Тыркум ис Адыгэхэм яша хэкурыс нысащIэхэр Тыркум и цIыху мэхъухэр


Тыркум щыIэ Адыгэ щIалэгъуалэм илъэс зыбжанэ хъуауэ я хэкужь кавказым нысащIэ ираш, унагъуэ ящIхэр. Ахэм нэхъыбэм жаIэ ди щхьэгъусэхэр дигъусэу хэкум къэдгъэзэжынущ жэуэ. 

Апхуэдэ нысащIэхэр дауикI здэкIуа къэралым и хабзэхэр ягъэзащIэ Тыркум и цIыху мэхъухэр, апхуэдэуи УрысеймкIэ документ Iэджэ щызэрагъэкIуэн хуей мэхъухэр. 

Иужьырей махуэхэм Тыркумрэ Урысеймрэ я зэщыхьэныгъэм ахэри гугъу иригъэхьырэ? Тыркум деж я документхэр дауэ зэфIагъэхьэрэ? Мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ и щхьэгъусэр и хэкужь Къэрэщей Адыгэм изыша, Тыркум Станбул къалэ щыпсэу Гуэбэч Дюндар, и щхьэгъусэ Джэлэш Мадина. 

Хуитыныгъэ радио: Дюндар уэ уи хэкужь Къэрэщей Адыгэм нысащIэ къипшыри унагъуэ бухуащ. ДауикI уи щхьэгъусэр Урысейм и цIыхуу щытщ. Ар Тыркум и цIыху хъун щхьа сыт хуэдэ хабзэхэр щывгъэзэщIа Тыркум дежи, Урысейм дежи? 

Уэбэч Дюндар: Иджыпсту тэмэму Тыркум исыну документхэр тэмэм хъуауэ щыткъым, илъэс ирикъуакъым ар зыдохуэ, иджыри илъэсищкIэ Тыркум щыщу хъунукъым, аращ хабзэр. Дэ Тыркум унагъуэ дызэрыщыхъуам щхьа къыдата документымкIэ Урысейм щыIэ IуэхущIапIэхэм декIуалIэурэ абы дызэрызэрышар ядгъэщIащ, ядгъэцIыхуащ. ИтIанэ абы и унэцIэр Тыркум сысейм хуэдэу унэцIэ къыратыри паспортыщIэ къыдигъэкIауэ щытщ. Урысей лъэныкъуэмкIэ документхэр хуэмдыдэу къыщокIуэкIыр, гугъу урагъэхьыр, мыбы хуэдэу тыншу зыфIэкIкъым. 

Хуитыныгъэ радио: Дюндар сызэрыщыгъуазэмкIэ уэ иджы благъэ хэкужьым укIуэри уи щхьэгъусэ абы лъагъунлъагъу кIуэжар къэпшэжащ. Урысеймрэ Тыркумрэ я зыщыхьыхьэныгъэм ипкъ иткIэ Тырку паспорт зыIыгъхэр Урысейм кIуэхэр гугъу ирагъэхь, lэджэри къырагъэзэж. Уэ дауэ укъызекIуа, щIыгъунапкъэхэм гугъу фыщехьа? 

Гэбэч Дюндар: Пэжыу жыпIэнум Урысейм яужьдыдэ сыщыкIуэм дыгузавэт мы зэхэзэрыхьахэм щхьа, Налшык аеропортым деж дыщыдэкIынум паспортхэм къеплъхэри аткIэ дыхашыри къытпкъырыупщIыхьахэщ, ‘Щхьэ укъэкIуа, дэнэ уздэщыIэнур?’ сыт жэуэ. Сэ абдеж АдыгэбзэкIэ сыпсалъэт ауэ езыхэр Урыст, итIанэ Адыгэ щIалэ гуэр къакIуэри абы тэмаму жесIащ, ‘Мыр ди адэжь 

хэкущ, сыт щыгъуи дыкъокIуэж, иджыри дыкъэкIуэжынущ, си щхьэгъусэр мыбы щыщщ, мыбы щыIэщи абы идеж сыкъокIуэ’ жысIэурэ апхуэдэу сыкъыдэкIащ ауэ, гугъу урагъэхь, Тыркум щыщ Тыркудыдэу цIыхуитI къырагъэзэжащ, Урысейм ирагъэхьакъым. 

Хуитыныгъэ радио: Дюндар и щхьэгъусэ Мадина доупщI, Мадина, хэхэс Адыгэхэм я хэку ягъэзэж, ягъэзэжыну щытщ зи lуэху зыхуэхъухэм. Уэ Тыркум укъэкIуащ, унагъуэ фыухуащ, фи унагъуэщIэм дохъуэхъу. Тыркум гъащIэр нэхъ тынш, сыт къыджепIэнт абы теухуауэ? 

Джэлэш-Гуэбэч Мадина: Тыркум деж гъащIэр тыншщ, зыкIи гугъущ. Зэрытыншыр, гъуэгухэр тыншщ, бэзэрхэр тыншщ, сервис яIэхэщ, хьэпшыпыр, шхынхэр нэхъ пудщ, мыбдеж щIалэхэр унагъуэм нэхъ йогугъу, нэхъ кIэрыщIауэ щытхэщ, нэхъ лэжьакIуэхэщ. Зэрыгугъури бзэр умыцIыхумэ, щIыпIэхэр умыцIыхумэ гугъущ, уозэш, узыхуейм умыкIуэфымэ ныбжьэгъу сыт уимыIэмэ. ДидежкIи ди цIыхухэри Урысейм ядэплъейуэрэ, лIыхэр нэхъ щыкIауэ сигугъэщ. 

Хэкурыс хъыджэбзхэр Тыркум нысащIэу къызэрыкIуэхэр куэдым фIыуэ къалъытэр, Тыркум яшэ хэкурысхэм абдеж бзэр нэхъри щахъумэнымкIи сэбэп хъунущ жари, хэтыми ахэм къамыгъэзэжым ди кIуэдыжыныр нэхъри щIигъэхуэбжьа хъунущ жаIэ. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие