Къэрэшей-Черкес республикэм адыгэхэм загъэхьэзыр зимычэзу зэхыхьэ зэхашэну


Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм мы бжьыхьэм ирагъэкIуэкIыну загъэхьэзыр зимычэзу лъэпкъ зэхуэс ин.  

«Адыгэ Хасэ - Адыгэ парламент» бэдаущ зэIщэхъееныгъэм  и пашэ Шэрджэс Мухьэмэд  Независимэ газетым зэрыжриIамкIэ,  республикэм ис адыгэ я Iуэхур иужьрей зэманым хуабжьу зэIыхьащ. «ИпэжыпIэкIэ адыгэхэр къыщыгъэлъэгъуакъым къэрал къулыкъухэм, ахэм я хуитыныгъэхэр якъутэ Къэрэшей-Шэрджэсым и хьукумэтыр щаугъуейкIэ» жэуэ.

Бэдаущ зэщIэхъееныгъэм и лIыкIуэхэм къызэралъытэмкIэ, а зэфIэува щытыкIэм ипкъ иту республикэм деж адыгэ лъэпкъым юрисдикцэ и лъэныкъуэкIэ къэщIэрэщIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ къыпэплъэкъым.

Независимая газетэм и сайтым зэритымкIэ, иджыблагъэ Черкесск деж адыгэ парламентым иригъэкIуэкIа зэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, зэхуэмыгъэдэныгъэм пэщIохуэ  республикэм и цIыху бжыгъэкIэ къэрэшейхэмрэ урысхэмрэ яужь ещанэу щыт адыгэ лъэпкъым.

Мы зэманым республикэм щопсэу адыгэ 50.000-60.000.  
Иужьрей илъэс тIощIрэ тхум, мыофициалу республикэм и Iэтащхьэу щытыр къэрэшейщ.

Хуитыныгъэ Радио