КъБр-м экстремизмым пэщIэтыным елэжь министрыщIэ трагъэуващ


КъБР-м и унафэщI КIуэкIуэ Юрэ шыщхьэIум и 3-м жиIащ, щIалэгъуалэм ехьэлIа политикэмрэ ахэр экстемизмым пэIэщIэ щIынымрэ республикэм и куей щхьэхуэхэм я унафэщIхэм я лэжьыгъэхэр зегъэкIуэным елэжь министр IуэхущIапIэм и унафэщIыу  игъэуващ Къуэшырокъуэ Залым зэрытригъэувэр.

НэхъапэIуэкIэ а  министерствэр къэзэрызэрагъэпэщар республикэм и унафэщIым утыку кърилъхьауэ щытащ гъэмахуэ шылэм и 27-м.

Мыпхуэдэ унафэр КъБР-м и унафэщI КIуэкIуэ Юрэ къыщищтэм щыгъуэ жиIащ:

«Мыр къызэгъэпэщакIуэ Iэзэщ, зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIщ. Сэ сызэригугъэмкIэ мыбы сэбэпынагъэшхуэ къыпыкIынущ. Экстремизмымрэ терроризмымрэ ебэныным ехьэлIа упщIэ гугъум угуэшауэ уелэжь хъунукъым».

НэхъапэIуэкIэ Къуэшырокъуэ Залым республикэм къулыкъу нэхъыщхьэхэр щиIыгъащ. Ар республикэм и унафэщIыуэ щыщытам щыгъуэм КъБР-м и президентым и IуэхущIапIэм и унафэщI къуэдзэ къулыкъур. Къэшырокъуэр республикэм и цIыхубэм нэхъыбэу къызэрацIыхуар мы щIыпIэм куууэ щыщыт щIы Iуэхум ехьэлIа упщIэхэм республикэ унафэщIым къыбгъэдэкIыуэ щыхэлэжьыхьаращ. Абы щыгъуэм мы къулыкъущIэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмкIэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдыр арзэхыхэкъым.


АдэкIэ мы Iуэхум теухуауэ и еплъыкIэ Хуитынгъэ Радиом къыжриIащ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Мурзэкъан Абубэчыр:

«Мы Iуэхумрэ абы пэрагъэува Къуэшырокъуэмрэ зэхуэпхэнджщ. НэхъапэIуэкIэ абы иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмкIэ цIыхубэм и деж фIыкIэ зыкъыщигъэлъэгъуакъым. Абы къыхэкIкIэ сэ абы мы лэжьыгъэр хуэгъэзащIэнууэ къэслътэркъым. КъулыкъущIэ цIыхум къыхуаутIыпщ мылъкур зышхыу есахэм апхуэдэ лэжьыгъэ пэрыбгъэувэми,  аращ ящIэнур. Мыр щIащIар ахъшэшхуэ мы Iуэхум трагъэкIуадэри ар зыгуэрурэ къагъэлъагъуэжын хуейщи мис абдежым щхьэщалъэфыжыну аращ».

Илъэс зыбжанэ хъуауэ КъБР-м IэщэкIэ зэпэщIэувэныгъэхэр зэпымыуауэ къыщокIуэкIыр.
Абы ипкъ иткIэ 2005 гъэ лъандэрэ КъБР-м и закъуэ цIыху мин 3-м щIигъу и нэхъыбэр щIалэгъуалэу хэкIуэдащ.

Иджы дыдэ гъэмахуэ шылэм и 29-м щыгъуэ Урысейм и шынагъуэншагъэм елэжь министр IуэхущIапIэм и унафэщ Александр Бортников и еплъыкIэхэр утыку къихуащ.  Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ «экстремизмыр Урысейм и кIуэцIым къыщагъэувыIэным папщIэ къэралым къарууэ иIэу хъуар абы ирихьэлIэн хуейщ».

КъБР-м и закъуэ мы иужь тхьэмахуитIым я нэхъ мащIэ цIыху 13 щаукIащ, зауэлIу къалъытэри.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал