Тыркум щыпсэу Адыгэ щIалэгъуалэм бзэ зыIурылъыжыр мащIэми Адыгэу къызытенэжыну, я хабзэ сытхэр зэрагъэзэщIэну пылъхэщ.
Я хэкужь Кавказыми иужьырей илъэсхэм щIалэгъуалэр нэхъ кIуэфу, абы зыгъэзэжыпIэхэри щыIэурэ щытщ.
Иджыблагъэ Урысеймрэ Тыркумрэ зэщыIея зэрыхъуами нэхъыбэу Адыгэ щIалэгъуалэр нэхъ егъэгузавэ, “кхъухьлъатэр дэ Адыгэм къыттехуащ” жаIэ.
Хэхэс Адыгэ нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я гупсысэ зэтемыхуэм ехьэлIауэ Тыркум щыIэ Джылахъстэней жылагъуэм щыщ, Адана къалэ щыпсэу Жыку Шамил Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ.
Хуитыныгъэ радио: Шамил Тыркум щыпсэу Адыгэхэм нэхъыбэу щIалэгъуалэм я гур я хэкужьымкIэ гъэзауэ щытщ, хэтыр кIуэжыпIэну, хэтыр хэкум университет щеджэну макIуэхэр. Ауэ нэхъыжьхэр, фи адэхэр апхуэдэу щыткъым, уэ хэкум ущыкIуэнум уи унагъуэм дауэ къащыхъуа?
Жыку Шамил: ‘Сэ хэкум сыкIуэну сыхуейщ’ щыжысIам, ‘Сыт хэкум щыпщIэнур, абы щыIэхэр Тыркум къокIуэ’ жаIат. Си нэхъыжьхэм хуэдэу Тыркум щыIэ нэхъыжь куэдыри апхуэдэу йогупсысхэр. ‘Хэкум щыпсэуныр, щылажьэныр гугъущ, фымыкIуэ’ жаIэ. Ауэ я акъылым илъыр нэгъуэщIщ, ахэм нобэрей хэкур зауэ зэманым и хэку хуэдэу йоплъхэр, абы щхьа мэшынэхэр.
Хуитыныгъэ радио: Нэхъыжьхэр апхуэдэу щIыщытым сыт и щхьэусыгъуэр?
Жыку Шамил: Тыркум дэс Адыгэхэм я нэхъыжьхэр хэкум мыкIуэу абы щыIэ Iеигъэхэр къыджаIэ, а еплъыкIэр сэркIэ тэмэмкъым. Апхуэдэ еплъыкIэхэр зэтхъуэкIын хуейщ. Щхьэ мыпхуэдэу егупсысхэрэ жыпIэмэ, ахэми я нэхъыжьхэм деж апхуэдэу щызэрагъэщIахэщи, аращ жысIэфынущ.
Хуитыныгъэ радио: Уэ уи хэку Къэбэрдейм укIуэжыпэну ухуей?
Жыку Шамил: Сыхуейщ, си хэкум сыкIуэжыну. Абы сыщылажьэну сыщыпсэуну сыхуейщ ауэ, абы ипэ къихуэу Урысыбзэмрэ абы и къэрал хабхэхэри зэзгъэщIэн хуейщ. МащIэкъым, ди адэжьхэм хэкур къызэрабгынэрэ илъэс I50 блэкIащ, Iэджэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэхъуа къыщIэкIынущ, сытыми текноложиер сэбэп мэхъур,
интернетымкIэ хэкурысыри хэхэсыри дызэрощIэ, зэхъуэкIыныгъэхэри зыдогъэщIэф, дымыщIэ куэди хэкурыс ди ныбжьэгъухэм деж щызыдогъащIэ, сэри ахэм хуэдэу си хэкужьым сыкIуэжыну сыщыпсэуну сыхуейщ.
Хэхэс Адыгэ нобэ зи нэхъыжьыгъуэхэм куэдым жаIэ, иужьырей илъэсхэм ди хэкужь гъуэгур зэIуха хъуат дыкIуэну, зи мыхъуми ди Iыхьлы ди лъэпкъэгъухэр тлъагъуну насып тхуэхъунупIэрэ жаIэри.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие