Щоджэн Леонид. Сабий тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ.
Дэтхэнэ зы лъэпкъым и дежкIи щIэблэр узыншэу къэгъэхъун щхьэкIэ сабийхэм я гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы теухуауэ сабийхэм и тхакIуэ,
Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Щоджэн Леонид и гупщысэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом къепсэлъащ.
Щоджэн Леонид: Сэ пэщIэдзэ классым сыщеджэм щыгъуэ усэ тхын сытхэм сыдихьэхыу щытащ. Абы щыгъуэ адыгэбзэм фIы дыдэу драгъаджэу щытащ, пэщIэдзэ классхэр псори адыгэбзэкIэ еджэу щытащ.
Газетхэр адыгэбзэкIэ къыдэкIыу, IуэхущIапIэхэр адыгэбзэкIэ лажьэу апхуэдэу щытащ. Дыдрагъэхьэхауэ фIыуэ дагъэлъагъущ адыгэбзэри, абы сыдихьэхри сытхэу щIэздзащ.
Балигъхэм щхьэкIи стхащ ауэ мащIэщ. Сытегушхуэри апхуэдэу тхылъ зы I5 къыдэзгъэкIащ, тхылъ къыдэзгъэкIахэр къуажэхьыу 400 къыдэзгъэкIащ, къуажэхь 400-р иджы 2000 хъуауэ ари щхьэхуэу къыдэзгъэкIынущ. Усэ цIыкIу куэд къыдэзгъэкIащ. ИтIанэ цIыкIухэм щхьэкIэ уэрэд куэд стхащ. Уэрэд 200 хуэдиз стхауэ нотэхэр игъусэу мы гъэм къыдэзгъэкIыну яужь ситщ.
Хуитыныгъэ Радио: Адыгэ цIыхубэм сабийм хуэфащэ гулъытэ хуащIрэ, и мыхьэнэр къагурыIуэрэ?
Щоджэн Леонид: Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы иджыпсту ди зэманым апхуэдэ дыдэу сабийхэм гу лъытэ хуащIыу пхужымыIэн япэм хуэдэу.
Япэм я адэ-анэм бгъэдэст. Иджыпсту телевисионыри, интеретри къежьащ, итIанэ цIыхум я псэукIэри нэхъ зыгуэр сом къызэралэжьынум яужь ит хъури адэ- анэхэри сом къэлэжьыным яужь иту я сабийхэм дэлэжьэну ягъэсэну апхуэдэу зэман ямыIэу хъури, тIэкIу щIалэгъуалэм гулъытэ хуамыщIыурэ тIэкIу дэхуэха хуэдэурэ иджыри мэхъур ауэ, Алыхьым жиIэм ари зытеувэжынщ ауэ сэ схужыIэнукъым щIалэгъуалэр псори дэхуэхауэ щыту, щIалэ хъарзынэ къытщIохъуэхэр, щIэныгъэфI зэрагъэгъуэту, лъэпкъым хуэпэжу, дэ нэхърэ нэхъыфIыжыу лэжьэну тхэну къытхокIыри ари гуфIэгъуэм щыщщ.
Хуитыныгъэ Радио: Мы хэгъуэгум сабийхэм теухуауэ, тхылъ ятххэр ирикъун хуэдиз хъурэ?
Щоджэн Леонид: АдыгэбзэкIэ псори зэрыхуейм хуэдэу тэмэм дыдэу хъуащ схужыIэнукъым ауэ псалъэм папщIэ адыгэбзэкIэ зэреджэну тхылъхэр хъарзынэу къыдагъэкI ди республикэм.. Ауэ тхылъ къыдэгъэкIыным и Iуэхур гугъу хъуащ иджы. Къэралым къыдигъэкIыу щытащ псори, иджы дэ тхуэдэ тхакIуэхэм цIыкIухэм щхьэкIэ тхылъ къыдагъэкIынумэ гугъу хъуащ, гугъу щIэхъуар ахъшэм и Iуэхуращ. Абы тхылъ зыхуейм хуэдиз къыдагъэкIыу пхужыIэнукъым. Абыи Iэмал иIэщ, ущытхакIуэкIэ тхылъ щыптхакIэ зыгуэр къыбдэIэпыкъумэ е уи ахъшэ тIэкIумкIэ къыдэбгъэкIыж мэхъури ари хъарзынэщ. Уи ахъшэкIэ къыдэбгъэкIыжыну ухуитщ, япэм апхуэдэ хуитыныгъэ щыIэу щытакъым, ари зы лъэныкъуэкIэ фIыщи.
Сэ псалъэм папщIэ тхылъ иужьрей стхахэр сэ си ахъшэкIэ къыдызогъэкIыжыри цIыкIухэм ящэху, тыкуэнхэм тызолъхьэри ящэху.
Хуитыныгъэ Радио: Леонид, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ сабиймрэ я зэхущытыкIэр дауэ зэрыщытын хуейр?
Щоджэн Леонид: А щэнхабзэ жыхуэпIэр, макъамэр итIанэ абы сурэт щIын сытхэм сабийр щыцIыкIум де дегъэхьэхын хуейщ Iэмал имыIэу. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыкIухэр къэхутауэ псомикI а уэрэдхэр ящIэу, сурэтхэр ящIыфыу щытын хуейщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ тIэкIу дыдейхэр иджыпсту тэмэмдыдэу зыфIэувауэ пхужыIэнукъым.
А зи гугъу пщIы щэнхабзэр хьэлщэныр ар сабийм бгъэдэлъыу къуомыгъэхъуу щытымэ, и лъэпкъым и къупщхьэм къыдекIуэкI щэнхабзэр йомыгъащIэу щытымэ техьэулеикIынкIэ мэхъур, нэгъуэщI зыгуэрхэм дахьэхынкIэ мэхъур. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ а щэнхабзэр псоми и лъабжьэу щытын хуейщ, уи экеномиками, уи нэгъуэщIыми, ар нэхъыщхьэдыдэу щытын хуейщ щэнхабзэр, абдеж къыщыщIэдзэн хуейщ.
Адыгэм гъэсэныгъэшхуэ хабзэшхуэ яхэлъыу щытащ, ахэр псори егъэщIэн хуейщ, егъэджын хуейщ, тхыдэри егъэджын хуейщ. Ахэр ящIэмэ лъэбыдэкIэ ди щIэблэр щIым тетыу и лъэпкъыр, ищIэр ищIэжыу и къупщхьэр ищIэжыу, адрей лъэпкъхэм пщIэ хуищIыфыу дунейпсом къыщекIуэкI щэнхабзэри ищIэу езым и хабзэри ищIэжыу къэхъумэ лъэбыдэкIэ дунейм тетынущ жыжи плъэфынущ, и тхыдэри ищIэнущ, абы мыхьэнэшхуэ Iей иIэщ.
---
Леонид зэрыжиIэмкIэ сабий тхакIуэ хъуну зэчий зиIэ сабий куэди щIэблэм къыщIохъуэр.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр, Налшык