Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэс 95-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзыр


КъБР-м и къэралыгъуэр илъэс 95-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым къищтащ махуэшхуэр гъэлъэпIэным хиубыдэ Iуэхухэр. Мы гуфIэгъуэм ехьэлIа Iуэху нэхъыщхьэхэр республикэм         и къалащхьэм щекIуэкIынущ шыщхьэуIум и 31-мрэ фокIадэм и 1-мрэ.

ШыщхьэуIум и 31-м:

Сыхьэт 11-м КъБКъУ-м медицинэмкIэ и колледжым гуфIэгъуэ дауэдапщэ къыщызэрагъэпэщ а еджапIэм и унэр зэрагъэпэщыжауэ къызэрызэIуахыжым и щIыхькIэ.

Сыхьэт 14-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуах республикэм и художникхэм я отчёт гъэлъэгъуэныгъэу «2016 гъэм и бжьыхьэ» зыфIащар. Апхуэдэу щхьэхуэу ягъэлъэгъуэнущ лъэпкъ музейм и фондхэм щахъумэ экспонатхэр. Ахэр гуфIэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирихьэлIэу республикэм кърата тыгъэхэрщ.

Сыхьэт 15-м КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ и музейм къыщызэIуах сурэттеххэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ «Налшык – лъагъуныгъэм и тхыдэ… Унагъуэ альбом» сурэт выставкэр.

ФокIадэм и 1-м:

Сыхьэти 9-м щегъэжьауэ муниципальнэ еджапIэ псоми щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэр илъэс 95-рэ зэрырикъум, ЩIэныгъэм и махуэм ятеухуа дерс зэIухахэмрэ лекцэхэмрэ.

Сыхьэти 10-м «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.

Сыхьэти 10-рэдакъикъэ 20-м гуфIэгъуэ зэхыхьэ Къэбэрдей уэрамым щекIуэкIынущ абы щыщу лъэс зекIуапIэу зэрагъэпэщыжа Iыхьэр къызэрызэIуахыжым теухуауэ.

Сыхьэт 11-м ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щекIуэкIынущ музыкэм щыхурагъаджэ кадет корпусыр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэхэр.

Сыхьэт 12-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унэм КъБР-м и цIыху пашэхэм къэрал  дамыгъэхэр щратыжынущ.

Сыхьэт 13-м республикэ шыгъэжапIэм къыщызэIуахынущ нэгъуэщI къэралхэм я лIыкIуэхэри зыхэт «Iуащхьэмахуэ и кубок» шыгъажэр.

Сыхьэт 13-м «Восток» кинотеатрым и гупэм деж зэщIыгъуу концерт щатынущ ветеранхэм я хорымрэ Налшык музыкэм щыхурагъаджэ и школхэм я сабий хорхэмрэ.

Сыхьэт 13.30-м Лениным и уэрамымрэ Балъкъэр уэрамымрэ я зэблэкIыпIэм деж къыщызэIуах Олимп щIыхьым и аллее.

Сыхьэт 14.30-17.00-хэм Абхъаз утым хьэщIэхэр щрагъэблэгъэнущ республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ ягъэхьэзыра уней лъапсэхэр. Апхуэдэу мыбы щылэжьэнущ промышленностымрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ я ехъулIэныгъэхэр щагъэлъагъуэ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр нобэ» выставкэр.

Сыхьэт 18.00-19.30-хэм ЗэгурыIуэныгъэ утым щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэр илъэс 95-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ концерт.

Сыхьэт 19.30-м Абхъазым и утым махуэшхуэ салют щатынущ.

Сыхьэт 20-м Къэбэрдей уэрамым тет «Победа» кинотеатрым и гупэм къыщызэрагъэпэщынущ «Налшык фIыуэ слъагъу си къалэщ» арт-фестивалыр.

А зэман дыдэм ЗэгурыIуэныгъэм и утым къыщызэIуахынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм теухуа кинофестиваль.

adyghepsale.ru