«Журналистхэр дэзыкъузэхэм иджыри япэрытхэм ящыщщ Урысейр»


 Журналистхэм къащхьэщыжынымкIэ Нью-Йорк зи хэщIапIэр щыIэ къэралыбэ гупжьейм Лъэпкъыбэ Зэлъыкъуэувахэм я ЗэщIэхъееныгъэм игъэкIуащ цIыхум хуиту и гупщысэр къигъэлъэгъуэныр зэракъутэм теухуа дэфтэрыр. Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ пэрытхэм ящыщщ Египетыр, Урысейр, Ираныр, Китайр, Нигериер, Мексикэр, Эквадорыр.

Журналистхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ а къэралыбэ зэщIэхъееныгъэм къызэритымкIэ, зэкIэлъыпыту илъэсих хъуауэ илъэс къэс журналист нэхъыбэ хьэпсэм изыгъэтIысхьэр Иранращ. Иджыпсту журналист нэхъыбэ зи хьэпсэм исыр Китайращ – нэрыбгэ 44-рэ.

Урысейм и гугъу щащIым, къэралыбэ пэжырытелъхьэхэм къыхагъэщащ, Урысейм дзэ къулыкъущIэу мамыр зэманым фIэкIуэдыр къэзыгъэлъагъуэ хъыбархэр щэхуу яIыгъыну президент Путин Владимир унафэ зэрищIар. Иджы ар къэралым и щэху хъуащ.

Журналистхэм къащхьэщыжынымкIэ къэралыбэ зэщIэхъееныгъэм и дэфтэрым зэритымкIэ, Урысейм Кърымыр иубыда нэужь украинэ телеканал зыбжанэ зэхуищIыжри ахэр Мэзкуум и нэIэм щIигъэуващ.

Хуитыныгъэ Радио