Тыркум и lизмир Iэгъуэблагъэм къэнэжар адыгэ къуажищщ


Мыщэ Беслъэн. Тыркум lилк Куршун къуажэм щыщщ, Истанбыл.

Тыркум и Iизмир къалэ Iэшэлашэм адыгэ къуажэ 15 яухуауэ щытам щыщу иджы  къэнэжар къуажэ цIыкIуи 3-щ. 

Абы и щхьэусыгъуэ хъуахэмрэ Iизмир хэгъуэгум щыпсэу адыгэ къуажэхэм я щытыкIэмрэ теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къепсэлъащ,   Iилк Куршун жыхуиIэ Iизмир адыгэ къуажэм щыщ Мыщэ Беслъэн.

Хуитыныгъэ Радио: Беслъэн, lизмир къалэм къепхауэ сыт хуэдиз адыгэ къуажэ щыIэхэр?  Ахэр къуажэшхуэ, сыт хуэдэ адыгэ лъэпкъхэра щыпсэухэр? 

Мыщэ Беслъэн:  Адыгэ lизмир къалэ деж щитlысыкIам жылагъуэ 12 хуэдиз хъут. lизмир къуажэм епхауэ нобэ адыгэ къуажэу къэнэжар шапсыгъ жылагъуэ цlыкIу дыдэхэу къуажищщ. А жылэхэм щыщ нэхъыбэр lизмир, Истанбыл, Анкъара хуэдэ къалэшхуэхэм щолажьэ, щопсэу.  Ауэ ахэм я лъапсэ зыщамыгъэгъупщэу хьидхэм, гъэмахуэхэм я къуажэ, жылэхэм къокlуэж. 

Мы жылэхэм къэна зы мащIэ дыдэри мэкъумэш лэжьыгъэ икlи былым lуэхум пылъщ. Ди къуажэ lилк Куршун-м дэс адыгэ унэцlэхэр -  Бат, БжашIо,  Хъагъур,  Мамыжъ,  Мышъэ,  Натхъо,  Пшъаукъо,  Ратыкъу,  Шъао,  Щхъалахъо,  ШъащIу,  Таймаз,  ТIэшъу,  Тхъагъушъ, Тхъаухъо Лъэпшъыкъу, ЛIыхъужъ,  Ушый,  Хъуаджэ, Хъаткъо, ХъокIон.

Хуитыныгъэ Радио: Фи къуажэхэр 12 хъууэ щытащ, иджы къэнэжар къуажищыу жыбоIэ, сыт апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэр?

Мыщэ Беслъэн: Япэрей дунейсо зауэ лъэхъэнэм ди жылэхэм хъулъхугъуэ щыIахэм нэхъыбэр тыркудзэм хэтати, нэхъыбэр а зауэхэм хэкIуэдащ. ЕтIуанэу асимиласион политикхэм и зэранкIэ нобэ къуажищщ къытхуэнэжар. Ауэ мы къэнэжа жылэхэм дэсхэр адыгэбзэми, адыгэ хабзэми пылъщ. Сэ си жылагъуэ lилк Куршунум адыгэ хэкум щыщ щIалэ егъаджэ къакIуэри ди жылэм щыщ ныбжьыщIэхэм адыгэбзэ яригъэщIащ. ИтIанэ мы ныбжьыщIэхэм ди тхьэмадэхэри къадыIэпыкъукIэрэ я хэкужьым яшэри абы тхьэмахуэ хуэдиз адыгэ жылагъуэхэм хэкурысхэм я унэхэм щыхьэщIащ. Тыркум мащIэ дыдэ дыхъуауэ дыщыпсэуми адыгэу дыкъэнэжыным ижь дитщ.

Адыгэ шапсыгъ жылагъуэхэр нэхъ здитIысыкIа Тыркум и къухьэпIэ хэгъуэгухэр экономикэ, социал гъащIэ илъэныкъуэкIэ нэхъ зиужьауэ щытщ, нэхъ къулейхэщ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие