Журналистым къыщыщIар зэхагъэкIэну ягъэув Урысей «Яблоко» партым хэтхэм


Адыгэ журналист,  пэжырытелъхьэ КIуащ Тимур и хэкIуэдэкIэ хъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэгъэкIа хъунукъым,  абы федерал мыхьэнэ ирамыту.  Ар жаIащ «Яблоко» партым щхьэзакъуэ пикет къэзызыгъэпэщахэм.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи, нэгъабэ, шыщхьэIум и 1-м,  Налшык и Iуэгъуэблагъэхэм къыщагъуэтыжащ КIуащым и хьэдэр.

Медицинэ экспертизэ ирагъэкIуэкIати,  къызэрыщIэкIамкIэ,  журналистым и блэгущIэм мастэ хэлъхьэпIэ иIэт.

Мэзкуу деж, бадзэуэгъуэм и пщIищрэ зым, «Яблоко» щIалэгъуалэ къудамэм щхьэзакъуэ пикетхэр иригъэкIуэкIащ а Iуэхур зэхагъэкIын хуейуэ ягъэуву.

КIуащ Тимур и ныбжьэгъухэми, и дэлэжьэгъухэми къалъытэ ар яукIауэ.

Журналистыр ткIийуэ ирипсалъэт урысей къару къулыкъухэм зэрахьэ залымыгъэхэм.  Ар апхуэдэу къащхьэщыжт муслъымэнхэм я хуитыныгъэхэм.

Хуитыныгъэ Радио