Сергей Арутюнов
КъБР-м щыIэ «Къэбэрдей конгресс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бейщто Аслъэн и электрон почтэм тхыгъэ къэкIуащ Урысейм щIэныгъэмкIэ и академием лъэпкъхэм еелэжь институтым и Кавказым ехьэлIа къудамэм и унафэщI Сергей Арутюнов и тхыгъэ.
Мы тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ Кавказ Ищхъэрэм ирахуауэ Сирием щыпсэу лъэпкъхэм Iэмал имыIэу иджыпсту я хэкум ягъэзэжынукIэ Урысейр сэбэп хъун хуейуэ щыжеIэр. Зэман кIэщIкIэ абы иужь итуэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм я «Натпресс» информ къулыкъум апхуэдэ дыдэ тхыгъэ къыхуэкIуащ. Мы зыхуэгъазэныгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ Сергей Арутюновым и еплъыкIэр утыку къырелъхьэр иджыпсту Сирием Кавказ Ищхъэрэм ирахуауэ щыпсэу лъэпкъхэр гумащIэгъуэшхуэхэм зэрыхэхуам ипкъ иткIэ Урысей Iэмал имыIэу ахэр къызэщIикъуэу я хэкум ягъэзэжынымкIэ сэбэп хъун хуейхэу. Мы щIэныгъэлIым и псалъэхэм къыщIегъур мыпхуэдэ Iуэхум хэт пэувымикIи абы хабзэншагъэ цIыхугъэншагъэ зэрихьэу.
Фигу къэдгъэкIыжынщикIи мыбы къыщынэмыщIа мы иужь зэманхэм Урысейм и нэгъуэщI щIэныгъэлIхэу журналист цIэрыIуэхэу Максим Шевченко, Мустафа Джемаль сымэ я еплъыкIэхэрикIи утыку къихуахэщ. АхэмикI наIуэу къагъэлъагъуэр иджыпсту Урысей къэралыгъуэр Iэмал имыIэу Сирием щыпсэу адыгэхэу абы къыщекIуэкI зауэм ипкъ иткIэ щытыкIэ гугъум ихуахэр къыришыжыурэ я хэкум Кавказ Ищхъэрэм ишэжын хуейуэ, ахэм я унагъуэр я хэкужьым щаухуэжынымкIэ сэбэп хъун хуейуэ. Ар щхьэкIэ зэкIэрэ мыпхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм я зыхуэгъазэныгъэхэми, езы адыгэ лъэпкъым и жылагъуэ IуэхущIакIуэхэми я зыхуэгъазэныгъэ бжыгъэншэ Урысейм хуащIахэм зэкIэрэ хуэфащэн жэуап игъуэтыжакъым.
Мыбы ипкъ итуэ Iуэхур зытетымрэ и еплъыкIэмрэ Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ I990-гъэхэм лъандэрэ адыгэ Iуэхум жыджэру хэт Бырхьэм Мухьэмэд:
«Нэгъэсауэ и пэжыпIэр Арутюновми, Шевченки, Джемальми жиIэкъым. Мыхэр къоувыIэр, пэжым и ныкъуэм носри къоувыIэри щхьэусыгъуэ гуэр иIэу къыщIэкIынщ, е шынагъэ яIыгъщ иджырикI. Къапщтэмэ сэ си щхьэкIэ си фIэщ хъуркъым сэ Урысейм сеикI и къуэншагъэр къилъытэжыну, адыгэ и гупар къыхуагъэзэну. Мы дунейм сыт хуэдэ лъэпкъ тетми къырагъэхьэнущ, сыт иIысри хуащIэнущ, ауэ акдыгэр къырагъэхьэнукъым. Сэ ахэр акъылыншэу къызолъытэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ цIыхум дозэгъыр. Адыгэ лъэпкъыр зэмызэгъ мы дунейм теткъым. ЦIэрыIуэу щопсэур сыт хуэдэ къэралми адыгэр. ИтIани гъуэгу къыдаткъым, икIий къыдатыну я мурадкъым. Аращ дэ дызыгъэдзыхэри, гупщысэ Iейм дыхэзылъхьэри арэзы дызымыщIри.»
Сирием зауэр зэрыщIидзэрэ илъэс 4-м щIигъуащикIи дунейм и къэрал куэдым щыIэ адыгэхэм утыку къыралъхьэр абы щытыкIэ гугъум ихуауэ щыIэхэр я хэкум ягъэзэжынымкIэ дэтхэнэ зыри сэбэп хъун хуейуэ. ИкIи абы ипкъ итуэ адыгэ жалагъуэ IуэхущIакIуэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэдым пэкIухэр ящIыхэщ, я мыарэзыныгъэр къагъэлъагъуэу утыку къихьахэщ. Ар щхьэкIэ мы Iуэхум зэкIэрэ Урысейм и унафэщIыми, Кавказым щыIэ адыгэ республикэхэми я унафэщIхэми хуэфащэн мыхьэнэ иратуэ щыткъымэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитынгъэ радио. Баркук Инал