Мэзку япэ адыгэбзэ тхылъ къыщыдэкIащ


ИлъэсыщIэ тыгъэ тхылъ еджэ цIыкIухэмрэ абы я адэ-анэхэмрэ хуищIащ Урыс Аминэ: абы адыгэбзэкIэ усэхэр иту "Ажэжьым и жьакIэр" жыхуиIэ тхылъ цIыкIур къыдигъэкIащ. Урыс Аминэ Налшык къалэ щыщ анэ ныбжьыщIэщ, иджы Мэзку дэсу. 

Тхылъ къыдагъэкIар - ар тхакIуэ Джэрыджэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщым и етIуанэ тхылъщ, усэ гъэщIэгъуэн цIыкIухэр сабийхэм щхьэкIэ зэрыт. Сурэт усэхэм щхьэкIэ щIауэ тхылъым итхэр зыгъэзэщIар Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ щацIыху, сабийхэм папщIэкIэ таурыхъхэр къэзыгъэпсэу, Хьэлил Миланэщ. Сабий тхылъым техуауэ Хуитыныгъэ радоим Миланэ зыхуигъэзащ: 

- Аминэ сурэтхэр езыгъэщIын лъыхъуэт. Абы сэр щхьэкIэ зыгуэрым хъыбарыр жриIащ, дизайн IуэхукIэ щыIэщ жари, Iуэху къысхуищIри, сэ сурэтхэр сщIын щIэздзащ. Ар сабий тхылъ цIыкIущ, напэхэр Iуву, сурэтхэр ину иту. Усэхэр Джэрыджэ Арсен ейщ. Аминэ езым и нэгу сурэтхэр зэрыщIэт гуэр иIэти, абы къысхутепсэлъыхьащ, сэ зы усэ къыхэсхри, абы сурэт стиль зэмылIэужьыгъуэ хуэсщIащ, иужькIэ къыхихам теухуауэ адрей усэхэми хуэсщIыжащ. Мыпхуэдэ тхылъхэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Япэм апхуэдэ тхылъ гуэрхэр советскэ зэманхэм къыдагъэкIырт, ауэ ахэри къыдэкIыжкъым. Апхуэдэ сабий тхылъ адыгэбзэкIэ тхурикъукъым, эстетикэ хэлъу апхуэдэ тхылъ диIэкъым сабийхэм папщIэкIэ. А зы тхылъымкIэ Iуэхур къызэтемыувыIамэ хъунут, псори зыхуэкIуэжыр Iэмалщи, Iэмал ягъуэту, къыдэIэпыкъун ягъуэту я Iуэхум пащамэ арат. 

Проектыр зыщIынуи зыгъэзэщIэнуи къэкIар Мэзку дэс Урыс Аминэщ. Аминэ езым сабий цIыкIу иIэщ. И сабий цIыкIухэм адыгэбзэ иригъэщIэну и мураду, адыгэбзэкIэ а здэщыIэм куэдрэ зэрымыпсалъэм къыхэкIкIэ, адэ-анэр а Iуэхугъуэм Iууащ, адыгэбзэкIэ сабийхэр зэрыбгъэсэн Iэмал куэд зэрыщымыIэм. 

«Сабийхэм щхьэкIэ иджыпсту щыIэ тхылъхэр, таурыхъхэр, нэтынхэр, уэрэдхэр нэхъыбэр урысыбзэщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, сабий цIыкIу дыдэхэм 

папщIэкIэ апхуэдэхэм уримыхьэлIэххэу жыпIэ хъунущ. Аращи, апхуэдэ зыгуэр сабийхэм папщIэкIэ тщIыну мурад тщIащ», - жеIэж Аминэ. Тхылъыр зэрыщIа псор сабийхэм хуэгъэфэщащ. 

Проектым и къалэн нэхъыщхьэу щытыр цIыхухэм апхуэдэ тхылъхэм, нэтынхэм, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм дызэрыщыщIэм гу лъегъэтэнырщ. «Ди сабийхэм кIуэ пэтми адыгэбзэкIэ нэхъ мащIэрэ мэпсалъэ, уеблэмэ псалъэну хумеиххэу мэхъу. Ар, ущIэгупсысмэ, гуауэщ, шынагъуэщ. Аращи, адэ-анэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ сабийхэм я бзэр фIыуэ ебгъэлъэгъужыныр, апхуэдэ Iэмалхэр къэгъуэтын», - жеIэ Аминэ. 

«Ажэжьым и жьакIэр» тхылъ цIыкIур Налшык къалэ тхылъ щапIэ куэдым къыщыбгъуэтыфынущ. Iэмал къалэжь псори апхуэдэ сабий тхылъыщIэ къыдэгъэкIыным ягъэкIуэжынущ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан