Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Iэхъуэхъу Андзор Урысейм и хабзэхъумэхэм къалъыхъуэр


20I4 гъэм мазаем и 7-м Сочэ къалэ и дейж Урысейм ЩIымахуэ Олимп джэгухэр щыригъэкIуэкIынууэ къыщызэIуихам щыгъуэ абыкIэ мыарэзыуэ Налшык къалэ и дейж къыдыхьауэ щыта щIалэгъуалэ гупым яхэта Iэхъуэхъу Андзор Урысейм и хабзэхъумэхэм иджыпстукIэрэ къалъыхъуэр. 

Фигу къэдгъэкIыжынщикIи Сочэ къалэ и дейж ЩIымахуэ Олимп джэгухэр къыщызэIухым щыгъуэ налшык къалэ къыдэхьауэ щытащ ЩIалэгъуалэу зы 50 хуэдиз Олимп джэгухэр адыгэ лъэпкъыр щызэтраукIа щIыпIэм и дейж зэрыщащIымкIэ я мыарэзыныгъэхэр къагъэлъагъуэхэу. ИкIий абы щыгъуэм хабзэхъумэхэм ахэм я нэхъыбэр яубыдауэ щытащ: «Урысей хабзэм къемызэгъхэу утыку къихьахэщ.»- жыхуаIэхэу. Абы къыхэкIкIэ уеблэмэ Iэхъуэхъу Андзори абы и къуэшри хэтуэ цIыху зыбжанэм тезыр къытралъхьэри махуэ бжыгъэкIэ хьэпсым исахэу щытащ. 

Ар щхьэкIэ мы Iуэхум иджыри къыздэсым кIэ имыгъуэтауэ йокIуэкIыр. Мыбы иужькIэ мызэ мытIэу хабзэхъумэхэм Iэхъуэхъу андзор и унэр щIащыкIахэщ. Абы езырикIи хабзэхъумэ IуэхущIапIэм ираджэурэ упщIэхэр Iахащ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэкъуаншэу. Ар щхьэкIэ мы Iуэхум и лъабжьэ щIэлъуэ езы Iэхъуэхъу Андзор къигъэлъагъуэр хабзэхъумэхэм лей къызэрытрагъэхьар утыку къызэрырилъхьаращ. 

Ауэ Iэхъуэхъу Андзор апхуэдизуэ и Iуэху къыщIызырахуэн лей илэжьауэ къалъытэркъым. Абы къызыхэкIа лъэпъкым я пщIэ иIыгъыуэ ахэр игу къигъэкIыжыуэ абыхэм щыщ куэд здыщаукIа щIыпIэм ЩIымахуэ Олимп джэгухэр Урысей къэралыгъуэм зэрыщригъэкIуэкIыкIэ и мыарэзыныгъэр къызэригъэлъэгъуар къэрал унафэщIхэм ягу иримыхьауэ, ахэр хуамыгъэгъуфуэ арауэ къелъытэр Iэхъуэхъум. 

Мы иужь зэманхэм Андзор мызэ мытIэу хабзэхъумэхэм я IуэхущIапIэм ираджа пэтмикIи ар абы екIуэлIауъымэ. ИкIий абы ипкъ иткIэ къызэралъыхъуэнур езы IэхъуэхъумикI къырагъэщIауэ жеIэр. 

АдэкIэ мы Iуэхум и щытыкIэм теухуауэ Iэхъуэхъу Андзор Хуитыныгъэ радиом къыжриIар мыращ: 
«НытIэ сыкъалъыхъуэу аращ сэ иджыпсту. Сахуэзакъым ауэ махуэ къэс къокIуэхэр. Ауэ сэ зызгъэпщкIукъым. Ахэм я дейж сэ сыкIуэнукъым. Ахэм семылIалIэхэу аращ сэ. Псалъэм папщIэ ахэм сэ хъыбар къызагъэщIа щхьэкIэ я ужьым ситуэ къэзжыхьынукъым. Иджыпсту зэрыхъунур сщIэкъым. Зэманыр кIуэурэ къигъэлъагъуэнщ. Сэ гу псынщIэми, сисщ къалэми сыдэтуэ къызокIухьыр. Ауэ ахэм къысхуагъэлъагъуэр урысей хабзэм и 308 Iыхьэм себэкъуауэ аращ. ЗыхэгъэкIакIуэхэм садэмылажьэу жаIэу аращ. Ар зэрыщытыр сэ хабзэхъумэхэм я IуэхущIапIэ езынэ Налшык къалэ жэтым сыщашам си щхьэм къэп фIыцIэ къыфIакъуэри ар си щхьэм къыщыфIахыжар зы жэщ зы махуэ дэкIа нэужьым хьабзэхъумэхэм я IуэхущIапIэ еханэращ. 
Иджы зыхэгъэкIакIуэм къыспаубыдыр мыбы сзыубыдахэм лей къызэзыхахэм я бжыгъэр, сызырагъэтIысхьа гупсынщIэр сыт хуэдэми псорикI жысIэн хуейуэ . Сыт ахэм сэ яжесIэфынур си щхьэм къэп фIэкъуауэ щытамэ?» 

***
НэхъапэIуэкIэ Iэхъуэхъур хабзэхъумэхэм япэу щаубыдам щыгъуэ лей къытрагъэхьахэр зэхигъэкIынууэ Ростов къалэ и дейж зыхэгъэкIакIуэ щхьэхуитхэм Iуэху яхуищIауэ щытащ. Езы Iэхъуэхъум зэрыжиIэмкIэ ахэм я зэхэгъэкIыныгъэм къигъэлъэгъуащ Урысей хабзэм къемызэгъыуэ абы хабзэхъумэхэм лей къызэрытрагъэхьар. 

Мы Iуэхугъуэхэр къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэхэр къэрал зэхэгъэкIакIуэхэм ябгъэдилъхьа пэтмикIи мыбы зымикIи зытригъащIэу щыткъым. 

АдэкIэ абы теухуауэ Iэхъуэхъум жиIар мыращ: 
«Мыхэм езыхэм я унафэщI яIэжхэу мэлажьэхэр. А экстремизмым ебэнхэми я уIуэхури я унафэщIхэри псори зыщ. КIэщIыу жыпIэмэ «Урысей!». А зы псалъэмкIэ псори пхужоIэр. Сэ и пэм щыщIэдзауэ сщIэуэ щытащ хэт Iуэху хузиIэнуми. Сэ иджыпсту зы сабэ цIыкIум сыхуэдэу аращ. Сэ си хэкIур I50 хуэдиз хъуауэ яубыдауэ яIыгъщ. Сэ сщIащ ахэр сыт хуэдэми. Сэ ахэм сепсалъэнукъым, икIий къэслъыхъуэнухэкъым.» 

***
20I4 гъэм дыгъэгъазэм и I6-м хамэ къэрал зыбжанэми адыгэ хэкуми щыщхэу адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ нэрыбгэ 65-м я зыхуэгъазэныгъэ утыку къыралъхьауэ щытащ. ИкIий а зыхуэгъазэныгъэр хуэгъэзащ Iэхъуэхъу Андзор Урысей хабзэхъумэхэм лей къызэрытрагъыхьэр ягъэувыIэну, ар зэрыдаIыгъымкIэ Урысей къэрал унафэщIхэм зыхуагъазэхэу. Ар щхьэкIэ мы псом иужькIи Iэхъуэхъу Андзор Урысей хабзэхъумэхэр иужь зэритыр ягъэувыIакъым. Къэбэрдей-Балъкъэр. 

Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал

http://tuapsepress.com/full.php?id=236