Хэкурыс гупым я зекIуэ, Къэрэхьмэд къуажэ, Тыркум Мараш къалэ
Къэбэрдей Бэлъкъэр къэрал университетым и щIалэгъуалэ гуп Тыркум къырагъэблэгъауэ щохьэщIэр. Гупым адыгэ жылагъуэхэр къызэхакIухь лъэпкъыр зэпыщIэжынымкIэ, зэрыцIыхужыным йолэжьхэр.
Гупым и тхьэмадэ Къэбэрдей Бэлъкъэр къэрал университетым и профессор Бакъ Зерэ, итIанэ гупым ягъусэ, журналист Кумыш Оксана Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, я нэгу щIэкIахэмкIэ я гупсысэхэмкIэ. Япэрауэ Зера доупщI?
Бакъ Зера: Мы къызэрагъэпэща Iуэхур мыр зы проектышхуэщ, мыбы иужьыми зыгуэрхэр къыпытынущи, мыбы хэтар мыбы и къэлэну щытар Адыгэ къуажэхэм дыкIуэу ахэр зэдгъэцIыхуу, щIалэгъуалэр зэрыдгъащIэу тIэкIу я нэгу зегъэужьын къудеракъым, нэгу зыужьыр куэду ягъуэт мыбы. Гупсысэ гуэр ягум къитлъхьэну, зыгуэр къэдгъэушыну арати, зы къуажэ, зы Адыгэ къуажи дыблэкIакъым дакъикъэ I0-кIэ фIэкI мыхъуами дыдэлъэдащ. Ауэ дыкъыдэмыкIыжыфу дыкъанэрэ, зы пшынэ девгъэдаIуэмэ мыбы дызэрыдэсырэ зэикI мыпхуэдэхэр къэхъукъымэ жаIэу пшынэхэр, Iэгуауэхэр дигъусэу дыдыхьэрэ сэлам етхыурэ, абы щыщ унэцIэхэр къалъыхъуэу зэргъуэтыжхэу мис апхуэдэурэ екIуэкIащ. Къулейсызыгъэшхуэ зыдэлъ къуажэхэм дыдыхьащ. Токъат къалэм къепха къуажэхэр, Мэргъущей жыхуиIэми, Бабыгуей жыхуиIэхэми я нэкIукIэ Адыгэжтэкъым ахэр. Адыгэм зы нэкIу иIащ, я бзэкIэ Адыгэжтэкъым. Зым тIум ищIэт, зэрыадыгэр ящIэжт, я псэукIэкIи Адыгэжтэкъым. Апхуэдизу къулейсыз хъуат ахэри. ИтIанэ къулейсызу джэгуу зэхэту аратэкъым, дэ абы ящIэр тлъэгъуащ. Кампаниешхуэхэр лажьэу къэмыувыIэу гуэдзым елэжьу ар Iуахыу, ахэр апхуэдизу зэрылэжьэкIуэшхуэр плъагъути абдеж унэшхуэхэр яIэу лъапсэшхуэхэр яIэу псэухэт.
Машынэ лъапIэдыдэхэри я пщIантIэм дэтт. Ауэ я щытыкIэ зыхуапэкIэ зыхэтыкIэр дэ тхуэдэу щыттэкъым. Сэ сидежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ я нэкIум. ‘Сэ си нэкIур Адыгэ нэкIущ’ жиIэт усакIуэшхуэм. Мис а уи нэкIур Адыгэ нэкIуу къыщынам деж уи Iэплъэпкъыр уи конституцэр Адыгэу укъонэри псынщIэ дыдэу Адыгэ пхуощIыж. ЗэикI Адыгэ зэрымыхъужыныр, хэкум зэрымыкIуэжыныр ящIэт, сыт щхьэкIэ жыпIэм лIыжь фызыжьт абы къыдэнар. Арати дыкъыщыдэкIыжым сэлам къыдахыжыу зы фызыжьым жеIэ, ‘Мыбы зы бэлыхь къэхъуу, дунейр къэкъутэжу, дыкъащтэу дыдахужарэт, дахужу ди хэкур тлъагъужарэт’ жиIэт. Мис апхуэдэу гъыт ахэр. Ауэ Мараш къалэ къепха Адыгэ къуажэхэр нэгъуэщI зыгуэрхэт, нэгъуэщIдыддэт. Ахэм нэгъуэщI псэукIэ яIэт, мылъкуи ябгъэдэлът нэгъуэщI зыгуэру щытхэт. Абыхэм я цIыкIухэр, цIыхушхуэ къыдбгъэдэсащ ноби, мис абы я бынхэр еджэхэт, еджакIуэ щыIэхэт, щIэныгъэ иратхэт. Гукъыдэж яIэт, я Адыгэбзхэри тэмэмт, псори АдыгэбзэкIэ псалъэт.
Мобыхэм ягур яухат. Аращи мыхэм заужьыну къыщIэкIынщ, мыхэм иджыри куэдырэ заIыгъыфыну къыщIэкIынщ. Сэ сидежкIэ нэхъыщхьэдыдэр сабийм Адыгэбзэ Iурылъымэщи фIыдыдэу АдыгэбзэкIэ псалъэ сабий щысхэт. Мис иджы а щIалэцIыкIур зэикI мыадыгэу пхуэхъужынукъым. Абы зыгуэр хэлът плъагъуу. И дзажэналъэхэм ирикIуэт абы Адыгэлъыр. Сэ къызгурымыIуэ гуэр сигъэлъагъуну гу лъызигъэтэну яужь итт а щIалэцIыкIур. Iэмал имыIэу сэ мыхэм хэкумкэ нагъэзэжын хуейщ жысIэу апхуэдэу сэ куэд щIауэ жысIэжкъым. Илъэс 20 ипэкIэ апхуэдэу жысIэу щытащ, апхуэдэ гугъэ сиIащ сэ куэд нэкIуэжыну. Iуэхур абы я лажьэуи щыткъым ахэр нызэрымыкIуэжар. ЦIыхур щыпсэун хуейр и Iуэхур къыщикIыращ, лэжьыгъэ здигъуэтыращ армыхъуамэ кIуэжу ауэ сыкъэкIуэжащ, сы Адыыгэщ жыпIэкIэ абы зыри къикIкъым. ЦIыхур зэрыпсэун Iуэху зэрихуэн хуейщи, ауэ езыми я унагъуэм нэхъыщIэ щIэсмэ, Iэмал имыIэу хэку зыраIэр ищIэн хуейщ. Хэку гуэр аткIэ зэраIэр.
Хэкум уэ зыгуэр къыпхуищIэн хуейуэ аракъым. КIыщокъуэ Алим, ‘Дыщэ шыууэ уищI сихьэжымэ си Адыгэ хэку, пшахъуэ налъи уищI исхакъым си Адыгэ хэку’ жиIауэ щытащ. Зыгуэр къуитын хуейуэ аракъым хэкум, хэкур анэм хуэду аращ. Сытым идежи уэ ар узэриIэмкIэ гушхуэныгъэ уиIэщ. Уэ уафэм укъехуэхакъым, уэ хэку уиIэщ, уэ бзэ уиIэщ, уэ хабзэ уиIэщ, япэ къэсым ар ириткъыми, уэ ар узэриIэм щхьэкIэ уэ уригушхуэу уи хэкум зыгуэр хуэпщIэн хуейуэ аращ. Алыхьым шыкур хуэпщIын хуейщ, уэ щIыбагъ зиIэм ухуэдэу аращ. Алыхьым мыбы щыIэ Адыгэхэм я щIыбагъыр зэикI яIыримыхкIэ. Ар зэраIэр ящIэу, абыкIэ ягур гъэзауэ, я псэр гъэзауэ, я щхьэр гъэзауэ щытыну Алыхьым солъэIу.
Кумыш Оксана: Тыркум зэрэ тIорэ мыбы япэкIэ сыщыIащ, ауэ мыпхуэдэу Адыгэ жылэм къыщыскIухьауэ даIущIауэ сыту щыткъым. Iуэхур къызэзыгъэпэщам, къызэрызрагъэпэща щIыкIэм теухуауэ жыпIэмэ, лэжьыгъэшхуэ пыщIауэ, мыхьэнэшхуэ иIэу сэ си щхьэкIэ къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Адыгэр зэбгырыдза дызэрыхъуар псоми ящIэ. Хэкум къинэжар мыбдеж щыIэм нэхърэ куэкIэ ды нэхъ мащIэщи, дэ лъэпкъыжьдыдэу дыкъекуIуэкIыр, ди япэкIэ ди псэуныгъэр ди ехъулIэныгъэр зыпыщIар, дызэрыщIэныращи, мис мыпхуэдэ зэрылъагъуныгъэр ди япэкIэ ди лъэпкъыр зэрыкIуатэным и хэлъхьэгъуэ ину сэ си щхьэкIэ къысщохъу.
Илъэс щэщIым нэблэгъауэ къалэдэс хъуа Тыркум дэс Адыгэхэм я экономика гупсысэр нэхъапэ иту, социал и лъэныкъуэкIи заужьыну фIэкI лъэпкъыу къызэрынэжын Iуэху зэрамыхуэу зэрыщытым къегъэлъагъуэ, нэхъри зэрыхэшыпсыхьыжыр.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие