Урысейм къыщащтащ хабзэ, экстремизмым щхьэкIэ тезырхэр нэхъ ткIий ищIу


Урысей Федерацэм и президент Путин Владимир Iэ щIидзащ хабзэщIэм, экстремизмым хуэгъэпсам. Абы къызэригъувымкIэ, иджы интернетым экстремизм Iуэхуу къалъытэ гуэрым къыщыхуебджэу щытым, ар криминал Iуэхуу лъытапхъэщ, икIи тезыр ткIий абы къыпэкIуэнущ. А хабзэр хабзэхэр къыздыралъхьэ къэрал сайтым къихуащ мэкъуэгъуэм и 30-м. ХабзэщIэ иджы къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хелъхьэр иджыри къэс экстремизмым ехьэлIауэ къекIуэкIыу щыта хабзэхэм. Иджы интернетыр къэбгъэсэрэпу экстремизм е сепаратизм къыхуебджау щытым, абы щхьэкIэ е къэралым зэлымыгъэкIэ ухуэлэжьэн хуейщ, е илъэситхукIэ уагъэтIысынущ. Апхуэдэ дыдэ тезыр тохуэр лъэпкъхэм, е динхэм я зэхуаку зэмызэгъыныгъэ къэзыгъэхъуну хэтхэми.

Абы нэмыщI хабзэщIэ къащтам къызэригъувымкIэ, экстремизм Iуэхугъуэ гуэрым ахъшэ хэплъхьэу щытым, илъэсищкIэ уагъэтIысынущ. Уи къулыкъу къэбгъэсэрэпу экстремист гупым уадэIэпыкъуу щытым, илъэсих хьэпсым уисыну тезыр къыптыралъхьэнущ. Террор IуэхугъуэкIэ мылъку гуэр зэбгъэгъуэтау щытым, хабзэщIэм къызэригъувымкIэ, къэралым ар къыптырихыну хуитщ. Мы хабзэр мэкъуэгъуэм и 20-м Къэрал Думэм къищтау щытащ, мэкъуэгъуэм и 25-м Федерацэ Хасэм кIуэцIырыкIащ.

А хабзэм и гъэзэщIэкIэ хъуным теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къепсэлъащ "Стратегие" къэхутэныгъэ купсэм и лэжьакIуэ, тхыдэтх Щауэ Азэмэт:

"Мы интернетым ис цIыхухэм я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэ зыщI хабзэ къащтэхэр гъэщIэгъуэнщ. Мы дуней псом радиоми, телевидениеми, интернетыми цIыхухэм я хуитыныгъэхэр нэхъ ину зэрыщытын хуейр къагурыIуауэ щытщ. Махуэ къэскIэ мы къэралыр топсэлъыхь "Гражданское общество", "правовое государство" жыхуаIэхэм. Абыхэм ядежкIэ псом нэхъыщхьэ дыдэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэр аращ. Мы хабзэр экстремизм щымыIын щхьэкIэ къащтауэ щытщи, мыбыи лъэныкъуитIкIэ укъеплъ хъунущ. Япэрауэ, къэралыр дыгъуакIуэ, хъунщIакIуэ, укIакIуэ, IэщэкIэ зыщIэузэда гупхэр щымыIэным йолэжь. Интернетыми хоплъэр хэт дэпхуэдэу щыт - жаIэу. Зы къэрал щыIэкъым цIыхур щхьэхуиту интернетым щис. Къэрал хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр кIэлъоплъ абы. Ауэ сыт хуэдэ къулыкъу цIыхум экстремизм гупсысэкIэ иIэм зыхэзыгъэкIыныр? Апхуэдэ иджыпсту къэралым иIэ? Хэт зыхэзыгъэкIыныр ар экстремизмрэ мы экстремизмрэ? Къэмыхъуну пIэрэ къэралым апхуэдэ политикэ къэру, зыгуэрым и зэран къихьын щхьэкIэ, и Iуэху зыхикъутэн щхьэкIэ мы хабзэр къигъэсэбэпу, мис мыр экстремистщ жиIэу? "Экстремизм" псалъэм сыт хуэдэ Iуэхури пхуепхыну щытщ. "Расизмыр" цIыхум и фэкIэ, и динкIэ, нэгъуэщI зыгуэркIэ занщIэу убзыхуауэ плъагъу щхьэкIэ, экстремизмым и Iуэхур апхуэдэу наIуэкъым. Хэти экстремисткIэ уеджэфынущ. Къэралым и Iуэхур тэмэму дэмыкIым, цIыхум ар тэмэму къимылъытэу ар жиIамэ, ар экстремисту лъытапхъэ? Экстремистыр Iэщэ къэзыщтэхэр ара, хьэмэрэ ар къэзыщтахэр зымыгъэкъуаншэр ара? Ар Iуэхушхуэщ, икIи къэралыр абы хуэхьэзыру сэ къэслъытэкъым. Шэч хэмылъу цIыхум кIэлъыплъын хуейщ. Зыри зыкъуэмылъ цIыху тэмэмым, зи Iуэху тэмэму псэун Iуэху зезыхуэм зыкIи мы хабзэр лъэIэскъым. Зыми жиIэкъым псори утIыпщауэ щхьэж зыхуейр ищIэу щытын хуейуэ. Зыгуэрыми кIэлъыплъын хуейщ, цIыху мыхъумыщIэми хабзэ гуэр ехьэлIэн хуейщ. Ауэ ар зыхэзыгъэкIыфу, зыпкъырыхауэ цIыхум бгъэдэзылъхьэфын къулыкъу сэ слъагъукъым".

Экстремизм Iуэхугъуэм нэмыщI, интернетым ехьэлIауэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къащтэну хоплъэр Къэрал Думэр. Псалъэм папщIэ Думэм и унагъуэ Iуэхухэмрэ, сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ я Iуэхухэмрэ и комитетым и тхьэмадэ Мизулина Елена и жэрдэмкIэ ягъэхьэзыр хабзэ проект, интернетым паспорткIэ фIэкI уихьэ мыхъуу ящIыну. Интернетым илъыр, депутатым къызэрилъытэмкIэ, гуэшын хуейщ "сабийхэм щхьэкIэ" жыхуаIэмрэ, "бэлигъхэм щхьэкIэ" жыхуаIэмрэкIэ. Сабийхэр зэплъ хъуныр псоми ялъагъуу щытынущ, ауэ бэлигъхэм щхьэкIэ интернетым илъу къалъытам уеплъын щхьэкIэ, уи паспортымкIэ уи ныбжьыр къыщIэбгъэбыдэн хуейуэ ящIыну хелъхьэр Мизулинэм.

"Нобэ пIэщхьэгъ IуэхукIуэ зэлымыгъэ зытехуэ сабийхэм ящыщу Iыхьэ пщIанэр илъэс ирикъуакъым - жеIэр Мизулинэм. - Фегупсыс, Iуэхухэр кIуатэ пэтми нэхъ икIэ хъунущ, абы ткIийуэ дыпэщIэмыувэм". Мы жэрдэмыми интернетым щытепсэлъыхьым,блоггерхэм жаIэр абыкIэ къэралым и нэIэ щIигъэувэну хуейуэ дэтхэнэ цIыхур сыт хуэдэ сайт ихьэми, сыт ирищIыхьыми. "Апхуэдэу, сайтхэм ущихьэкIэ уи паспорткIэ уихьауэ щытым, къэрал тIасхъэщIэххэм ящIэнущ уи хьэлэмэтхэри, уи уэшэрэгъухэри, нэгъуэщI хъыбари къыптеухуауэ". 

Мизулинэм къызэрилъытэмкIэ, сабийхэр щыхъумэн хуейщ хъыбар мыхъумыщIэхэм, икIи ар интернетыр зытым идежкIэ къыщежьэн хуейщ, амыхъу компьютер къэс программэ тырагъувэн хуейуэ аракъым, сабийхэр зы сайт гуэрхэм имыхьэфу ящIын щхьэкIэ.

Иджыри зы хабзэ къэрал Думэм кIуэцIырыкIащ япэ щIэджыкIыныгъэм. Абы къызэригъувымкIэ, Урысейм и цIыхухэм ятеухуауэ хъыбар зыри хамэ къэрал серверхэм щыпхъумэ хъунукъым. Иджыпсту хабзэ "Хъыбарымрэ, хъыбарыбэ технологиехэмрэ, хъыбарыр хъума зэрыхъунымрэ" жыхуиIэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэну хуейщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, иджы "ЦIыхум теухуауэ хъыбар щызыхуэпхьэсым, ар интернетым щыкIуэцIырыкIым, интернетыр зыт IуэхущIапIэм Iэмал имыIэу а хъыбархэр зыхуихьэсурэ ихъумэн хуейщ, икIи Урысейм щыIэ хъыбарыбэ базэхэм ирилъхьэн хуейщ".

Абы нэмыщI зы интернет-сайт гуэрхэм илъыр зэрану къалъытауэ щытым, "Роскомнадзор" къулыкъум а сайтхэр игъэбыдэну хуитщ, хьэкум унафэ хэмыту.

Хъыбарыбэ технологиехэм елэжьхэм къызэралъытэмкIэ, мы хабзэщIэр зы лъэбакъуэу аращ Урысейм facebook-ымрэ google-мрэ щагъэбыдэн щхьэкIэ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур