Пщыгъуэтыж Марьянэ.
Урысейм деж Мэзкуу, Петербург хуэдэ къалэшхуэхэм нэмыщI мыдрей нэхъ цIыкIухэм, псом хуэмыдэу Ищхъэрэ Кавказ республикэхэм лэжьапIэншэр зэрылъагэм къыхэкIыу куэдыр къалэшхуэхэм макIуэ. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ куэд илъэс къэс Мэзкуу, Петербург хуэдэ къалэхэм мэIэпхъуэ. Абы ехьэлIауэ статистикэ щыIэкъым.
Языныкъуэми къохъулIэри къонэж, языныкъуэми къагъэзэж. Къалэшхуэхэм лъэпкъ куэд щызэхуозэ, щIэнхабзэкIэ менталитеткIэ зэщхьэщыкIыу. А цIыхухэр зэрызэхэзагъэм теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом зыхуигъэзащ Пщыгъуэтыж Марьянэ. Марьяна илъэсиплIкIэ Мэзкуу щыпсэуащ , ауэ иджы Нальшык къигъэзэжащ и хэкужь исыжу и Iыхьлыхэм пэгъунэгъуу псэумэ нэхъ къищтэу. Иджыпсту Марьянэ хущхъуэ щащI завод «Фарма Интернейшинал» зи фIэщыгъэцIэм щолажьэр.
Хуитыныгъэ Радио: Марьянэ, мис Мэзкуу укIуэри ущылэжьащ, Къэбэрдей Балъкъэрымрэ Мэзкурэ зэплъытмэ сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр яIэ ?
Пщыгъуэтыж Марьянэ: Москва сэ сыщылэжьащ. Ар къалэшхуэщ, цIыху куэд щопсэу зэмылIэужьыгъуэ лъэпкъхэу. Езы Москва къалэм укъыдэмыкIыу зыщIыпIэ укъикIыу адрейм укIуэн щхьэкIэ зэман куэд токIуадэр. Псалъэм папщIэ иджыпсту си ныбжьэгъу дэсхэм зэман куэд трагъэкIуадэ лэжьапIэ къудейм кIуэнум, зы сыхьэт сыхьэтитI гъуэгуанэм тету апхуэдэщ.
Хуитыныгъэ Радио: ЦIыхухэм уеплъмэ Мэзкуу щыпсэухэмрэ мыбыкIэ щыпсэухэмрэ я дуней тетыкIэм зэмыщхьыу сыт хэлъ?
Пщыгъуэтыж Марьянэ: Псом нэхъапэ узыншагъэ жаIэр ахэм. Илъэсым лэжьапIэм къырат зыгъэпсахугъуэхэр къащтэри щIыпIэ ямылъэгъуахэм, щIыпIэщIэхэм, нэгъуэщI къэралхэм макIуэхэри зыщагъэпсэху я узыншагъэр ирагъэфIакIуэ. Уеблэмэ ди адыгэ цIыху куэдым ар яхузыфIэкIкъым, къащтэми а махуэхэр жыг хадэ унагъуэ Iуэху сытхэм трагъэкIуэдэжыр замыгъэпсэхуауи лэжьыгъэм щIадзэжыр. Ди адыгэ лъэпкъым мыхьэнэ зырит куэдым Москва дэс Iыхухэм ираткъым етын хуеуи къалъытэкъым абыхэм. Сэ лэжьапIэ сыздэлэжьа цIыхухэм жаIэжхэурэ зэхэсххэт илъэс 17-18 хэм я адэ анэхэр я унэхэм къагъанэурэ къалэ мыцIыхухэм къалэшхуэхэм кIуэурэ еджэхэт я щхьэ Iуэху щызэрахуэхэт щылажьэхэт.
Зыхуэбгъадэмэ дэ ди адыгэ унагъуэ куэдым яхузыфIэкIынукъым я быныр яутIыпщу темышыныхьыу, зыгуэр гъусэ хуамыщIу къалэшхуэ яутIыпщыну. Москва цIыху дэсхэмрэ Нальшык къалэ цIыху дэсхэмрэ я дуней тетыкIэр зытехуэкъым. ИпэкIэ зэрыжысIащи зэман куэди тырагъэкIуадэкъым мыдэкIэ дэс цIыхухэм зытырагъэкIуадэ Iуэхугъуэхэм. ЗыгъэщIэрэщIэным цIыху хыхьэн хэкIыным сытыр къысхужаIэну дауэ къызэплъа хъуну жаIэу цIыхубэм къыхужаIэнум егупсысу щытхэкъым. КъызэрысщыхъумкIэ налшыч къалэ дэс цIыхухэм узыншагъэр куэдым IэщIыб ящI, химыгъэзыхьыпауи иужь ихьэхэкъым. Нэхъыбэ зэмани ахъши фэ илъхьэгъуэхэм трагъэкIуадэр. Налшык дэс цIыхухэр куэдым йогупсыс куэди зыхуагъэхъур. Псом нэхъапэ ахэр йогупсыс хэт дэнэ деж къысхужиIа къызэплъа хъуну жаIэу. АбыкIэ жысIэну сызыхуеращи цIыхур зыхэт общесвэм нэхъ зытыригъэхуэну зыхигъэзэгъэну иужь итщ.
Хуитыныгъэ Радио: Мэзкуу щыпсэу цIыхухэм Къэбэрдей Балъкъэрым икIа цIыхухэм щхьэкIэ сыт хуэдэ гупсысэхэр яIэ, фIыуэ къалъагъуу я нэгу зэлъыIухауэ къахущытхэ?
Пщыгъуэтыж Марьянэ: ЦIыху зыхущытыныгъэкIэ къапщту щытмэ Москва дэс цIыхухэр дапхуэду Кавказ къикIахэм зэрыхущытыр жыпIэмэ, сэ сищхьэкIэ сыкъапщту щтымэ сэ сызэрихьэлIа цIыхухэр гуапэу къысхущытащ, зыри Iей жаIэуи зэхэсхакъым щхьэ сыкъэкIуауэ сылажьэрэ жысIэу си жагъуэ къащIу зей къысхужаIакъым. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи эджэрэ зэхэсхащ си ныбжьэгъу куэдым жаIэжу тхьэй сыкъэкIуэха тхьэй сыщылажьэрэ мы щIыпIэм жаIэу. Ахэри фIырэ Iейрэ здэщымыIэ щыIэкъыми апхуэдэхэм ящыщу къызолъытэр.
Хуитыныгъэ Радио: Лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ Мэзкуу сыт хуэдэ, абыкIэ ущылэжьэну нэхъ тынш?
Пщыгъуэтыж Марьянэ: ЛэжьапIэ IуэхукIэ Москва къалэм уеплъмэ, лэжьыгъэ нэхъ куэду щыIэщ, лэжьапIэ куэдми уIуувэфынущ куэдми уеплъыфынущ. Ауэ къыщхьэщыкIэрэ жыпIу къапщту щтымэ, абы лэжьыгъэ уздэувым уи щхьэм илъым зэрыхэпщIыкIым, улажьэну узэрыхуейм узэрыхущIэкъум еплъыу аращ Мэзкуу къалэкIэ.
***
«Кавказский узелым» зэритхымкIэ, Къэбэрдей Балъкъэрым ис цIыхухэр я щIыналъэ имысыжу икIын хуей щIэхъум и щхьэусыгъуэр, лэжьыгъэ IэнатIэ зэрыщымыIэмрэ, улахуэ ятхэр егъэлеяуэ зэрымащIэмрэщ. КъыщынэмыщIауи,дапхуэду цIыхухэр Къэбэрдей Балъкъэрым икIыу, нэгъуэщI къалэхэм щылажьэн хуей хъуми, ахэр щогугъ зэман дэкIмэ лэжьыгъэ IэнатIэхэр ягъуэт хъужуыну, лэжьапщIэ тэмэмхэр къалэжьыфыну я хэку щыпсэужыфыну.
Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр