Илъэс дызытехьэм Урысейм и экономикэр ехуэхыну хуегъэфащэ Дунейпсо Банкым


Урысейм и экономикэр нэхъ лъахъшэ хъууэ аналитикхэм къыхагъэщ куэд щIауэ, къэралым санкцэхэр тралъхьэн зэрыщIадзэрэ.

Санкцэ хуагъэув Европэми, Зэгуэт Штатхэми, нэгъуэщI къэралхэми, Украинэм зыкъэзыIэтахэр урысейм диIыгъыу жаIэри.  Дунейпсо Банкым къызэрипщытамкIэ экономикэ ехуэхыр епхащ щIыдагъэм и уасэ ехуэхым, абы епхыжауэ улахуэри.

Экономикэм зимыужьмэ ар дауи социал щытыкIэм къытещынущ япэрауэ, абы цIыхухэр хуэарэзынукъым.  КъызэрыгуэкI цIыхур зэрыпсэур я улахуэращи  зэхамыщIэу къанэнукъым ахэм я улахуэ пыбзыкIыр.  Армырами къэралыр иджыри тэмэму къыээкакъым ипэрей экономикэ кризисым, апщыгъуэхэми улахуэкIэ гугъу драгъэхьащ жаIэр куэдым.

Сэбаншы Жанзилэ курыт еджапIэ къызэриухрэ мэлажьэ къыпэщIэхуэ сыт хуэдэ лэжьыгъэригъэзащIэу. Абы и псалъэмкIэ, армырми зэикI улахуэ ин  Iакъым дэнэ щымылэжьами, иджы хагъэщIыжмэ дауэ дыхъуну жеIэр: «Дэнэ сыIумытами мащIэщ игъащIэм къэсхьар, иджы доллар дэкIуеим къэрал экономикэр епхауэ жари абыкIэ ди улахуэи хагъэщIыну зэхыдох, экономикэм хузэфIэмыкIыу.  Армырми къэралым лэжьыгъэ дахэ-дахэу щыIэкъым, дызыкъуэс улахуэм хагъэщIмэ ар дауэ, хагъэхъуэн ипIэкIэ хагъэщI. ЦIыхухэр нэхъ къулейсыз ящIыну аращ зыхэтыр».

Сэбаншым и псалъэмкIэ и экономикэм, и цIыхубэм хуэгузавэ къэралым Iэмал иIэнущ и Iуэхур доллар хуэдэхэм епхауэ щымытыу, езым и къэрал сомым пщIэ уасэ иIэу емыхуэхыным. КъызэриIуатэмкIэ, езы  игъащIэм  илъэгъуакъым доллар жыхуаIэр, си къаруукIэ къэзлэжь сомыр абы епхауэ щIыщытыр сэ къызгурыIуэкъым, сэ схуэдэ къызэрыгуэкI гусщIэрыпсэу цIыхуми ар зэикI къыпхугурыгъэIуэнукъым жиIащ абы.

Дунейпсо Банкым къызэртымкIэ, щIыдагъэм и уасэр нэхъ лъапIэмэ нэхъыфIщ урысей экономикэмкIэ, ауэ абы иджы   уасэ ехуэхым гугъэ къиткъым щIэх ар дэкIуеижыну жаIэр банкым и аналитикхэми. 

Сэбаншым и псалъэмкIэ, улахуэ мащIэм цIыхур зэмызэгъыжыу мыарэзыуэ ищIнщи, ар и уъежьапIэщ зэгурымыIуэныгъэм.

Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио