ Iуэху зэрихьэу, хамэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зыгъуэту зыхуагъэфащэхэм зыщыщIатхэн хуейщ Урысейм юстицэмкIэ министерствэм.

А хабзэр ауэми ядэкъым пэжырытелъхьэхэм. ЖаIэ, цIыху хуитыныгъэхэм къащхьэщыжхэм я жьэр IурагъэпIэн папщIэ а хабзэр къагупщысауэ.

Хуитыныгъэ Радио