Адыгэ Республикэм деж зэрахуэ Мэзкуум и политикэмкIэ мыарэзыхэр


Адыгэ Республикэм деж жэщ-махуэ 15-кIэ ягъэтIысащ Хъуадэ Аднан, абы и пхъу Данэ, я тучаным тес Борсэ Саидэ.  Ахэр ягъэтIысащ я тучаным залымыгъэкIэ къару къулыкъухэр къыщIахуауэ ягъэкъуаншэри. Ар бэрэжьейм къитащ Натпрессым.

Тыркум къыщалъхуа Хъуадэ Аднан илъэс 20 мэхъу Адыгэ Республикэм зэригъэзэжрэ. Абы гъубжым Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIамкIэ, езыри, Тыркум икIыжа нэгъуэщI адыгэхэри федерал шынагъуэншагъэ къулыкъум ираджэри хуагъэув я тырку паспортыр Тыркум иратыжу Урысей дэфтэрыр къызыхуагъэнэну.

Натпрессым зэритхымкIэ,  Адыгэ Республикэм деж мы махуэхэм тракъузэ Тыркум икIыжа адыгэхэм. Ахэр хагъэзыхь тырку паспортыр ягъэтIылъыжу, Кремлым и политикэм дащтэну,  Тыркум урысей лагъымыдзыр къызэрыриудыхар яубыну.

Тыркумрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэр зэIыхьащ щакIуэгъуэм икIэм, Тыркум урысейм и лагъымыдз кхъухьлъатэр къриудыха нэужь. 

Анкъэрам трегъэчыныхь урысей кхъухьлъатэм и хьэуа гъунапкъэр икъутауэ. Мэзкуум ар имыдэу Тыркум хуэгъэза экономикэ санкцэхэр къигъэщIащ. Ар янэсащ адыгэхэми. Къэрал щэныкъуэм ис адыгэхэм я нэхъыбапIэр Тыркуращ здэпсэур. БгъущI гъэхэм щыщIэдзауэ ахэм ящыщхэм ягъэзэж я адэжь хэкум, Ищхъэрэ Кавказым.

Хуитыныгъэ Радио.