Адыгэ бэдаущ Iуэхузехьэ Къарэ Ратмир Сирием къикIыжахэу КъБР-м и Благовещенко къуажэм дэс унагъуэхэм дэIэпыкъуну гукъыдэж зиIэхэм сэбэп зэрыхъуфынум теухуауэ и еплъыкIэр утыку къырилъхьащ.
«Гу къабзэ» зи фIэщыгъэцIэ щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыуэ аубы утыку къырилъхьащ «НасыпыфIэу хэсэн» зи фIэщыгъэцIэ акцэ.
Сирием къикIыжа адыгэхэу къуажэм дэсхэр лэжьапIэншэу къэмынэн папщIэ ахэм къыхузэраггъэпэщынущ хадэм зэрилэжьыхьын Iэмэпсымэхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ.
Мы Iуэхугъуэм и пэжагъыр къигъэлъагъуэу «кIэртIофыр етIуанэ щIакхъуэщ» жыхуиIэ псалъэжьыр къыщыгъэлъэгъуащ мы тхыгъэм.
ИкIи ар и лъабжьэу хадэм илэжьыхьыныр зэрыIэмалыфIыр къегъэлъагъуэр абы.
«Мы акцэм ипкъ иту гукъыдэж зиIэ псомикIи Iэмал яIэщ мы зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм ядэIэпыкъунухэу. ИкIи ахэм дэтхэнэ зыми яхузэфIэкIым хуэдиз хадэм жылэ хасэнкIэ зыщIагъакъуэ хъунущ»-жеIэр Къарэ Ратмир.
Гъатхэпэм и 27 махуэм япэ дыдэу, Налшык къалэ дэс нэрыбгэ щхьэхуэм мы Iуэхум и къежьапIэу кIэртIоф къэпибл жылапхъэу яритащ Благовещенко дэс Сирием къикIыжа адыгэ унагъуищым.
Мы «Гу къабзэ» псэпащIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр ядоIэпыкъур Сирием къикIыжа адыгэхэу КъБР-м щыIэхэм. ИкIи ахэм я нэхъыбэм иджыпсту, хьэрычэтыщIэ псапащIэхэм мылъку зэхалъхьэхэурэ унэлъапсэ къыхуащэхуащ.
Ауэ зэкIэрэ иджыри унагъуэ 20-м щIигъу Налшык къалэ и зыгъэпсэхупIэ щхьэхуэхэм щIэсхэщ.
ИкIи ахэм къэралыр сэбэп зэрвхуэмыхъум къыхэкIкIэ цIыху къызэрыгуэкIхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIэгъэкъуэн яхуохъухэр. АдэкIэ Сирием къикIыжа адыгэхэу КъБР-м щыIэхэм я Iуэхур зытетым теухуауэ «Гу къабзэ» жыхуиIэ псапащIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм жыджэру хэт Жэмыхъуэ Заур Хуитыныгъэ Радиом къыжриIар мыращ:
«Иджыпстуи я нэхъ проблемэ къызыхэкIыр тхылъымпIэ Iуэхухэращ. Мы ди Iэпхъуэшапхъуэхэм елэжь IуэхущIапIэри тэмэмыщэу лажьэкъым, езыхэм я тхылъымпIэхэми зы ныкъусэныгъэ мыхьэнэ зимыIэ къыхэкIамэ ар фIэгъэнапIэ ящIыр. Абы къыщынэмыщIа унэ зылъымысауэ Налщыч «Терек» зыгъэпсэхупIэм щIэсхэм фIыщIэдгъэкIыжынущ, е ахъшэ къыдэфт жыраIэхэу хъыбархэр зэхыдох. МыдэкIэ я шхынкIэ езыхэм къалэжьыфыр къалэжь, мыдреимкIэ дэри зэзэмызэ дыдоIэпыкъу, псапащIэ щхьэхуэхэм зыкъыщIагъакъуэр. КъэкIуэжынут иджыри цIыху, ауэ Iэмал ягъуэткъым. Къэралыр зыкIи сэбэп хъукъым. Иджы дыдэ зы унагъуэ къагъэзэжати зы хъыджэбз цIыкIу и тхылъымпIэхэм зыгуэр дагъуэри ТыркумкIэ ирагъэзэжащ».
Сирием илъэс еплIанэм нэблэгъауэ зауэ щокIуэкI. Абы ипкъ иту а къэралым щыпсэу адыгэ мин бжыгъэхэр псэ зэпылъхьэпIэм хэхуауэ щытщ. А Iуэхум ипкъ иткIэ Сириер ябгынэхэурэ адыгэхэр мэIэпхъуэхэр, нэхъыбэу я лъэпкъэгъухэр здэщыпсэу къэралхэм - Иорданием, Тыркум, Европэм.
АрщхьэкIэ ахэр нэхъыбэу здагъэзэжыну здыхуейр, езым я адэжь хэку Кавказ Ищхъэрэрами апхуэдэ Iэмал зыгъуэтыр мащIэ дыдэщ.
ИкIи иджыпсту зэкIэрэ Кавказ Ищхъэрэм и АР, КъБР-хэм Сирием къикIыжыу зыгъэзэжыфа адыгэхэм я бжыгъэхэр мин 15- нэблъагъэхэу аращ.
Мыбы къыдэкIуэу Сирием икIыу Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм я бжыгъэр, абы щыIэ адыгэ жылаггуэ зэгухьэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ мин 10-м зэрыщIигъурэ куэд щIащ.
Апхуэдэу Иорданиеми Iэпхъуащ адыгэу мин зыбжанэ. Ахэр нэхъыбэу мы къэралхэм щIэкIуэм и лъабжьэ щIэлъыр я хэкум Кавказ Ищхъэрэм кIуэжынухэу Iэмал зэрамыгъуэтыращ. Мыбы теухуауэ абы зэран къахуохъур Урысейм и хабзэхэм къахуигъэув щытыкIэ гугъухэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал