Къэбэрдей–Балъкъэрым щыпсэухэр иротхьэусыхэ къэрал псэупIэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм


Къэбэрдей Балъкъэрым деж, лэжьапIэншэхэр зэрыщылъагэм, лэжьыгъэ зиIэхэри я Iуэхум зэрыIуагъэкIым, я улахуэр зэрыпаупщIым, папщIэкIэ ябгъэдэлъ сомыр мащIэщи псэупIэ коммунал хьызмэтым ягъэсахэм и уасэр ирамытыфкIэрэ щIыхуэ зытрагъыхьэ.  

Республикэм щыпсэухэм зэрыжаIэмкIэ, коммунал хъызмэт лэжьакIуэхэр хабзэншэу мэлажьэ, цIыхухэм ямыгъэсахэр кIэщIатхэ.  Псалъэм папщIэ ар дыдэр жеIэ Хуитыныгъэ Радиом и псалъэгъу Нартан жылагъуэм щыпсэу Къылшыкъуэ Анзор.
  
Къылшыкъуэ Анзор: Къыдыхьэ контролерхэм зыхузыфIэкIхэм ягъэсар къэзгъэлъагъуэ Iэмэпсымэм къридза бжыгъэхэр кърахри, езыхэм зыхуер траухуэ. Нэхъ къулехэм яйм кърираха бжыгъэхэр нэхъ зыхузыфIэмыкI тIорысэхэм трагуашэ, кIэщIатхэри тхьэмыщкIэхэр ягъэпшынэну хэтхэщ. Аращи хьэкум Iуэху мэхъури къызэролъэфэкIхэр. Псалъэм папщIэ сэ сищхьэр къэсщтэнщи, сэ плIэ хьэкумым естащ. Згъэсар къэзгъэлъагъуэ Iэмэпсымэм ит бжыгъэхэр мазэ къэскIэ схьыурэ и уасэр зэрестым хуэдэу къыскIэщIатхэти, схуэмышэчыж щыхъум хьэкумым естахэщ. Сэ здестар Шэджэм хьэкумырати, си Iуэхур абы щызыхагъэзэрыхь хуэду ящIри, Налшыч и хьэкум нэхъыщхьэм къратыжащ, икIи сом мин 60 нобэхэм къыстралъхьау стелъщ. Апхуэду хьэкумым дызэретыурэ илъэсибл мэхъу дызэрызыпэщIэтри, нобэр къыздэсым си Iуэхур зыхэкIакъым. Сом мин пщыкIуплIым щигъу къызолэжьри и зэхуэдитIыр псэупIэ коммунал хъызмэтым изот. Псори зэхэту сом минибл сом миний макIуэр. Къыдэхуэ тIэкIумкIэ бынищри езгъэджэни хуейщ, шхыни къэсщэхуни хуейщ. Аращи щхьэкъэIэт димыIэу дымылажьэу хъукъым. 

АдэкIэ а Iуэхум теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ Радиом къыхуеIуатэ, Налшыч къалэ щыпсэу КIэрэф Маринэ. 

КIэрэф Маринэ: Сэ пенсым сыкIуакъым, ауэ си щхьэгъусэм песу сом мин I3 къратри абы щыщу дэ унагъуэм къытлъысыжыр мащIэ дыдэщ. Сыту жыпIэмэ псэупIэ коммунал хъызмэтым псори макIуэж.  Газым сом мин 4, псым сом 500, интернетым 1000, уэздыгъэми 1000, аращи мазэм ику иту сом минибл хуэдизыр догъэс. КъинэмыщIауэ хущхъуэ къэщэхун, шхын къэщэхун, хабзэ щIэн, сабий егъэджэн. Мис ахэм псоми дыхуещи сом къытхэхъуэр къыдомащIэкI. 

Хуитыныгъэ Радио: Мазэм и кIуэцIым вгъэса бжыгъэхэр къэзгъэлъагъуэ  Iэмэпсымэм къридзам емыльытауэ, нэхъыбэ ирагъэту, цIыхухэм щыкIэщIатхэ къэхъурэ?

КIэрэф Маринэ: Сэ апхуэдэ къысщыщIащ. Къуажэм дэту унэ сиIэщ, км 40 тпэжыжьэщи мазэ къэс сыкIуэжыфкъым. Аращи мазэм и кIуэцIым вгъэса бжыгъэхэр къытхуэфхь жаIэри, сэ яхуэсхьфкъым. Аращи мазэ къэс къыщытхуэвмыхькIэ жаIэри езыхэр зыхуейхэр къыткIэщIатхэ. Сом минищэм нэс къыстратхащ нобэхэми, апхуэдиз щIысхуатхам и щхьэусыгъуэр къэсщIэн хуейуэ сыщытщ. 

Хуитыныгъэ Радиор зэпсэлъахэм зэрыжаIамкIэ унэ хуэIухуэщIэхэр ирамытыфкIэрэ уэздыгъэр, газыр, псыр щыпаупщI къохъу. Иратын сом щабгъэдэмылъкIэ, псэун папщIэ ахэр ямыIэу хъукъыми,хабзэм йобакъуэхэри унагьуэхэм езыр езырурэ, хуэIухуэщIэхэр къадыгъуурэ къыщыхаш къохъу. 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр