Молэ Левент. Тыркум Анкара къалэ
Дунейм и къэрал куэдым щикъухьа Адыгэхэм я нэхъыбэр Тыркум щопсэур. Адыгэхэм я хэкум къинар процентипщIыращ.
Иужьырей илъэсхэм Тыркум щыпсэу Адыгэхэр я хэкужьым нэхъ кIуэуэ, ар зэрагъэцIыхуну, я тхыдэ, я щэнхабзэр къащIэжыну иужь итхэщ. Нобэ Хэкурыс щIалэгъуалэм я гъащIэр зэрекIуэкI я дуней тетыкIэр къэтщIэну Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къхедгъэблэгъащ, Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхэм щыщ, Анкара къалэ щыпсэу Молэ Левент. -Левент уэ Къэбэрдейм ущыIащ, Хэкурыс щIалэгъуалэмрэ Тыркум щыIэ Адыгэ щIалэгъуалэр сыткIэ нэхъ зыщхьэщыкIырэ, я зэхущытыкIэ, я хьэлкIэ?
Молэ Левент: «Хэхэсхэмрэ Хэкурысхэмрэ тIэкIу зэщхьэщокI. Псалъэм папщIэ дэ илъэс I50 хъуауэ ды хэхэсщ. Апхуэдиз зэманым дауэ щымытыми ди хабзэ ди щытыкIэм зехъуэж. Дэ нэхъ дыщызэтехуэхэр къэдгъэсэбэпын хуейуэ къысщохъу. Дэ хэхэсхэр Полтик IуэхуэмкIэ Адыгагъэ IуэхухэмкIэ нэхъ ды хуиту щытщ. Хэкурысхэр апхуэду хуиткъым. Иджыри дыщызэтемыхуэ зы, мес сэ хуиту си бзэмкIэ сызэрымыпсалъэфыр. Апхуэдиз зэманым дибзэри тIэщIэхуащ. Хабзэри аращ, дэри зыкъом тIэщIэхуащ, хэкурысхэми яIэщIэхуахэщ. Ауэ дауэ щымытыми ды Адыгэщ, дыщызэтехуэр Iэджэщи мис ахэмкIэ нэхъыбэрэ дызэхэхьэ, дызэпыщIауэ дышытын хуейщ.
Хуитыныгъэ радио: «Хэкурыс щIалэгъуалэр хэхэс Адыгэхэм я хэкужь ягъэзэжыну хуей, ар ауэ жаIэ къудей мыхъуу пэжу ягъэзэжым нэхъ къащтэну?»
Молэ Левент: «Хэкужьым къагъэзэжым хуейхэри, хумейхэри щыIэщ. Дэ хэхэсхэм ди хэкум дгъэзэжын щхьа экономи дыхуейщ, зэман дыхуейщ. Абдеж щыIэхэри къыддэIэпыкъун хуейщ. Ягъэзэжыну хуейми, ‘Зэман куэд дэкIащ, IэджэкIэ дызыщхьэщокI, ар ди адэжь хэкущ ауэ дияпэкIэ мыбы дыщыпсэунущ’ ЖызыIэхэри щыIэщ. Я хэкужь згъэзэжыну хуейхэр япэ щIыкIэ зэ абы кIуэуэ къалъагъун хуейщ, къацIыхун хуейщ. ИтIанэ зи хэку зыгъэзэжыну хуейхэм папщIэ ахэр зыщыпсэу къэралхэри къадэIэпыкъун хуейщ. АрщхьэкIэ Къэралхэм ар яфIэмыфIу къысщохъу сэ. Я хэку ягъэзэжым абы здэкIуэжа и хэкум хэлъхьэныгъэ хуищIыну аращ, абы экономи хэлъхьэныгъэ хуащIынущ. Абы щхьа къэралхэри абы дыIэпыкъун хуейт. Нобэ къапщтэу щытым хэкум зыгъэзэжахэр мащIэдыдэщ.
Хуитыныгъэ радио: «Хэкурыс щIалэгъуалэр щымылажьэм идеж сыт хуэдэ щIыпIэхэра зыщагъэпсэхур, сыт нэхъ ящIэхэр?»
Молэ Левент: «Хэкурыс щIалэгъуалэр щымылажьэ махуэхэм я куъажэхэм мэкIуэж, абдеж зыщагъэпсэхуми къуажэ Iуэхухэри ящIэхэр. Нэхъ хущIэхьэхэр хы Iуфэхэм кIуэурэ зыщагъэпсэху. ИтIанэ хэкурысхэм куэдыр лэжьапIэ жари Москва хуэду къалэшхуэхэм макIуэхэр. Сытыми хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъыбэрэ дызэхыхьэм нэхъыбэрэ дызэрыщIэм нэхъ къытщхьэпэнущ.
***
Я Хэкужь зыгъэзэжыпIэну хуей Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ Урысейм и цIыхуу зырагъэтхын щхьа абы теухуауэ ягъэзэщIэн хуей хабзэхэр ткIийуэ щытщ, ахэр ягъэзащIэу Урысейм и паспорт къыIахынум гугъу ирегъэхьыр.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие