Къэбэрдей Балъкъэрым и деж адыгэм я щыгъуэ махуэр ирагъэкIуэкI


Нэкъыгъэм и 2I адыгэм я щыгъуэ махуэм ипэ къихуэу Налшык къалэ псэжыг жихуаIэ фэеплъ сыным и деж, махуэку пщыхьэщхьэм щыгъуэ зэхуэс ирагъэкIуэкIащ. Зэхуэсым хэтыну къекIуэлIахэщ Тыркум къикIауэ цIыху щэ бжыгъэхэр. Щыгъуэ зэхыхьэм ИстамбылакIуэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжыурэ къапсэлъахэщ, гъыбзэхэр къыжаIахэщ, шэху уэздыгъэхэри ягъэблащ. 

Щыгъуэ зэхуэсым къекIуэлIахэм ящыщ Шэрыужь Аслъэн Iуэхугъуэм теухуауи Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ. 

ШэрIужь Аслъэн: Нобэрей махуэр сэ къызэрысщыхъумкIэ дэтхэнэ зы адыгэм и дежкIи махуэ хьэлъэщ. Мыбы гукъэкIыж пыщIахэр уигур имыгъэузынкIэ Iэмал иIэкъым, уигум епхъуу уи псэр игъэгузавэу апхуэдэу щытщ. Ауэ зэман дэкIащ лъэпкъым апхуэдиз гузавэгъуэ зэрытелърэ. Зэман дэкIами уIэгъэр игъэхъужащ жытIэу тхужыIэнукъым. Ауэ гъащIэр ипэкIэ мэкIуатэр, цIыху къалъху ахэр балигъ мэхъу, аргуэру щIэблэ къащIохъуэ. КъэкIуэнум и хьэтыркIэ нобэрей махуэр тщымыгъупщэу апхуэдэ махуэ къызэрымыхъуным дыхущIэкъуу, ар къыдгурыIуу дызэрыпсэунум дахэтын щхьэкIэ, нобэрей махуэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэр. Мыр тщыгъупщэ хъунукъым мы Iуэхугъуэ мыбдеж щекIуэкIыр емыкIуэкIыуи хъунукъым, адыгэр псоууэ дунейм тетыху мы махуэр тщыгъупщэ хъунукъым. Ар тщызгъэгъупщэни алыхьым димыгъэлъагъу. Пэжщ иужь зэманым адыгэм и къэщIэрэщIэжыгъуэ махуэ жаIэри апхуэдэ зы махуи тхухахау фокIадэм и 20м, абы дыригуфIэну, дищхьэр иртIэтыну , дырипагэну апхуэдэ махуи дияпэкIэ ди гъащIэм хэтынущи ар иди гуапэщ. Ауэ мыр иджыри къытызогъазэри мыр тщыгъупщэ мыхъун махуэщи Тхьэу дыкъэзгъэщIам апхуэдэ махуэ адыгэм дыщIэгузавэн ди лъэпкъым и гъащIэм зей къыримыгъахуэкIэ. 

АдэкIэ Iуэхугъуэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом зыхуегъазэр лъэпкъ лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Астемыр. 

Хуитыныгъэ радио: Астемыр мы щыгъуэ махуэм егъэщIылIауэ екIуэкI Iуэхур, дауэ къыпщыхъурэ, абы теухуауэ сыт къыжыпIэн? 

Шыбзыхъуэ Астемыр: Илъэсищэрэ щэныкъуэрэ зы илъэсрэ мэхъур урыс кавказ зауэ жыхуэтIэр зэриухри, нобэр къыздэсым абы щыгъуэм адыгэм игъуэта фэбжьым зыкъыдегъащIэр. Лъэпкъыр зэкъуэчащ, мы дунейм зэрымыс къэрал щыIэкъым адыгэр.Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкIыу лъэпкъри гугъуехь куэдым пэщIохуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи ди хабзэр нэхъ дэчыха хъуащ, дибзэри аращи урысейм щыпсохэр урысыбзэ дохъу, хьэрып къэрал щыпсэухэр хьэрыпыбзэ мэхъу, тыркухэр тыркубзэ мэхъу. Ауэ сэ си иужьрей зэманхэм илъэс ебланэ хъуауэ мыпхуэдэ щыгъуэ махуэ Iуэхум теухуауэ сыкъыдокIри . Япэрей илъэсхэм елъытауэ, илъэс къэсыхункIэ сыадыгарэт жызыIэ цIыхухэр, адыгэр дызыIысар дызыIысынур дызыIысыр сыту пIэрэ жызыIэ цIыхухэр нэхъыбэ мэхъури сэ абы сигур нахъыфI къысхуещIыр. СызэреплъымкIэ дияпэкIи зыкъзыщIэж зибзэр къызыфIэIуэху ,зи хабзэр къызыфIэIуэху цIыхухэр кIуэ пэтми нэхъыбэ хъуну апхуэду къысщохъури сэ абы сегъэгушхуэр. Тхьэм ишыкуркIи щIалэгъуалэ гу зыкIуэцIылъ къызыхэкIар зыщIэжыр нэхъыбэ хъуурэ макIуэри иджыпсту зэманым къэхъу щIэблэм сэ куэдкIэ сыщогугъри, тхьэм жиIэмэ, адыгэр уэрэдым къызэрыхэщым ещхьыу «Хэт жызыIар адыгэр дыкIуэдыжыну» Тхьэм жиIэм дыкIуэдыжынукъым дыпсэунущ. 

АдэкIэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ лъэпкъ лэжьакIуэ, политик Мурзэкъан Абубэчыр. 

Мурзэкъан Абубэчыр: Мы нобэрей махуэм сыт и лъэныкъуэкIи уеплъу щытми ар гуауэщ, ауэ ди гуауэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. ДыщылъэпкъкIэ ди блэкIари ди къакIуэнри псори тщIэжын хуейщ. Нобэ шухэр къэкIуащ, шухэр сытым дежи къытхэтын хуещ, адыгэм и Iуэхум шур сытым и дежи къыдекIуэкI Iуэхугъуэщ. Нобэ мыбы лъэпкъ эджэм я цIэ я унэцIэ куэд тхыдэм къыхэтхыжащ. Псом япэрауэ дэ хабзэм дытетын хуейщ, бзэ хабзэ, хэку псоми къалэн дызэриIэр тщыгъупщэжын хуейкъым. 

Пщэдджыжьым сыхьэтыр I0м фащэхэр ящыгъыу адыгэ шу пщIы бжыгъэхэмрэ цIыхубэ гуп, адыгэ ныпыр яIыгъыу зауэжьм хэкIуэдахэм хуэщыгъуэу Налшыч и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуахэщ. Сыхьэтыр I2м псэ жыг фэеплъ сыным екIуалIэжхэри щыгъуэ дакъикъэкIи зэхэтахэщ. 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр