Къэбэрдей-Балкъэрым щIалэгъуалэр нэхъ икI хъуащ, лэжьапIэ щхьэкIэ


Шыбзыхъуэ Астемыр, Налшык, Къэбэрдей-Балъкъэр.

Хэкурыс щIалэгъуалэм еджапIэ нэхъыщхьэ къаухми лэжьапIэ и лъэныкъуэкIэ гугъу йохьхэр. Зыгуэрэхэр къадыIэпыкъуурэ лэжьапIэ увами, абдеж ират улахуэр мащIэ дыдэщ.  «Лъэпкъ Iуэхум уегупщыcын щхьэ уи ныбэ изу щытын хуейщ» жеIэ Налшык университетыр мы гъэм къэзыуха Шыбзыхъуэ Астемыр.

Астемыр Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, нобэ Къэбэрдей-Балкъэрым щIалэгъуалэм я Iуэхур зыIутымкIэ деупщIыну.

Шыбзыхъуэ Астемыр: Лэжьэну куэд макIуэ, и ныкъуэр щыкIуэм деж я гугъэр «дыкIуэнщ, тIэкIу дылэжьэнщи къэдгъэзэжынщ» жаIэ,  ауэ абы кIуа нэужь абдеж ахъшэ нэхъ къыхэхъуэу  цIыхум нэхъ щилъэгъуам иужькIэ, нэхъ хуэныкъуэхэри къонэ, абдеж щыпсэуну.

Унагъуэхэр щаухуэ. Иныкъуэхэм ящхьэ ар илъу, зыхуейр ящIэжыу лъэпкъым щыщ щIалэу щытмэ хъыджэбз елъыхъуэ, хъыджэбзыу щытым щIалэ къелъыхъуэ.

Псоми апхуэдэ гупщысэ яIэми абы куэдыр нэгъуэщI лъэпкъхэм докIуэ, нэгъуэщI лъэпкъ къашэ. Аращи лъэпкъыр зыхэзэрыхьа мэхъу. НэгъуэщI лъэпкъ зэбгъэдэсым и гугъу сщIыкъымэ, дэ ди лъэпкъ зыбгъэдэсыжыуэ Мэзкуу дэсхэм бзэр яфIокIуэдыж.

Аращи, щIыпIэ куэдым щхьэусыгъуэ хэха иIэщ. Апхуэдиз цIыху бзэ хамэкIэ псалъэу укъыщаухъуреихьым деж, абыхэм узыщIамышэнкIэ, ахэр къыплъэмыIэсынкIэ Iэмал иIэкъым.

Мыбдеж дэс щIалэгъуалэр, псалъэм папщIэ, сэ къыздеджэхэр, еджапIэр къэдыухащ, ар гугъущ Iейуэ, уздэкIуэнур къыпхуэщIэкъым.

Къыздеджэхэм, цIыхуищ плIым, я благъэхэм я фIыгъэкIэ къагъуэтащ лэжьапIэ, ауэ адрейхэм я щхьэ здахьынури,  ящIэнури ящIэкъым.

ЩIамыщIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым завод,  фабрикэ щыIэкъыми аращ, лэжьапIэр мащIэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъащIэм зэрыпсэууэ щытар мэкъумэш лэжьыгъэращ.  ЩIалэгъуалэр иджыпсту ахэм хуейкъым. ЩIалэгъуалэр зыхуейр пэшым щIэсыу, компьютерым бгъэдэсу хуейщи, ари ягъуэткъымэ.

Адыгэ къуажэхэм цIыхухэр нэхъ къыдокIыр иджырей зэманым, къалэм къокIуэхэр. Къалэхэм заужьри, къуажэхэр хуокIуадэр. Мы Iуэхум утепсэлъыхьыу щIэбдзэмэ, зы кино псо пхутехынущ.

Хуитыныгъэ Радио: Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьапIэр мащIэщ жыбоIэ, лэжьапIэ къэзгъуэтхэм я улахуэм теухуауэ сыт къыджепIэнт?

Шыбзыхъуэ Астемыр: Улахуэр псалъэм папщIэ сом 10.000- 15.000 къахьыу щытмэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ар тэмэму аращ.

Ауэ ар яхурикъукъым мащIэ дыдэщи. ЦIыхур аращ щIикIыр. ЛэжьапIэ къэбгъуэтауэ сощIри, яхурикъукъымэ лэжьапщIэр.

Къуажэдэсу щытым Iэщ зэрахуэми, хадэм кърахми, абы тIэкIу зыгуэрыурэ зыхуагъэхъу,  ауэ у-къалэдэсу щытмэ, апхуэдэ зэфIэкI уиIэкъым.

Аращи мис апхуэдэм и деж цIыхур гугъуехь пэщIоувэ, Мэзкуу сыкIуэн, нэгъуэщI къалэ сыкIуэн, жери йогупсысыр, аращ цIыхур щIикIыр. Аращи емыкIу яхуэпщI хъунукъым зыми. Я щхьэ япIыжын хуейщ.  

Лъэпкъ Iуэху жыдоIэ, лъэпкъ Iуэхум уегупщысын щхьэ, уи ныбэ изу щытын хуейщ.  ЦIыхум и щхьэ здынэсыр и ныбэ из зэрищIынур, и сабийхэр зэригъэшхэнуращ. Ди цIыхухэр хуэщIауэ нэхъ псэууэ щытатэмэ, лъэпкъ Iуэхум елэжьыр нэхъыбэ хъунут.


Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэгъуалэм къыхагъэщ, езыхэр фадэми тутын хуэдэхэми нэхъ зыпыIуадз хъуауэ, ауэ лэжьэну, шхэжыну щхьэкIэ зыхуей хуэмызэу.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр, Налшык