Amnesty International: Сирием деж Урысей хьэуа удынхэм мамыр цIыху куэд яукI


Amnesty International-м Урысейр игъэкъуэншащ Сирием деж «пшэч мыхъун» дзэ щIэпхъэджагъэхэр зэрилэжьым щхьэкIэ. 

Пэжырытелъхьэхэм яIэ хъыбархэмкIэ, урысей дзэ кхъухьлъатэхэм иужьрей тхьэмахуэм нэгъуэщI Iуэху ямыIэу удынхэр ирахащ мамыр цIыхухэмрэ къегъэлакIуэхэмрэ.

Amnesty International-м и лIыкIуэ Хасан Тиранэ Sky News-м зэрыжриIамкIэ, удынхэр еджапIэхэм, сымаджэщхэм, псэупIэ унэхэм зэратехуэм щыхьэт техъуэхэр иIэщ а зэщIэхъееныгъэм.

Хасан и псалъэхэмкIэ, мамыр объектхэм удын ехыныр езыр зэрыщыту дзэ щIэпхъэджагъэщ, абы пэмыщIыжу  урысей лагъымыдзхэм трагъэзэжурэ етIуанэу хьэуа удынхэр ирах а псэуалъэ дыдэхэм. 

Абы ипкъ иту хокIуадэ гуманитар лэжьакIуэхэри, уIэгъэ хъуахэмрэ хэкIуэдахэмрэ унэ зэхэкъутахэм къыщIэзыхыжыну пылъ мамыр цIыхухэри.

Хуитыныгъэ Радио