Къэбэрдей Балъкъэрым деж лэжьапIэ лъыхъуэу Iэпхъуэхэм я бжыгъэр хохъуэр

Мэмбэт Оксана. Сбербанкым и лэжьакIуэ.

Ищхьэрэ Кавказ республикэхэм, псом хуэмыдэу Къэбэрдей Балъкъэрым  лэжьапIэншэхэр зэрылъагэм ипкъ иткIэ, куэдыр къалэшхуэхэм, уеблэмэ хамэкъэралхэм лэжьэну макIуэхэр. ЗдэкIуа къалэр ягу ирихьыу лэжьакIуэ  къыщынэхэри щыIэхэщ, ягу иримыхьыу хэмызагъэу,я дуней тетыкIэкIэ, я  менталитеткIэ зытемыхуэу къэзгъэзэжхэри куэд мэхъу. 

А Iуэхум теухуауэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ, илъэсрэ ныкъуэкIэ Сочи къалэ «Сбербанкым»  щылэжьа, иджы Псыхуабэ къалэ «Сбербанкым» щылажьэ Мэмбэт Оксана.

Хуитыныгъэ радио: Налшыч ущымылажьэу щхьэ хамэ къалэхэм ущылэжьэн хуей хъурэ, ар къызыхэкIыр сыт?    

Мэмбэт Оксана: Коледжыр къэзухщ ищхьэ еджапIэ сыщIэтIысхьэжри, абы сыщIэсурэ лэжьапIэ сылъыхъуэн щIэздзащ. Дэ ди Къэбэрдейм апхуэду тыншу зыгуэр къыпхуэгъуэтрэ, зым сыкIуэм илъэс I8 фIэкI ухъукъым жаIэурэ къызэмылIалIэурэ сагъэувтэкъым. Е зыгуэрым урицIыхугъэу ущытын хуещ, е зыщIыпIэ зыгуэрурэ къэбгъуэтурэ зыдебгъэукIэн хуейуэ аращ. Къэбэрдейм сыкъызэралъхурэ сыщыпсэууэ, си унагъуэр псори абы дэсыу, си пщыхьэпIэ къыхэхуэнтэкъым сэ Къэбэрдейм сыкъикIыу нэгъуэщIыпIэ сыкIуэфыну. Ауэ лэжьапIэ симыIэу сыдэсыну илъэс 20 сыхъут  си Iуэху зесхуэжыну апхуэдэ ныбжьым сынэсауэ къысщыхъути сылажьэт. Сигу къэкIхэти нэхъ гъуэнэгъу зыкъэсщIынщ жысIащ, Къэбэрдейм сыхуейт ауэ абы аргуэру зыми урицIыхугъэкъым зыгуэркъым жаIэурэ къыщIадзэнути абыкIэ сыплъэхакъым. 

Пятигорск е цIыхугъэ жызмыIэу, е ахъшэ езмыту тэмэму сыуващ. Иджы согупсысэ сыт Къэбэрдейм щIэзгъэзэжынур, къыстохьэлъэр пэжщ си унэ сызэрыщIэмысыр. Мыбый сыздыщIэсым ахъшэ естын хуейуэ, ауэ сищхьэ сыхуитыжщ лэжьыгъэ сиIэщ солажьэр, сыздэувари сыздэлажьэри « Сбербанкыращ» Ди Къэбэрдейми щолажьэхэр сэ си ныбжьэгъухэр тэмэму, ауэ сэ сыщылъыхъуам  сэ зыри щызгъуэтатэкъым. Абы сыуву нобэ хьэмэрэ пщэдеу пIэрэ жысIэу сыщымыту мыбы зыкъезгъэдзыжау тыншу солажьэ. Сэ жысIэну сызыхуеращи ди Къэбэрдейм лэжьапIэ зыри щыбгъуэткъым, аращи абы теухуауэ цIыхухэр мэIэпхъуэ. Сэ си шыпхъу дэлъху, ныбжьэгъу дапхуэдиз щеджахэ, ауэ къэкIуэжыну хуейхэкъым Къэбэрдей лэжьапIэ зэрамыгъуэтынур ящIэри, тыншу хэти Москва, хэти Пятигорск, хэти Сочи дэсщ мэлажьэхэр, къалэжь. Ядехэри ягу къокI, ауэ Пятигорскыр тIэкIу нэхъ гъуэнэгъущи докIуэж. Сыт тIэ лэжьыгъэ уимыIэу  зыри пхуэщIынукъым. 

Дэ ди ныбжь здынэсар дэ ди адэ- анэхэм къытхуащIар яхуэтщIэжыфын хуэдэу Къэбэрдейм ар щыпхуэщIэнукъым аращи абы къыхэкIкIэ псори доIэпхъуэ дызэрыгъуэтыжкъым. Абы къыхэкIкIи бзэр хабзэр ящогъупщэж. Мыдэ Сочи сыщыщыIэм, Пятигорски аращ, адыгэ слъагъумэ сыгуфIэжу езыхэм укъалъагъукIи сыткIи зэзэмызэ къагурымыIуа нэпцI защIу. УрохьэлIэ куэдрэ адыгэхэу, дыадыгэщ жаIэу абы ироипагэу, ауэ адыгэбзэр ямыщIэжу. Сыхуейтэкъым апхуэду ди къэралыр щытыну, ди бзэ дахэр, ди хабзэ дахэр апхуэду дгъэкIуэдыжыну сыхуейтэкъым , ауэ иджыпсту щыIэм аращ дызыхуишэр. 


Оксана зэрыжиIэмкIэ, социал псэуныгъэр зэрымащIэм къыхэкIкIэ, Iуэхур эмалыншагъэщи Iэпхъуэну хуэмейхэми, мыIэпхъуэу хъукъым  лэжьыгъэншэр куэдыIуэщи. Ауэ зы тэлай дэкIмэ, Къэбэрдей Балъкъэрым  лэжьапIэ нэхъ къыщыдгъуэту къэдгъэзэжыным  дыщогугъ.

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр