Тыркум щыIэ адыгэхэр Багъ Марьям къыщхьэщожыр


Къэбэрдей-Балкъэр республикэм и Iэтащхьэ 
КIуэкIуэ Казбек деж 

ПщIэ зыхуэтщI зиусхьэн КIуэкIуэ Казбек!  Тыркум щыпсэу адыгэхэм, бзэр, хъумэным,  ехьэлIауэ плъапIэу, гугъапIэу диIэр Хэкуращ. Iуэхур апхуэдэу щIыщытыри гурыIуэгъуэщ - Хэкум Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ адыгэбзэр, ди культурэр хъумэным, зегъэужьыным  пыщIа Iуэхугъуэхэр къэралым и къэрукIэ и IэмалхэмкIэ зэфIэпхыфыну.

Ауэ иужьырей заманхэм Хэкум къикI хъыбархэм ди гур якъутар: псом япэу зигугъу тщIыр Урысейм и парламентым Хабзэ къызэрищтаращ адыгэбзэм ухуейм уеджэ ухуэмейм уемыджэ хъууэ игъэуву.

ИтIаникI адыгэ республикахэм и унэфэщIхэми, Хэкум щыпсоу дэтхэнэ зы адыгэми, псом хуэмыдэжу зыгуэр зыхузэфIэкIыу уэтыку ит лIыфIхэми дыфщогугъыр, а Хабзэ езы Урысейм и Конституциями къемызэгъу къалъытэм зыгуэрурэ фыдекIуэкIыу адыгэбзэм жылагъуэми, къэралыми иджыри къэс щиубыду щыта увыпIэр евмыгъэутIыпщIыну.

Нобэ нэхъыбэу зыщIыпхуэдгъазэр, Налшыч епщыкIуплIанэ еджапIэм къыщекIуэкI мыхъумыщIэхэр аращ. Дэ зэхэтх хъыбархэм къызэраIуатэмкIэ - нэгъабэ а еджапIэм класс нэхъыжьхэм щеджэ сабийхэм, абыхэм я адэ-анэхэм къытыракъузэурэ жырагъыIащ адэкIэ адыгэбзэм еджэн хуэмей хуэдэу. АдыгэбзэкIэ тхылъхэр библиотекам къыщIадзащ, адыгэбзэкIэ езыгъаджэ егъэджакIуэ зыбжанэ еджапIэм IуагъэкIащ.

Ди жагъуэ дыдэ хъуаращ, а щIэпхъэджагъэхэр яхуэзымыдэу уэтыкум къизылъхьахэм ящыщ   егъэджакIуэ Багъ Марьям зэхэзехуэн ящIу I4-нэ еджапIэм ищхьэр къызэрыIурагъэхар.

Марьям и хъыбар дэ куэд щIауэ зэхыдох ди культурэм, ди бзэм ехьэлIауэ и тхыгъэ купщIафIэ, бзэ дахэкIэ тхахэм тфIэгъэщIэгъуэну зэIэпытху доджэр. Мы Iуэхухэм фIыуэ хэзыщIыкIыу дызыщIэупщIахэм зыжьэу жаIэр: Багъ Марьям и IэзагъэкIи и лэжьыгъэм псэемыблэжу зэрыбгъэтымкIи, Хэкум зы егъэджакIуэ исмэ - етIыуанэщ: - жаIэри.

ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Казбек, дэ шэч къытетхьэркъым уэ мы уи пащхьэм итлъхьа Iуэхугъуэхэм узэригъэпIейтем, узэригъэгузавэм,  пхуэзэфIэкIи блэжьыну яужь узэритым, ахэр адыгэхэм я фейдэ хэлъу зэфIэха хъун щхьэкIэ. ИкIи, Тхьэм жиIэм догугъэр дэ ди Iуэху еплъыкIэри, ди гукъеуэхэри гулъытэншу къомыгъэнэну.

ПщIэ къыпхуэзыщIхэу:

Хьэгъундокъуэ (Yaşar Aslankaya), Тыркум щы1э Хасэхэм я федерациям и Тхьэмадэ.

Тхьэмокъуэ (Cihat Ulus), Бизнесмен ,егъэджак1у1э.

Щоджэн (Ümit Dinçer), Истэмбыл Хасэм и Тхьэмадэ.

ПщыукI (İbrahim Şahin), Сивас къалэ Хасэм и тхьэмадэ

Емуз (Beyazıt Tarakçı) , журналист.

Тегъуэлэн (Yakup Temel) , нэмк1э дохутыр.

Мэмхагъ (Mutlu Akkaya), Къэисыр къалэ  хасэм и унэфэ1щхэм хэтщ.

Борэн (Hayrettin Seyhan) , Къэисыр къалэ Хасэм и тхьэмадэ

Бэзир (Abdullah Tezgi) , Анталие хасэм адыгэбзэмк1э и егъэджак1уэ.

Идарей (İsmail Özdemir), Сауди Аравиям щылажьэ  бинесмен.

Къарэ (Sinan Özkan), Къэрал къулыкъущ1э.

Молэ (Levent Kaplan), Истэмбыл аэропортым и диспетчер

Дзэшокъуэ (Ahmet Çelik), Мэрэш къалэ Хасэм и унэфэш1хэм яхэтщ.

27/12/2018 гъ

zapravakbr.com