Налшык аргуэру псалъэмакъыр къыщыхъеижащ, уэрам фIэщыгъэцIэхэр зэрахъуэжым теухуауэ


Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Налшык, Грознэмрэ Мэзкуурэ кIэлъыкIуэу, Шэшэн республикэм и президенту щыта Кадыров Ахьмэт-Хьэжы и цIэр зезыхьэ уэрам къэунэхуащ. ИпэкIэ Шэшэн лъэпкъым и цIэр зезыхьэу щыта уэрамыр иджы Кадыровым и уэрам хъуащ. Налшык къалэм и адинистрацэм зэрыщыжаIамкIэ, апхуэдэу уэрамым и цIэр зырахъуэкIыну жэрдэмыр къыбгъэдэкIау щытащ республикэм и жылагъуэ хасэшхуэм и советым.

Шэшэн лъэпкъым и цIэр зезыхьэу щыта уэрамым езым и тхыдэ иIэжт. Налшыкыр Урыс-Кавказ зауэжьым щыгъуэ Урысейм и дзэм и быдапIэ хуэдэу яухуау щытащ, икIи а зэманхэм къежьащ а уэрамым и тхыдэр. Апхуэдэ дыдэу тхыдэшхуэ зиIэ уэраму Налшык иIэщ Къэбэрдей лъэпкъым и цIэр зезыхьэ уэрамыр, ауэ абы тет унэхэр жьыдыдэ хъуащ, езы уэрамыри пхыдза теплъэ  иIэ хъуащ, и тхыдэжьым щхьэкIэ къэмынэу. ЩыIэщ Налшык нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэм я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэри - Дэгъыстэн уэрам, Осетин уэрам, Ингуш уэрам, Бэлъкъэр уэрам - жаIэурэ. Ауэ иджы шэшэн лъэпкъым и уэрам щыIэжкъым. Къэбэрдей-Бэлъкъэрымрэ шэшэн лъэпкъымрэ зыпызыщIэу напэкIуэцI Iэджэ тхыдэм иIэщ. Псом нэхъапэу уигу къэкIыжыр Шэшэн зауэхэр щекIуэкIым абы къикIыу цIыху куэдым Налшык псэупIэ зэрыхуэхъуар аращ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, адрей республикэр къэнауэ, Налшык къудейм шэшэну мин I00-м нэблагъэ дэсащ. Апхуэдэу, лъэпкъитIыр зэкъуэшыныгъэ пэлъыту зыпыщIа пэтми, лъэпкъыцIэр Iуахыжри, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым зыри хуэзымыIуэху Кадыровым и цIэр уэрамым фIащащ.

"Адыгэ Хэкужь" жыхуиIэ жылагъуэ зыгухьэныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр къызэрилъытэмкIэ, а лъэбакъуэмкIэ шэшэн лъэпкъыр ягъэпуда мэхъу. Абы Хуитыныгъэ радиом къыжыриIар мыращ:

"Сэ сызэреплъыр мыращ а цIэ фIэщын Iуэхугъуэм. Псалъэм папщIэ, Налшык еувалIэри, шэшэн лъэпкъым я цIэкIэ уэрам фIащати, "шэшэн лъэпкъыр зырикIщ, мыдэкIэ Ахьмэд - Хьэжы си адэщ, сэ си адэм и цIэр фIэфщ хъунукъэ", - жаIэу тетыгъуэ зиIитIым зыжыраIамэ, яхьри, шэшэн уэрамыр, шэшэн лъэпкъыр ягъэпуду, Кадыровым и унэцIэр фIащащ. МыдэкIэ, Хьэбэзи, Къэрэшей-Шэрджэсым, апхуэдэ дыдэу ящIащ. Ауэ а къомым сэ къикIыу къэслъытэр аращ - псалъэм папщIэ, цIыхур лIыхъужьыми, цIыхум лIыгъэ гуэр хэлъауэ, гупщысэ гуэр иIэу дунейм тетауэ, лъэужь гуэр къигъэнамэ, ар къыздалъхуам деж абы и цIэр фIэпщыми, ар къекIу хуэдэу мэхъу. Лъэпкъ къыхэкIауэ, къуажэ зыгъэтIысауэ къуажэ зиIахэм псоми я цIэр тырахыжри, а лъэпкъым темыухуауэ, е нэгъуэщI зыгуэркIэ мыр тегъэщIапIэ сщIынщ жыпIэ мыхъуу, я щхьэ къихьамэ, е зы гуIэгъуэ гуэр а дэкъикъэм ягу къэкIамэ, ар фIащыжурэ гуIэгъуэ куэд къыфIащащ. Псалъэм папщIэ "ди лъагъуэр коммунизмти", "ди щIэблэр коммунист хъунути", "ди щIэблэр мыпхуэдэм хуэкIуэти", - жаIэу. Езы щIыпIэм дэхэкIейуэ цIэ иIэжщ. Ахэр фIэщыж. Езым уеплъа иужькIэ, а и плъыфэм къынэмыщIауэ абы хъыбарыжь хуиIэщ, псалъэм папщIэ. Мис ахэр фIэпщ хъунущ".

Совет къэралыгъуэр къутэжа нэужь, Урысей псом хуэдэу, Налшычи уэрамыцIэхэм ящыщ куэдыр яхъуэжащ. Псалъэм папщIэ, Октябрская жыхуаIэу щыта уэрамым иджы Нэхущ Борис и цIэр зырехьэр. Ари уэрам нэхъыжьдыдэхэм ящыщщ, икIи революцэм ипэкIэ Елизаветэ и цIэр зырихьэу щытащ. Первомайскэ жыхуаIэу щыта уэрамым фIащащ Ахъуэхъу Асланби и цIэр. Ар Къэбэрдей-Бэлъкъэр Автономие Совет республикэм и министр хасэм и тхьэмадэу щытащ.  Париж коммунэм и цIэр зезыхьэу щытам иджы фIащыжащ Къущхьэ зэкъуэшхэм я цIэр. Апхуэдэурэ Совет къэралыгъуэм къилъхуа фIэщыгъэцIэхэр зэрызырахъуэкIам зыри гъэщIэгъуэн хэлъкъым, ауэ "Къэбэрдейр Урысейм илъэс 450 хъуауэ игъусэщ" жыхуаIэу щагъэлъапIэм щыгъуэ, Гагарин и цIэр зезыхьэу щыта уэрамым Темрыкъуэ Идар и цIэр фIащыжащ. Къалэдэсхэм Темрыкъуэ Идар и лъэужьу тхыдэм къыхэнар ямыгъэпудыми, япэу Космосым лъэта Гагариным и цIэр зэрыIуахыжам щхьэкIэ мыарэзыныгъэ къэхъуау щытащ, икIи абы кIэлъыкIуэу Строителей жыхуиIэ уэрамым Гагарин и цIэр фIащыжау щытащ.

Иужьырей зэманхэм куэдрэ урохьэлIэр къулыкъущIэхэм ядежкIэ фIы къахьын я гугъуэу уэрамыцIэхэр зырахъуэкIын яужь щихьэ. Псалъэм папщIэ Къэнокъуэ Арсен республикэ унафэщIу щыщытым, Кенже деж Къэнокъуэ зэкъуэшу ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм хэтахэм я цIэ фIэдывгъэщ жаIэу жэрдэм утыку къихуау щытащ. Езы Къэнокъуэ Арсен ар щыжыраIэм, абы имыгъуэу жиIэри, а жэрдэмыр къигъэувыIэжащ. Ауэ Тэрч куейм и администрацэ унафэщIу илъэс 20-кIэ тета Пэнагуэ Максим и унагъуэцIэр фIищыжащ Тэрч и зы уэрамым. НэгъуэщI къулыкъущIэ куэдыми, Iулъхьэ ятыми, цIыхугъэ къагъэсэрэпыми, я унагъуэцIэр зезыхьэу щытауэ зыгуэр тхыдэм къыхагъуэтэжри, абы и цIэр зы уэрам гуэрым фIырагъэщ. Ауэ интернет-блоггерхэм зэратхымкIэ, шэшэн лъэпкъым и уэраму щыта Кадыровым и цIэр зыфIащар ягъэщIэрэщIэным Шэшэн республикэм и унафэщIым ахъшэ хилъхьащ, ауэ мыдрей къулыкъущIэ гуп зи унагъуэцIэ апхуэдэу хэзыIэтыкIхэм а уэрам и цIэ зырырагъэхъуэкIхэм зыри халъхьэкъым.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур