Къэбэрдей Балъкъэрым деж кризисым цIыхухэр гукъыдэжыншэ ещI махуэшхуэр ягъэлъапIэну


Гъатхэпэм и 8-м къэрал зыбжанэм деж щагъэлъапIэ бзылъхугъэм и махуэр. Ар бзылъхугъэхэр я хуитыныгъэхэм  щIэбэныным теухуа махуэщ.  

Абы и  тхыдэр кърегъажьэ  1857  гъэм.  Апщыгъуэм  гъатхэпэм и 8-м  Нью-Йорк  деж ,  щэкI зэIущэ бзылъхугъэхэм пэкIу къызэрагъэпэщат.  Ахэм  ягъэуват я лэжьапщIэр хагъэхъуэну,  я лэжьыгъэ щытыкIэхэр ирагъэфIэкIуэну, цIыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ зэхуагъэдэну. А пэкIур щекIуэкIар бзылъхугъэ махуэу къалъытэ хъуащ.

Илъэс зыбжанэкIэ ар  къэрал зэхуэмыдэхэм махуэ щхьэхуэхэу ягъэлъапIэурэ къекIуэкIащ.

1975 гъэр бзылъхугъэхэм я къэралыбэ махуэу Лъэпкъыбэ Зэлъыкъуэувахэм я ЗэщIэхъееныгъэм триIуащ. 

Нобэ бзылъхугъэхэр хулъхугъэхэм хуэдэу гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хэтщ.

Къэбэрдей Балъкъэрым ис цIыхухэм мазаем и 8-р зэрагъэлъапIэр,  абы  сыт хуэдэ гукъыдэж иIэу пежьэми Хуитыныгъэ Радиом къеэпсалъащ, Аушыджэр къуажэ щыпсэу, хущхъуэ щащIым щылажьэ  Шэрджэс Риммэ.

Шэрджэс Риммэ:  Гъатхэм и пэм деж, мы дунейм цIыхубзу тетым ягъэлъапIэр мартым и 8-р ар цIыхубзэхэм я махуэщ. А махуэм деж дэтхэнэ зы цIыхубзри гулъытэншэу къагъанэу къысщыхъукъым. Псалъэм папщIэ дэтхэнэ щхьэгъусэ бын  яIэхэщ, а махуэр къэса иужь я щхьэгъусэхэр я бынхэр къыщехъуэхъум и деж я гуапэ мэхъур. Уеблэмэ куууэ уегупсысу щтымэ ар гуфIэгъуэшхуэщ щхьэ гъусэ идежкIи быным и дежкIи. НэгъуэщI лъэныкъуэкIи укъелъу щтыми, щхьэгъусэ зимыIэж куэди щыIэщ ди жагъуэ зэрыхъунщи, ауэ къуэ яIэу а махуэм деж тыгъэ къыщыхуищIым и деж,тыгъэ хэмытми  ау игу къэкIа закъуэщ удз гъэгъа хуищIу щтыми ар и гуапэ мэхъур. Сэ езым зыкъэсщтэжынщи, псалъэм папщIэ адэ сиIэщ дэлъхуитI сиIэщ а махуэр къыщысам и деж дагъэлъапIэр. Си анэмрэ сэрэ допщафIэ Iэнэ къытыдогъувэри дыщысщ. Дэ унагъуэм хуэдэщ дэтхэнэ зы адрей унагъуэхэри ди гъунэгъухэри ди къуажэгъухэри.

АдэкIэ доупщI,  нобэ зи махуэ бзылъхугъэхэм  я дуней я гъащIэкIэ ярэзыхэ, сыт хуэдэ гукъеуэ яIэхэ нобэрей я гъащIэмкIэ. А упщIэмкIэ зыхудогъазэ Нальшык къалэ щыпсэу, пенсэм щыс унэгуащэ  ПщыхьэщIэ Аслижан.

ПщыхьэщIэ Аслижан:  Сэ мы иджырей дунейм сызэрытетымкIэ унагъуу сызэрыщытымкIэ, си гъащIэм зы лъэныкъуэкIи сыхуаарэзыщ зы лъэныкъуэкIи сыхуэарэзыкъым. Сызэрыхуэарэзыращ си бынхэр къыдэкIуэтеящ щхьэгъусэ сиIэщ унагъуу сопсэу си бынхэр жыIэдаIуэщ къызэмыдаIуу зыри ящIэкъым. Ауэ зыкIи сарэзыкъым. Иджырей щIалэгъуалэр къыдэкIуэтея иужькIэ унагъуэ ихьэу щтымэ емызэгъхэу зэрыздэпсорэ куэди мыщIауэ зыбгъэдэкIыж куэд къызыхэкI щыIэщ. Ахэр къызыхэкIыращ. Сабий мыгъэсар нэгъуэщI унагъуэ щыхыхьэкIэ, ахэм я акъылымрэ я хьэлымрэ зыдырагъэкIун хуещи зыдырамыгъэкIуфыу мис абыхэмкIэ конфликт яхуиIэ мэхъури зэбгъэдокIыж. Аращи сэри согузавэр зыхэхьэну унагъуэм дауэ щыхъуну пIэрэ, езэгъыну я хьэлым техуэну  жысIэу абы сыригузавэу аращ. Езыхэр мыкъуаншу щтыми зыхэхьа унагъуэр мыгъэсамэ сэ сщIэ мыгъуэрэ, ахэм гъэсэныгъэ нэгъуэщI яIэмэ зэмызэгъынкIэ хъунущ. Иджыри сыщIэмыарэзы щыIэщ, иджыпсту гъащIэр гугъу хъуащ сом къэблэжьыну гугъущ, а сом къэблэжьар уи щхьэ кIэрыплъхьэн щхьэкIэ спори лъапIэ хъуащи ди щхьэ кIэрытлъхьэфкъыми сарэзыкъым.

Мазаем и 8-м теухуауэ зыхудогъазэ Теплосетым щылажьэ, Псыгуэнсу къуажэ щыпсэу Ибрахьим Рустам.

Хуитыныгъэ Радио: Рустам, цIыхубзхэм я махуэр дауэ бгъэлъпIэну зыгуэрым зыгуэр хуэпщIэн уигугъэ хьэмэ зыри умыщIу ущысыну?

Ибрахьим Рустам:  Мазаем и 8-р цIыхубзхэм я махуэ дахэщ, А махуэр сэ сфIэфIщ. Си анэ си шынхъухэм сехъуэхъун  тыгъэ яхуэсщIын щхьэкIэ. МыткIэ си пщащэми удз гъагъа есту и гуапэ сщIын щхьэкIэ. А махуэм и деж си анэмрэ си шыпхъухэмрэ къасщтэнурэ кафем  сшэнурэ яхуэзгъэлъапIэнущ. Ахъшэ сиIэм сыкъызэрикIкIэ фэилъхьэгъуэ зэрызи яхуэсщIын сигугъэщ.

Кугъуэт Ася хущхъуэ щапIэ тыкуэным щолажьэ,  абы гукъыдэж хуиIэкъым мыгъэрей гъатхэпэм и 8-м.   

Кугъуэт Ася:  Праздник гуфIэгъуэр сытым дежи фIыщ, псоми ягъэпразникынущ а махуэр. Удз гъэгъахэр зыпэубыдауэ къащэхухэу зыр зым ехъуэхъуу щытынущ. Ауэ сэ мыгъэм си Iуэхухэр зыхуэхъукъыми сщIэкъым а махуэм апхуэдэдыдэуи синэ къыхуикIкъым. КъыхуикIыну къыщIэкIынт ахъшэ сиIатэмэ, ауэ сиIэкъым.Сыздэлажьэ лэжьапIэм мазитI хъуауэ ахъшэ къыдатакъым, къыдамытамэ дэнэ къисхын ахъшэ. Ахъшэ уимыIэмэ праздникыр пхуэщIкъым гукъыдэжи уиIэкъым.

Сыхуейт, си благъэхэм зыгуэрхэр къасщэхуу сахуэупсэну, си ныбжьэгъухэм я гъусэу си нэгу зезгъэужьыну .  Ауэ сыхуекIэ зыфIэкIкъым ахъшэ сызэримыIэм къыхэкIкIэ зыщIыпIи сыкIуэнукъым.

Хуитыныгъэ Радиом къепсэлъахэм зэрыжаIэмкIэ, бзылъхугъэхэм я махуэр щхьэж зэрахуэхъу зэрахузэфIэкIхэм хуэдурэ ягъэлъапIэнухэщ. Мы махуэхэм тыкуэн  базэрхэм, саугъэт удз гъэгъахэр  куэду щащэ, цIыхухэми куэду къащэхур. Концерт сытхэр щыIэхэщи цIыхубэм я нэгу зэрагъэужь.

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей-Балъкъэр