Сирием къикIыж адыгэхэм бзэр зэрамыщIэр Урысейм псэуну къэнэным и гугъупIэ нэхъыщхьэм хэтщ


Урысей хабзэм тету, нэгъуэщI къэралым къикIыу къэкIуа дэтхэнэ зы Урысейм щыпсэуну къэнэну хуей псоми, бзэр зэращIэр наIуэ зыщI тхылъымпIэ яIэн хуейщ, Урысей тхыдэр ящIэн хуейщ, Урысей къэрал хабзэр ящIэн хуейщ. Сирием къикIыж адыгэ Хэку къихьэжхэм урысыбзэ зыщIэр зэкъуэтIакъуэщ. Ар зырагъэщIэн папщIэкIэ яхэр бзэ еджапIэхэм кIуэн хуейщ, ауэ а еджапIэхэр уасэншэкъым, япэрауэ. Псалъэм папщIэкIэ, Адыгей къэрал еджапIэмрэ Мейкъуапэ дэт технологическэ къэрал еджапIэмрэ апхуэдэ бзэ щырагъаджэ Iэмалхэр яIэщ. Ауэ ар сыхьэт 72 зэбгъэщIэну гугъущ, икIи и уасэр щIэптын хуейщ. Къэрал хабзэ бзэм теухуауэ экзамен птын зэрыхуейр къащтэн ипэкIэ, Адыгейм сабийхэм урысыбзэ ирагъэджэн щIадзащ. 

Уеблэмэ, бзэр зэрыпщIэ тхылъымпIэр псоми яIэн хуейкъым. БзэмкIэ экзамен ятын хуейкъым илъэс I8 мыхъуахэм, цIыхубз илъэс 55 фIэкIахэм, цIыхухъу илъэм 65 ирикъуахэм. Сирием къикIыж адыгэхэм а лъэныкъуэмкIэ я Iуэху зытетым теухуауэ Хуитыныгъэ радиом щIэуэ ящIа «Жьэгу» зэгухьэныгъэм хэт Борэ Аскер зыхуигъэзащ: 

- Тыркум дэ конференцие диIащ Адыгэм теухуауэ, нэхъри сыт хуэдэ гугъупIэ Хэкум къихьэжыну хуейхэм яIэми. Абы зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр къэкIащ. Мурад тщIар, дызэгухьэу дызыдэлэжьэнуращ. Псом нэхъапэу, Хэкум къихьэжхэм урысей тхылъымпIэхэр къогугъуэкI. ЕтIуанэрауэ, бзэращ. КъэкIуэжхэм щыщ нэхъыжьхэм адыгэбзэ ящIэ. Ауэ щIалэгъуалэм хьэрыпыбзэ, инджылыбзэ фIэкIа ящIэкъым. Дэ, псалъэм папщIэкIэ, цIыху къытхэтщ дэIэпыкъуэгъу хуейхэм урысыбзэрэ адыгэбзэрэ зыщIэхэр, ягъусэу докIуэри тхылъымпIэхэр зыфIыдогъэкI. Ауэ Урысейм и къэрал хабзэмкIэ, бзэр умыщIэу ущыпсэуну укъанэ хъунукъым. Аращи, щIэуэ тщIа зэгухьэныгъэм ди мурадщ бзэм едгъэджэну, щедгъэджэнри дгъэхьэзырын щIэддзащ. Дэ илъэсиплъ хъуауэ мы Iуэхугъуэхэм дыхэтщ, иджы зэгухьэныгъэ тщIам нэхъыбэ тхузэфIэкIыу абы ещI. Иджы зыгуэркIэ къихьэжхэм я Iуэху нэхъ тынщ зэрытщIын и Iуэху зетхуэнущ. ЩIалэгъуалэм адыгэбзэ урысыбзэ зрагъэщIэну хуейщ. Сирием къикIыжыну хуей куэдым бзэ лъэныкъуэр къыщIэмыкIуэжыфым и зы лъэныкъуэ нэхъыщхьэщ жаIэ. 

НэгъуэщI гугъупIэ зыIууэхэу щытыр щIэуэ къыздихьэжа щIыпIэм есэнырщ. Япэрауэ, къыщыкIуа къудейм здыщIэсыныр. Адыгейм апхуэдэ щIыпIэ яIэщ, ауэ абы икIыу нэгъуэщI жылэхэм Iэпхъуэну къыщыжраIэм деж ядэкъым, абы йосэхэри. Ипэм къыщыкIуам деж мазэ зыбжанэкIэ Мейкъуапэ щыIэн хуей мэхъу тхылъымпIэхэр хьэзыр хъуху, ауэ щIыпIэ здыщагъэIэныр хурикъукъым. Аращи, зэманкIэ здэщыIын къагъуэт. 

Мыхьэнэшхуэ зиIэу щыт лъэныкъуэщ лэжьыгъэри, къалэжын къудейм щхьэкIэ мыхъуу, атIэ къэралыщIэм езыхэм ящIэн, зэрыпсэун Iэмалым нэхъыбэу и нэщэнэу. 

Адыгейм квотэ Сирием къикIыжхэм папщIэкIэ 200 нэхъыбэ къратащ, езыхэм я лъэIукIэ. ФокIадэ мазэм абы унагъуитI къихьэжащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан

tuapsepress.com