Бырс Реджаи, Тыркум Анкара къалэ, КАФФЕД-ым и лэжьакIуэ.
Хэхэс адыгэхэм я хэкур къызэрабгынэрэ I50 щырикъум ипкъ иткIэ Тыркум щыIэ, КАФФЕД зифIэщыгъэцIэ Адыгэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм конференс иригъэкIуэкIащ.
Хуитыныгъэ радиор здыхэта конференсыр махуиткIэ екIуэкIащ. Тыркум щыIэ адрей Адыгэ зэгухьэныгъэхэм къинэмыщIауэ Тырку къэрал парламентым хэт партхэм я депутатхэм щыщи къырихьэлIахэщ.
Политологхэмрэ щIэныгъэлIхэмри къыздырагъэблэгъа конференсыр къызэрыгъэпэща Каффед Адыгэ зэгухьэныгъэм и лэжьакуэхэм щыщ Бырс Реджаи Хуитыныгъэ радиом и мирофоным къыжриIащ конферансыр къыщIызэрагъэпэщамрэ зэрекIуэкIамрэ.
Бырс Ресаи: “Мыгъэм илъэс I50-рэ мэхъу дэ Адыгэр хэхэс дызэрыхъурэ. Иджыри къэс зыгуэрурэ дыпсэуащ, дияпэкIэ дызэрыхъур дыздырикIуэну гъуэгум теухуауэ зыкъэптщытэжыну, я джэнджэщхэр зэхэтхыну аращ конференсыр щIызэхэтшар. Адыгэр ди гупсысэ зэтехуэу дыщытын хуейщ, абы дыхуэныкъуэщ. Тыркум щыIэ адрей Адыгэ зэгухьэныгъэхэм деж дэ нэгъаби дыкIуащ зэгъусэу здэтIэтыну дызэдэлэжьэну дыхуейуэ. Ди цIэр Адыгэщ лъэпкъ Iуэхум деж дызэрыIыгъын хуейщ Iэмал имыIэу. Тыркум щыIэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэр псори дызэгурыIуу конфедерацэ дыухуэнуми нэгъуэщIыми сытыми дызэгъусэу дыщытын хуещ.
Хуитыныгъэ радио: “ХэкужьымкIэ сыт хуэдэ пыщIэныгъэ фиIэ, сыт хуэдэ Iуэухгъуэхэр зэфIэфIгъэкIырэ?
Бырс Реджаи: “ХэкужьымкIэ Дунейпсо Адыгэ хасэм хэт я нэхъ гуп иныр дэращ. Абдеж хъубжэр дэ тIыгъу жыпIэ хъунущ. МыткIэ Тыркуми дэнэ щыIэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэри дызэгъусэу дыщытыфым Урысейми дэтхэнэ зы къэралым дежи ди Iуэху нэхъ къикIынущ. Мы конференсым къыщыпсэлъахэм къыхэзыгъэща хъуахэщ, ‘Адыгэр фыхуъаIым фыщIакъым жыхуаIуу, ле къыттехьауэ.’ Сэ си лъэпкъым щыщ цIыхубзи цIыхухъуи къырамынэу яукIа нэжьт ар щыжаIэнур? Зы мазэм къыриубыдэу хы фIыцIэм а зэманым цIыху мин 500 хэкIуэдащ, бдзэжьей зэрамышхыр щыжыпIэкIэ, ‘Адыгэр фаухын щхьа мыр къыващIащ‘ щIыжывымыIэр сыт? Дэ зыри сыт кыщIыджевмыIэр жытIэу зыми и къурмакъейри дубыдакъым, ауэ дэ мы леишхуэр къызэрытлъысар цIыхубэхэр ирращIэ жыдоIэ, дэ аращ япэ дызыхуейр. ИтIанэ ‘Адыгэхэм лей етхат, къытхурагъэу‘ жаIэу дэри ди хэку нэхъ тыншу дыкIуэжыну, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ тэмэм хъуну дыхуейщ. Дэ Хэкужьым деж Дунейпсо Адыгэ хасэми дыблэкIыри Къэбэрдей Бэлъкъэр Республикам и Президентыми дыхуэзащ мис мы ди гуныкъуэгъуэхэм теухуауэ, хэкумкIэ дгъэкIуэнe абдеж университет щедгъэджэну дызыхуей ди щIалэгъуалэм деж къыщыщIэдзауэ, школхэр зэхуащIыжа нэужь ди цIыкIухэри хэкужьым дгъакIуэрэ я бзэ я тхыдэ къацIыхужыным теухуауэ къинэмыщIхэмкIи къыддэIэпыкъуну псалъи къыдитащ.
***
Конференсым и къызэгъэпэщакIуэхэр мэгугъэ Тыркум щыIэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэм Адыгэ политкам теухуауэ я зэгурымыIуэныгъэхэри мы конферансым иужькIэ зэфIэха хъуну, зэгъусэу лъэпкъым и Iуэху дахыну, здэлэжьэну
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие