Ищхъэрэ Кавказым бизнес щыпщIыныр сыт хуэдэ? А упщIэм экономикэ щытыкIэм и закъуэкъым пыщIар, ар мыхъуу нэмыщI гумэщIэгъуэ куэд къыхокI. Натпресс хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, Урысейм хабзэхэр зэрыщымылажьэм къыхэкIкIэ хэхэс адыгэхэми дзыхь ящIкъым къэкIуэжу Iуэху хэкумкIэ щащIэну. Щапхъэу къахь илъэс 20 ипэкIэ Къэбэрдейм къэкIуэжау щыта Сабанчы Назми и Iуэхур. Куэд мыщIу "Пэжым и пIалъэ" жыхуаIэ сайтым къихуащ Сабанчы Илькай и интервью. Ар Назми ипхъущ.
Абы зэрыжиIэжымкIэ, мазэ 26 хъуауэ абы и адэр хьэпсым исщ, щIэпхъэджагъэ илэжьауэ зы IуэхукIэ ямыгъэкъуэншауэ. Натпрессым зэритхымкIэ, Сабанчы Назми илъэс 20 ипэкIэ хэкум къэкIуэжри бизнес къызыIуихау щытащ. Мылъкуу абы Iуэхум хилъхьар а зэманхэм щыIа ахъшэкIэ сом миллиард 3 хъут.
Сабанчы Илькай зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и унафэщIу ипэкIэ щыта къулыкъущIэхэр хуеящ абы и Iуэхур къытырахыну, икIи абы щхьэкIэ яубыдауэ зыхэгъэкIыныгъэр екIуэкIыхукIэ щаIыгъ хьэпсым ирадзауэ исщ. Бизнесменым ипхъум зэрыжиIэмкIэ, 2013 гъэ пщIондэ Iуэхухэр фIыдыдэу екIуэкIащ, ауэ тхылъыпIэ Iув къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэ ищIыну кредит къищтэну яужь ихьа нэужь, ныкъусэныгъэшхуэхэр къыхукъуэкIащ. "Кредитыр абы къищтакъым, ауэ щIэпхъэджагъэ Iуэху хуаублащ. Сом миллиардищ хъу кредитымрэ езы IуэхущIапIэмрэ къулыкъущIэхэм яшхыну хъуэпсэгъуэ хъуащ" - жеIэр Илькай.
Иджыпсту а Iуэхур къэзыгъэхъуа къулыкъущIэхэм IэнатIэхэр яIыгъыжкъым, ауэ Iуэхури къэувыIауэ щыткъым. Зыгуэр щхьэкIэ ягъэкъуаншэуи Сабанчы Назми Iуэху ирапхакъым, хьэкуми ящIакъым ауэ илъэситI хъуауэ хьэпсым щаIыгъщ. Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ цIэрыIуэ Мурзэкъан Абубэчыр зэрыжиIэмкIэ, иджыпсту къулыкъущIэхэм я Iыхьэ хэмылъу зы Iуэхушхуэ ирагъажьэ хъукъым: "Нобэр къыздэсым КIуэкIуэми, Къэнокъуэри яхэту, абыхэм я хьэлэмэт хэмылъу, я Iыхьэ хэмылъу зы баш зы цIыхум къырагъэIэтынукъым. Ар ухуеймэ дэни щыщI, дауикI щIы. КъэкIуэнурэ занщIэу уи Iуэхур ятхьэлэнущ. ЛэжьапIэ зыщIи, Iуэху зыукъуэдиикI щыIэкъым. Зыгуэрым зыгуэр къыригъэжьакъэ, занщIэу яшхыжынущ. Къэрал къулыкъуу зыфIэкI зиIэхэр псори зэрыIыгъщ, фIыикI, ейикI зыри щыIэжкъым.
Аращ Урысей бизнес жыхуаIэр щIэмыхъури. ЦIыхур лажьэу, и шхын игъуэту, илэжьын игъуэту псэуну - мыпхуэдэ щыIэкъым. Коррупциер къэзыгъэхъур хьукумэтым хэтахэр аращ зэрыщыткIэ. Абы ухэIэбэу щытым егъащIэм пкIэрымылъа къыпкIэщIатхэнущ, хьэкъ хэх къулыкъум укъырилъэфэкIынущ, зыхэгъэкIыныгъэ комитетым укъырилъэфэкIынущ, Федерал шынагъуэншагъэ къулыкъуми IэщэкIэ зыщIэузэда хабзэншэ гупхэм уадэIэпыкъуауэ жаIэнурэ уралъэфэжьэнущ".
Натпрессым зэритхымкIэ, апхуэдэу Iуэху хэкумкIэ щыпщIэну гугъуу зэрыщытым къыхэкIкIэ лъэпкъэгъу къэзыгъэзэжыну хуейхэм я Iуэху къоувыIэр. Къэралым и хабзэ хъумэ къулыкъухэр сэрэп хъун ипIэкIэ, езыхэм я федэ мэлъыхъуэр, лажьэ уиIэу къагъэлъагъуэу хьэкум къыптырамыщIыхьами хьэпсым илъэситIкIи урагъэсыфынущ, уи Iуэху зыхагъэкI хуэдэу.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио Бэрокъуэ Артур