Урысей сомыр зэрекIурэхым хуэм ещI цIыхухэм я сатуур


ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Урысейм сыт щыгъуи уасэхэр докIуейр. Иджы абы имызакъуэу  псори зэрыхэхъуэр тралъхьэ доллэрыр лъапIэ зэрыхъум. Ар цIыхухэм къатехьэлъэу къыхагъэщ, уеблэмэ сату зыщIхэри хилъафэу.  Ауэ сытым хэхъуэми улахуэм зыкIи зиIэткъым жызыIи яхэтщ, стауущIхэри мэтхьэусыхэ сомыр пуд хъуащи  уежьэкIэ, къапшэкIэ зыри пхуэщэжкъым жаIэу.  

Иужь зэманым долларыр махуэ къэс дэкIуейуэ, зихъуэжыу зэрыщытым куэдыр щтэIэщтаблэ хуэхъуаэу йоплъыр.

Урысей ахъшэр нэхъ пуд хъууэ долларыр зэрыдэкIуейм дзыхь ямыщIыу я ахъшэхэмкIэ зыгуэрхэр къащэху, пхуэщэжын хуэдэу жаIэу.  Псори лъапIэ зэрыхъум егъэгузавэ щэхуакIуэхэм ямызакъуэу езы сатуу зыщIхэри.

Псалъэм папщIэ, хьэпшыпышхуэ зыщэу бэзэрым тетхэр зэпхар нэхъыбэкIэ долларыр аращ. Хамэкъэралхэм хьэпшыпхэр къыщрашкIи, къыхагъэщ, ахъшэм къыщIэкIыжыр мащIэщи пщэжынкIэ фейдэ тэмэму ямыIэу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, Болэт Раметэ сатуу щIапIэу зыбжанэ иIэщ бэзэрым деж. Зым щещэ щыгъын лъапIэхэр, фэм,  цым къыхэщIыкIауэ, адрейм хьэкъущыкъухэр, апхуэдэу зыми дыжьын дыщэхэкIхэр, адрейми нэгъуэщI хьэпшыпхэр жиIэурэ.

А ищэхэр абы къреш Тыркум,  Ираным, Азербайджаным,  Эмиратым. Псори зэрызекIуэр долларщ жи.  Аращи иджы абыхэм кIуэжыфкъым.  Илъэс 15 хуэдиз хъуауэ сожьэри иджы хуэдизыу уасэхэр долларым къыхэкIыу лъапIэ хъуауэ сщIэжкъым жиIащ:

«Сэ нэхъыбэу сызэпхар хьэпшыпщи, ар хамэкъэралым къызэрисшыр доллэрщи, иджы ар зэрыхэхъуам гугъу дрегъэхьыр.  Сыту жыпIэмэ, къызэрытшэм хуэдитIкIэ уасэхэри хэхъуащ, ипэхэм зы доллэрыр тумэнищкIэ къэтщэхутэмэ, иджы тумэних и уасэщи, абы сыт теплъхээжынур. ЛъапIэ зэрытщIрэ сатуур къэувыIащ, цIыхухэм лъапIэр ящэхуфкъыми, ящэхур Iэмал зимыIэ ерыскъыхэкIхэращ. Уасэхэр ехыжыну зыми  жиIэкъым, ауэ псори къигъэлъэгъуэну жаIэ илъэсыщIэ нэужьми деплъынкъэ, мыхъумэ зыхуэтщIыжыну къыщIэкIынщ ди сатуур, абы текIуадэр къимыщIыжрэ фейдэ къыдимытмэ ди гуъуехьыр тхутегъэкIуадэнукъым».

Езы Болэтыр апхуэдэу щыхъукIэ урысейм лэжьапIэ кIуэну, е ерыскъыхэкI ящэну йогупсысыр. АрщхьэкIэ, ахэри зы лIэужьыгъуэщ псори ахъшэ дэкIуей ехыи епхащ жи.

Абы къызэрыхишъэщымкIэ, бэзэрым абы и хъуреягъым сатуу къыдэзыщIэ псори мэтхьэусыхэ Iуэхур дауэ хъунуми, я сатуур къэувыIащи  ахэри мэтхьэусыхэр. 

Доллэрым хэхъуэн зэрыщIидзэрэ хагъэхъуар сыт жыпIэмэ уэздыгъэ, псы, гъуэз уасэхэращ, улахуэхэми, пенсэми  зэрыхагъэхъуа щIагъуэ щыIэкъым жаIэр цIыхухэм.  Доллэр хэхъуэр ди Iуэхухэм къытемыщыну къэрал унафэщIхэм  жаIэми, итIани  ар зыжьэхэуэр дэ тхуэдэу зи къарукIэ  псэужхэращ. ЦIыхухэм я щхьэ япIыж мыхъумэ къэралым къыбгъэдэкIыу абы яIэ дэIэпыкъуныгъэр мащIэщ, щхьэж и къару къызэрихьыжщ жиIащ Болэтым.

Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио