ДАХ-м и нэхъыщхьэм жеIэ я лэжьыгъэмкIэ мыарэзыхэм нэхъыбэрэ хуэзэну хуейуэ


Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэраухуэрэ гъэ къакIуэ илъэс 25 мэхъур. Хэхэс Адыгэ Хасэ языныкъуэми, щIыдэлъху Адыгэ Хасэ, Лъэпкъ ЗэщIэхъееныгъэ зыбжанэми Дунейпсо Адыгэ Хасэшхуэм и лэжьыгъэхэмкIэ я мыарэзыныгъэхэр щIэх щIэхыурэ къыжаIэ.

Мис а псом теухуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэхъыщхьэ Сэхъурокъуэ Хьэути Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ икIи упщIэ зыбжанэкIи зыхуэдгъэзащ.

Хуитыныгъэ Радио: Дунейпсо Адыгэ Хасэр сыт щIаухуар, кIэщIыу къыджепIэфын?” 

Сэхъурокъуэ Хьэути: Дунейпсо Адыгэ Хасэр куэд щIауэ адыгэ зыгуэр къызыгурыIуэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэр зыщIэхъуэпс Iуэху, лъэпкъыр зэпхыжа дыхъун щхьэкIэ лъэпкъыр дызэбгырыдзауэ зэрыщытым и зэранышхуэ къызэрыдэкIыр, а зэман дызэбгырызыдзам дэ зыри тхуещIэнукъым, къытхуегъэзэжынукъым, ауэ нобэ дызэригъэгъуэтыжыну, ди къуэпсхэр зэригъэубыдыжыну дэнэ щыIэ адыгэри къэдгъуэтыжыу,  дызэрыубыдыжу, дызэдэлэжьэну лъэпкъым и Iуэху, ди бзэр тхъумэжыну, ди хабзэр тхъумэжыну, ди лъэпкъыр адэкIэ дунейм нэхъ дахэу зэрытетын, итIанэ Iэмал иIэмэ зэ зы зэман зы щIыналъэ, зы къэрал дыхъужыну, абы дыхущIэкъуну аращ. 

Хуитыныгъэ Радио:  Тыркум деж языныкъуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэр лъэпкъым тэрэзу хуэмылажьэу къалъытэ, сыт къыджепIэнт абы теухуауэ? 

Сэхъурокъуэ ХьэутIи: Абы жаIэм пэж хэлъщ, абы я лъэныкъуэкIэ уеплъыу щытмэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэу щытымэ, Тыркуми, нэгъуэщI щIыпIэ щыIэ ди адыгэ ди къуэшхэми ял нэхъ мэуз, ягу нэхъ мэуз, ахэр нэгъуэщI щIыпIэ щыIэщи. Абы мыбы щыдлэжь псори ялъагъуркъым, икIи зыхахыркъым. 

Ахэр хуейт занщIэу пыупщIауэ моуэ мыбдеж мы Урысей дызыбгъэдэсым едгъэкIуэтэкIыу занщIэу къэтштэжрэ, гъуэгу хэтшрэ къэтшэжыу идгъэтIысхьэжырэ къэралыгъуэ дыхъужырэ, ‘Черкессия’ дыхъурэ, зы къэралыу зэкъуэшыу дытIысыжам. Дэ ар занщIэу тхузэфIэкIкъым. 

ИкI ар узыщIэхъуэпс хъуну Iуэхущ, ауэ  нобэкIэ дэ ди Iуставым, хабзэм къит, абы длэжьын хуейхэм псоми дызэрелэжьамкIэ мис иджыдэ конгресс хэплъати хъарзынэу дылэжьауэ тэмэму дылэжьауэ, блэжь хъуну Iэмал зиIэр длэжьауэ къалъытащ. А лэжьыгъэм теухуауэ, къытхуэмыарэзы гуэрэ зэрыщыIэри дощIэри мис абыхэм нэхъыбэIуэрэ сахуэзэну сыхуейт. ЩIэмыарэзыр, лэжьыгъэм нэхъыбэIуэ аби къыхалъхьэну, абыхэми я къарумрэ я акъылымрэ зэдгъэуIуу, зэгъусэу нэхъыбэIуэу адыгэ Iуэхум тедлэжьыхьыну, мис ахэр щIэмыарэзым сыхуейт сэ нэхъыбэIуэрэ седаIуэнуи. Зэгъусэу дызэчэнджэщынщи мы дунейм Iэмал зиIэр иджыри  зэгъусэу аткIэ дгъэкIуатэн.

Хуитыныгъэ Радио: Хьэути иджы благъэ фи лэжьэгъухэр къыхэфхыжащ, мы лъэхъэнэм сыт нэхъыщхьэу фызэлэжьыну фиIэхэр? 

Сэхъурокъуэ Хьэути:  Япэрауэ мы блэкIа зэманым длэжьыфар иджыпсту къыдопщытэж. Дэ дызэрыхьэ гъэм, гъэ къакIуэ илъэс 25-рэ мэхъу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ныбжьыр. Ар тхыдэм теухуауэ зэман мащIэ дыдэщ,  ауэ  мы зэман псынщIэу кIуэм еплъытмэ ари  зэманышхуэщ, зы щIалэ къалъхури бэлигъ мэхъу апщIэндэхункIэ. 

НтIэ а зэманым длэжьыфар, мураду диIамрэ тхузэфIэкIамрэ къыдопщытэж япэ дыдэ щIыкIэ. Мис мы блэкIэ конгрессым ар япэ дыдэу игъэуващ. Лэжьыгъэм щыщ гуэрхэри тIэкIуи текIуэтащ, тIэкIуи зыгуэрхэр щIэуэ хахащ, сэри дзыхь къызагъэзыжыри иджыри зэ сыхахыжа хъуащи, ди пщэм дэлъыр а Iуставым блэжь хъуну къэнауэ сыт ди лъэпкъым нэхъ сэбэп хуэхъуну, дызэлэжьыпхъэу тхуэмылэжьауэ щыIэ, а къыдаудэкIхэмрэ, дэ езым здэдгъуэжхэмрэ зыпэтлъытэнурэ, мис мы гъэм имыух щIыкIэ зэ дызэхуэсынущ испольком. А исполкомым унафэ къэтщтэнущ гъэ къакIуэ дызэрыхьэм длэжьынури мы илъэсищым длэжьынури, мы исполкомыщIэ хахам, конгрессым хихам а илъэсищым, абы нэмыщIкIэ зы илъэсым пухыкIауэ длэжьынум теухуауэ мурад. Мис аращ япэ дыдэ ди лэжьыгъэр. 

Абы щхьэкIэ Тыркуми иджыпсту Каффед хахыжынущи абы сыкIуэу, абыхэми сечэнджэщыну си гугъэщ а ди къуэшхэм. Сыт къыхалъхьэну пIэрэ? Абы адыгэ куэд щызэхуэсыну дыщогугъ, Иорданиеми, Сириеми, нэгъуэщI щIыпIэ къикIыуи.  А Каффедыращ дэ нэхъ ди лъэпкъым щыщыу нэхъыбэ дыдэ щызэхэтыри. А Каффедым сыхуейщ си нэгур зэIухауэ сыкIуэу седаIуэну, къысхуащIынури, къыджаIэнури къыдаудэкIынури, сэ сыхуэхьэзырщ седаIуэну сыт хуэдэ псалъэ макъми. Ди лъэпкъым сэбэп къыхуэзышэнум седаIуэу абы щыщ къыхэтхыу зэгъусэу щыдлэжьыну. 


Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэхъыщхьэу иджыблагъэ хахыжа Сэхъурокъуэ Хьэути къыхегъэщ, иджы щIадзэжа лэжьыгъэ лъэхъэнэм къриубыдэу хэхэс Адыгэ щIалэгъуалэ еджакIуэ хэкум къакIуэхэмрэ щIэблэщIэ къыдэкIуэтеймрэ нэхъыбэрэ зыхэхьэну сыт илъэныкъуэкIи нэхъ здэлэжьэн хуейуэ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр, Налшык