«Бзэр пIэщIэкIым хабзэри мэкIуэдыж» жеIэ лъэпкъ лэжьакIуэм

Къущхьэ Мэжид. Лъэпкъ лъэжьакIуэ, Тыркум Маниса къалэ

Тыркум щыпсэу Адыгэхэр нобэ нэхъ зыгъэгузавэр яIэщIэхужыу хуежьа я анэдэлъхубзэращ. Къалэдэс зэрыхъухэрэ илъэс 30-м щIигъуа хэхэс Адыгэхэм зы лъэхъэнэ яIащ, АдыгэбзэкIэ упсалъэм емыкIуу ТыркубзэкIэ фыдыдэу упсалъэн хуейуэ. 

Мис а лъэхъэнэм къалъхуа, Тыркум Адыгэхэр нэхъыбэу зыщыпсэу Къайсери къалэм щыщ лъэпкъ лэжьакIуэ Къущхьэ Мэжид Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ. Iуэхугъуэм теухуа и гупщысэхэмкIэ.

Къущхьэ Мэжид: “Сэ къуажэм сыкъыщалъхуащ. Къуажэм дыщыдэсым ди адэ анэм дагъэцIыхуауэ Адыгэбзэт дызэрыпсалъэр. ИтIанэ еджэн сыт жытIэу гъащIэм дыхэзэрыхьа нэужь щыхьэрыми (Къалэ) дызэрыIэпхъуэу бзэр тIэщIэкIащ. Ди нэхъыжьхэм ТыркубзэкIэ нэхъыфIщ жаIэурэ Адыгэбзэр тIэщIагъэхуат. Иджы езыр езырыурэ къэдгъэзэжащ, ди бзэм дыхуеижыу. Бзэр мылажьэм щIэх кIуэдыжынущ, сэ мес Тыркубзэ къысфIыхозэрыхь сыхумейуэ. ГъащIэм деж Адыгэбзэ узэпсалъэн ухуэмызэм сыт пщIэн бзэри бгъэлажьэфкъым. Апуэдэурэ бзэр пIэщIокI, бзэр пIэщIэкIа нэужькIэ хабзэри пIэщIокI. Ар псори зыр зым епхащ. Абы щхьа Адыгэхэр дызэкъуэтын хуейщ, бзэмкIэ дызэкъуэтын хуейщ. Иужьырей зэманым мес къэралыми хуит дищIащ курыт еджапIэхэм ди анэдэлъхубзэкIэ деджэ хъуну, ар си гуапэ мэхъур. Хуэм хуэмурэ зыгуэрэ дыхъуунт ауэ цIыхухэр мыбы къыхуэгъэушын хуейщ. Бзэр тIэщIэкIын хуейкъым. Нэхъыжьхэм ди Iуэхур къызэрекIуэкIыр Тыркубзэщ жаIэмэ ар хъунукъым. Ар я адэ анэм къыжраIэми хъунукъым ар. Я цIыкIухэм ирагъэцIыхун хуейщ я бзэр. Сэ сощIэж сыщынэхъ цIыкIум нэхъыжьхэр псори Адыгэу ауэ ТыркубзэкIэ уэршэрхэт. Тыркубзэр абы щыгъуэ модна хуэдэу къащыхъуауэ. ТыркубзэкIэ псалъэу, Тыркубзэр ипэ ирагъэщыну Адыгэбзэр зэрамыпэсыжу, АдыгэбзэкIэ псалъэр ауан ящIу, Тыркубзэм я бзэр къекIуэкIкъым жаIэу апхуэдэу зэман щыIащ. ХэкумкIи Урысыбзэр ящIэн хуейщ. Зыхэс къэралым и бзэр. Хэкурысхэри тIэкIу апхуэдэщ, Москва сыт, ахэм кIуа нэужь нэхъ карьера яIэ мэхъур.


Нэчыхьытх, жэнэзы хуэдэ зэхуэсхэм фIэкI дэтхэнэ я зэхуэсыри ТыркубзэкIэ екIуэкI Тыркум дэс Адыгэхэм я бзэр гъащIэм хэмытыж хъуащ. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие