Къэбэрдей Бэлъкъэр университетым и щIалэгъуалэ гуп Тыркум щохьэщI


Адыгэхэр зэрылъагъун, зыхэхьэжын гупсысэм ипкъ иткIэ Къбэрдей Бэлъкъэр университетым и щIалэгъуалэ гуп Тыркум и къалащхьэ Анкара къыщыщIэдзауэ Адыгэхэр нэхъ зыщыпсэу хэгъуэгухэм щохьэщIэ.

ЦIыху 30-м нэблагъэ гупыр Адыгэ къуажэхэм дэхьэурэ хэхэс адыгэхэм я дуней тетыкIэр зэрагъэлъагъу, зэIыхьлы зыфIэкIуэдахэр зэрогъуэтыж. Дэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, гупым я нэхъыжь Къэбэрдей Бэлкъэр университетым и профессор Бакъ Зера, итIанэ Гупыр Тыркум къезыгъэблэгъа организэм щыщ ГуанэбщIей Гюлсерен. Япэрауэ Зера доупщI.

Хуитыныгъэ радио: Зера, Тыркум фыкъыщIэкIуа Iуэхугъуэр зытеухуам щыгъуазэ дыпщIам арат?

Бакъ Зера: Тырку къэралыгъуэм зикI къэмыхъуауэ, езы Тырку къэралыгъуэм дыкъыригъэблэгъауэ аращ. Япэм мыбы цIыху куэд къэкIуахэщ, иджыпстуи цIыху куэд щыIэщ. Къэбэрдейм къикIауэ, Къэрэшей Шэрджэсыми, Майкопи къикIауэ. Ахэри а япэм къакIуэу щытахэри псори хасэхэм, хасэшхуэхэр зыгурыIуэу къырагъэблагъэу арат. Мыр иджы Тырку къэралыгъуэм и ахъшэкIэ, и мылъкукIэ къегъэблагъэкIэ дыкъэкIуауэ аращи, дыкъезгъэблэгъам фIыщIэшхуэ яхузощI. Кемал жери езыр Дагыстанырэ шэшэным къалъхуауэ щIалэфIдыдэ, махуэ къэс дыкъыришэкIыу. ГуанэпщIейхэ Гюлсерен. Бэлкъэр Рафет. Иджы сэ къыздэсшахэр сэ езгъэджа къэзухахэр, иджы нобэ езгъаджэ си студентхэращ. Абы иджыри нэгъуэщI гупи къытхэтщ, Еуаз Зубер. «Пшынэ бзибл» жэуэ ансанбл къызэригъэпэщащ. ‘Иджы мыр ауэ лъэтеувэ мыбдежым деж щыпщIауэ аращи, сэ тIэкIу къозгъэIэтынщ, къыпхуэзгъэлъэгъуэнщ’ жысIэри, ахэр къыздыхэстхащ. Апхуэдизу шыкэпшынэр къэзыгъэщIэрэщIэжам, гуп зыхуэзышэсам абии гъуэгу гуэр еттынщ жытIэри къыздэтшащ. ДыздэщыIа университет Гази Осман Паша университетым и консерваторием а ансанблым концертышхуэ щитащ. Ар хуитыныгъэ къыдатыри концертышхуэ ттащ, егъэлеяуэ ягум дыхьащ. Мы къэралым и телевисионхэм псоми ятхащ. Ари нэхъ къыдэхъулIахэм ящыщщ. Истанбыл идеж къыщыщIадзэри Анкара дыкъэкIуащ, мыткIэ Токат къалэ махуитI дызэрыщыIами абы къуажэ дыздыдыхьауэ хъуами къуажэм дынэмысу а Токатым къепха къалэ нэхъ цIыкIухэм псоми я унафэщIхэм, дидежкIэ мер жыхуиIэ абыхэм псоми дахуэзащ. Псори гуапэу къытпежьащ, дырагъэблэгъащ. Псоми мы щIалэгъуалэ сигъусэм, си студентхэм тыгъэ къыхуащIахэщ. Я тыгъэ лъапIэхэр къыдатащ. Псори шей къыддефащ, ягу къэкIыжынщ. Апхуэдэу пщIэшхуэ къытхуащIауэ щытщ.

Хуитыныгъэ радио: ХьэщIэхэр Тыркум къезгъэблэгъа организем хэт ГуанэбщIей Гюлсерен доупщI, Гюлсерен сыт къыджепIэнт?

ГуанэбщIей Гюльсерен: Мы къегъэблагъэм и лъабжьэ щIэлъыр, Адыгэхэр дауэ псэурэ, я дунейтетыкIэр сыт? ‘Мис ахэр ядгъэлъагъунщ, зэрыдгъэцIыхунщ, пщэдей ахэр мыбы къэкIуэнумэ зы адрес яIыгъынщ, дыдехэр абы кIуэнумэ зы аррес яIынъынщ’ жытIэри гъуэгу дытеуващ. Истанбул щыщIэддзэри, АнкаракIэ, Токат, Сивас къалэ, Мараш къалэ, Гоксун (Джылахъстэней жылагъуэ) районымкIэ къыдокIухь. Мы дунейм Адыгэ тетщ, дэ дэрдэру дызэроцIыху, дызымыцIыхухэм дацIыхуну солэжь сэ. 


Къалэдэс хъуа Тыркум дэс адыгэхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм деж къуажэхэм нэхъ кIуэжауэ хэкурыс гупым апхуэдэу къаIущIахэщ. Куэдым хэкум и хъыбар ямыщIэхэу мыпхуэдэ еблэгъэныгъэр ягу ирихьащ, езыхэми я лъэпкъ, я Iыхьлы къацIыхужыр, икIи хэку зэраIэри къащIэжыр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие