Адыгэ бзэщIэныгъэрылажьэхэр иджыри зэгурыIуэкъым алыфбейм и IуэхукIэ


Тыркум деж Адыгэ дил дернегъи жыхуиIэ Адыгэбзэ Зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща семпозиюмыр щэбэтымрэ Тхьэмахуэ махуэхэм Истанбул деж щекIуэкIащ.

Абы кърихьэлIащ Адыгэ Республикэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Йордание, Израилым и Къфар-Къамэ къикIа щIэныгъэлIхэр, журналистхэр.

Ажанс Кавкас интернет хъыбаргъэIум къызэритамкIэ Адыгэбзэ Зэгухьэныгъэм адыгэбзэр джынымкIэ езым ягъэхьэзыра латин алыфбейр къагъэсэбэпын хуейуэ трегъэчыныхьыр.

ИкIи игъэхьэзыр проектхэмкIэ Европэ Зэкъуэтри къыдоIэпыкъур. Симпозиюмым и лъабжьэ хуэхъуар адыгэбзэр латин алыфбеймкIэ джыныр аращ.

Адыгэбзэ Зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тары Али Ихьсан илъэс куэд хъуауэ игъэхьэзыра латин алфавитыр интернетыми кърилъхьауэ абыкIэ хуейхэм адыгэбзэ дерс яретыр.

Абы нэмыщI Адыгэбзэ Зэгухьэныгъэм  адыгэ хэхэсхэр зыщыпсэу къэралхэм зэдэуэныгъэ къызикIа адыгэбзэ конгре Анкъара деж къызэригъэпэщауэ щытащ.

Абдеж Тыркум къэрал еджапIэхэм етхуанэ классхэм щыщIэдзауэ адыгэбзэр  латин алыфбеймкIэ ирагъэджэн хуейуэ лэжьыгъэ зэрагъэкIуэкIри ягъэIуат.

Тыркум деж кириллицэ алыфбейр зымыдэ адыгэ зэщIэхъееныгъэхэр куэд мэхъу Адыгэбзэ  Зэгухьэныгъэр я пашэу. Ахэм къалъытэ, Тыркур латиницэм зэрытетым хуэдэу адыгэ алыфбейри абы тегъэхьэжын хуейуэ. Абы нэмыщIу, нобэ адыгэхэр зыщыпсэу хамэ къэрал 50-м щIигъум и нэхъыбапIэр латиницэщ зэрытхэри зэреджэри. Кириллицэр яфIэгугъущ хьэрф зэгуэт куэд зэрыхэтым папщIэ.

Адыгэбзэр латин алыфбеймкIэ зэраджын хуейм теухуа симпозиумым пэджэжащ Тыркум щыIэ адыгэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэ КАФФЕД зи фIэщыгъэцIэ федерасионыр. Абы и сайтым  къызэритащи адыгэбзэр латин алыфбеймкIэ мыхъуу кирилл алыфбеймкIэ джын хуейуэ дэфтэр къыдигъэкIащ икIи зэдэуэныгъэм ари къыхэхьащ.

Апхуэдиз илъэс лъандэрэ адыгэбзэр джынымкIэ къагъэсэбэпа кирилл алыфбеймкIэ тха тхылъхэр, материалхэр, абы къинэмыщIауэ абы къихьа хъугъуэфIыгъуэхэр нобэ латин алыфбеймкIэ Тырку къэрал еджапIэхэм щыщIадзэу щытым а псори зэпыуну, лъэпкъыри хэкум пэIэщIэ ищIыну къыжызыIэ КАФФЕДым жеIэр, «Адыгэбзэр джыным теухуауэ ди федерасионым Тыркум деж курыт еджапIэхэм лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр щаджыну хуит зэращIрэ адыгэбзэри абхъазыбзэри кирилл алыфбейм тету зэраджыным делэжьащ икIи нобэр къыздэсым апхуэдэу щаджыр. Тыркум щыIэ адыгэхэм латин хьэрфхэмкIэ къызэгъэпэщауэ алыфбейт куэд щыIэщ, ар псоми дощIэр, апхуэдэ алыфбейхэм яхэтщ макъ зэтемыхуэхэмкIэ ди адыгэбзэм и зэран къекIыну, абы нэмыщI латин алыфбейхэр къэдгъэсэбэпынут жэуэ абы елэжьхэри зэгурыIуауэ щыткъым» жэуэ.

2013 гъэм Анкара деж етIуанэ бзэ конферанс щекIуэкIам и кIэух гъэнэIуэныгъэм КАФФЕД зэгухьэныгъэм къыщыхегъэщыр, «Латин алыфбейр и лъабжьэу щIэбдзэм абы хэкурыс  адыгэхэмрэ хэхэсхэмрэ гугъуехь дыхидзэнущ, хэкурысхэми кирил алыфбейкIэ зэраджым щхьэкIэ, абы къинэмыщI ди хэкужьым щызэрахьэ алфавитым дытемыту нэгъуэщI алфавит къэдгъэсэбэпу щытым хэкум нэхърэ нэхъ пэIэщIэ дыхъунурэ ди бзэри тхуэмыхъумэжыфыну аращ, итIанэ ди щIэблэми зыри къахуэдымыгъанэфу дыхэкIуэдэжынущ» жэуэ.

Адыгэбзэр хэкужьым деж 1920 гъэм хьэрып алыфбейкIэ, 1924 гъэм латин алыфбейкIэ яджащ. 1936 гъэм къыщыщIэдзауи нобэр къыздэсым кирилл алыфбеймкIэ щаджыр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие